Хабзэкъутэныгъэхэм гу лъатэу
«САБИЙХЭМ ГУ ЛЪЫФТЭ!» профилактикэ Iуэхугъуэм и къыхуеджэныгъэм щIэту, «Адыгэ Хьэблэ» МОВД-м и Къэралавтоинспекцэм и къулыкъущIэхэм гъуэгум тет, машинэ къезыхуэкI водителхэм зэпсэлъэныгъэ драгъэкIуэкIащ.

Къыхураджащ сабий куэду здызэхуэс щIыпIэхэм набдзэгубдзаплъэу щызекIуэну, лъэсырызекIуэхэм гъуэгур хуит хуащIыну, сабий къыщрашэкIкIэ, абыхэм тIысыпIэ щхьэхуэ ирагъэгъуэтыну е ирапхыхьыну. Водитель куэдым ПДД хабзэхэр зэрамыгъэзащIэм гу лъатащ икIи апхуэдэ хабзэкъутэныгъэхэр къагъэхъу зэрымыхъунур хуагъэбыдащ. Машинэ рулым бгъэдэтIысхьа водителым игу иригъэху хъунукъым къришэкIхэми, гъуэгум щызекIуэхэми я шынагъуэншагъэр езым къызэрелъытар. Псом хуэмыдэу, жэуаплыгъэ ин зыхьыр сабий къезышэкI водителращ. Гулъытэншэ пщIы хъу нукъым зи ныбжьыр балигъыпIэм имыувауэ гъуэгум къыщызыкIухь ныбжьыщIэхэри. Ахэри полицэм и къулыкъущIэхэм къыхураджащ лъэсырызекIуэхэм ягъэзэщIэн хуей хабзэхэр зыщамыгъэгъупщэну.
МЭРЕМЩАУЭ Рэшид,
«Адыгэ Хьэблэ» МОВД-м и Къэралавтоинспекцэ къудамэм и унафэщI, полицэм и майор
ГъащIэр хъумэным
ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа, «Внимание дети!» профилактикэ операцэр накъыгъэм и 30-м щегъэжьауэ мэкъуауэгъуэм и 6-м нэгъунэ Черкесск къалэ ОМВД-м и къулыкъущIэхэм ирагъэкIуэкIащ. И мыхьэнэ нэхъыщхьэр – гъуэгухэм къыщыхъу машинэ зэжьэхэуэныгъэхэм сабий хэмыхуэным хущIэкъунращ, апхуэдэхэр зылъэIэс нанухэм къалъысынкIэ хъуну фэбжьхэр гъэмэщIэнращ.

Мы Iуэхугъуэм ипкъ иту полицэм и къулыкъущIэхэм гулъытэ нэхъыщхьэ зрагъэгъуэтар сабий къызэрырашэкIым, лъэсырызекIуэу гъуэгум тет ныбжьыщIэхэм ПДД хабзэхэр зэрагъэзащIэращ. Тхьэмахуэм къриубыдэу цIыхухэр куэду здызэхуэс жылагъуэ щIыпIэхэм профилактическэ IуэхугъуиплI щрагъэкIуэкIащ. ЗэпсэлъэныгъэхэмкIэ къызэщIрагъэубыдащ сабий IыгъыпIэхэр, еджапIэхэм щылажьэ лагерхэм къекIуалIэхэр. Къэралавтоинспекцэм и къулыкъущIэхэм зи № 13 гимназием щыIэ «Светлячок» лагерым зыщызыгъэпсэху ныбжьыщIэхэр ящIыгъуу, водителхэм ПДД хабзэхэр текI имыIэу ягъэзэщIэн зэрыхуейм къы-хуезыджэ тхыгъэ кIэщI цIыкIухэр хуагуэшащ. Къэралавтоинспекцэм и къулыкъущIэхэм водителхэр къыхураджащ емыгупсысауэ машинэм имыкIуапIэкIэ ямыу нэтIыну, гулъытэ хуабжь зыхагъэлъыну, псом хуэмыдэу лъэсырызекIуэхэм папщIэ гъуэгухэм, апхуэдэуи, транспортыр зэрызекIуэ хуабжьагъым ирамыгъэхъуну. Водителхэм ягу ирагъэху хъунукъым гъуэгухэм къыщагъэхъу щыуагъэм, хабзэкъутэныгъэм къыпэкIуэнкIэ хъунур: абы цIыхум и гъащIэр, и узыншагъэр хилъхьэнкIэ хъунущ.
ГАЛУСТЯН Еленэ, Черкесск къалэ ОМВД-м гъуэгум и шынагъуэншагъэм къыхуеджэнымкIэ инспектор, полицэм и майор
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.