Тетам пэджэжу

2026 гъэм накъыгъэм (майм) и 21-м къыдэкIа «Черкес хэку» газетым и етIуанэ напэкIуэцIым тетащ ди редакцэм и журналист Лыхь Тимур и тхыгъэ, «ГъащIэ гъуэгум и зэхэкIыпIэ» фIэщыгъэцIэр иIэу. А тхыгъэм ипкъ иту журналистым адыгэ лъэпкъым и нэхъыжьыфI, КъЧР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, Хъумэрэ къуажэм и Iимам Дыгъужь Барисбий зэпсэлъэныгъэ дригъэкIуэкIащ.

Ар зытеухуауэ щытар Кавказ зауэм и лъэхъэнэм, абы иужь зэманхэм псэуахэм, къапщтэмэ, Барисбий и адэшхуэм и адэ Дыгъужь ХьэкIагу и гъащIэ гъуэгуанэращ. Апщыгъуэми, тхыгъэм къыщыхьат зи гъащIэр ахърэткIэ зыхъуэжа, Хъумэрэ къуажэм и тхыдэ Iыхьэшхуэ къызэщIэзыкъуэжа Темыр Хьэж-Мусэ и Iэдакъэ къыщIэкIа «Хумара и хумаринцы» тхылъым ит сурэтыр, XIX лIыщIыгъуэм псэуа сурэттех цIэрыIуэ Ермаков Дмитрий триха, «къэбэрдей лIыжьхэр» жэуэ зыщIэдза теплъэгъуэр. Тхыгъэр газетым къытехуа нэужь, зыхуэгъэзэныгъэ зыбжанэ къэкIуащ сурэтым ит цIыхухэр къызыхэкIа лъэпкъым ехьэлIауэ. Редакцэм гуэдзэ лэжьыгъэ щригъэкIуэкIащ «Каталог фотографических видов и типов Кавказа, Персии, Европейской и Азиатской Турции. Фотографии Д. И. Ермакова» (Тифлис, 1896 г.) къыдэкIыгъуэм. Абдеж зи №3467-кIэ къыщыгъэлъэгъуар а сурэт дыдэращ, Д. И. Ермаков Къарт-Джурт къуажэм щытрихауэ, «старики – карачаевцы» жэуэ, къэрэшей лъэпкъ унагъуэцIэхэри, я цIэхэри, я къулыкъуцIэхэри, здытраха щIыпIэри кIэщIэтхауэ. Мы дэфтэрым и оригиналыр щахъумэ Урысейм и Къэрал Библиотекэм (Российская Государственная Библиотека).

Мы щытыкIэхэр тегъэщIапIэу диIэкIэрэ, газетым и редакцэр щыхьэт дытохъуэ икIи дигу къеуэу къыхыдогъэщ сурэтыр къыщытеддзэм щыуагъэ зэрыдгъэкIуар. Тхыгъэм хэт сурэтым гу лъызыта ди щIэджыкIакIуэхэми, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэми фIыщIэ яхудощI, икIи тегъэчынауэ жыдоIэ редакцэр тхыдэ пэжым и телъхьэу зэрыщытыр, Къэрэшей-Черкесым щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэ щIэиным пщIэ зэрыхуэтщIыр. «Черкес хэку» газетым и редакцэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *