МылIэжыныпсэщ

Сидакъ СулътIан и лэжьыгъэм, нэхъ тэрэзу жыпIэмэ адыгэ лъэпкъым и гъуазджэм, хуищIа хэлъхьэныгъэ мыкIуэщIым къыщымынэу, абы Тхьэм къыбгъэдилъхьа зэчийм и бынхэмкIи мы дунейм дахащэу мылIэжыныпсэу щыпищащ. Апхуэдэу абы быниплI къыщIэхъуащ: хъыджэбзищрэ зы щIалэрэ. Зэуэ жытIэнщи, ахэр псори адэм и лъэужьым иримыкIуами, дэтхэнэри гъуазджэм и псэр хузэIухауэ мэпсэу.

Ауэ зи гъащIэр адэм хуэдэу макъамэ дунейм хуэзыгъэтIылъахэри яхэтщ. Апхуэдэщ псом нэхърэ нэхъыжь Будыщ Фатимэ — нобэкIэ Даур Аслъэн и цIэр зезыхьэ щэнхабзэмрэ гъуазджэхэмрэкIэ колледжым фортепианомкIэ егъэджакIуэу щолажьэ.

Ашыбокъуэ Асятщи, ар адэм и цIэр зезыхьэ гъуазджэхэмкIэ Хьэбэз район сабий еджапIэм пшынэм ныбжьыщIэхэр хуегъасэ, «Вагъуэбэ» ансамблыр и щхьэгъусэмрэ езымрэ къагъэщIауэ сабийхэм адыгэ макъамэжьхэм я псэр драгъэхьэх

Я гъащIэ лъагъуэхэм нэгъуэщI унэтIыныгъэ ягъуэтами, абыхэм я шыпхъу Iэминат скрипкэм йоуэ, я дэлъху Азэмэт къафэр и Iэпэгъуу къэтэджащ.

Ди псэлъэгъу Ашыбокъуэ Асят щысабийм фортепианом кIуэуэ щытащ. ИкIи и адэм сыт щыгъуи жиIэт, пхъур адэкIи а IэщIагъэм хуеджэмэ, зэрыфIэтэрэзыр. Ауэ зэи трикъузакъым хъыджэбз цIыкIум, сабийм езым гъащIэ лъагъуэ хуэхъунур къыхихыжын хуейуэ къилъытэти. Дауи, трикъузэнт: лэжапIэм апхуэдизу цIыху щабэу, гуапэу яхэтыр, унагъуэм зыгуэркIэ щыпхъашэнт.  

ИкIи зыкIи гъэщIэгъуэнкъым Сидакъым щхьэгъусэ хуэхъуа, Асят и анэ Туаршы Сарэ щэнхабзэм епхауэ зэрыщытари. Ар ансамблым хэту къафэт, балалайкэм еуэт…

Ася и гукъэкIыжхэм щриплъэжкIэ: адэр сыт щыгъуи къахуэгуапэщ, къадогушыIэ, и быным гъуазджэм епхауэ яIэ ехъулIэныгъэхэм хуабжьу ирогушухэ…

Апхуэдэ сабиигъуэ дахэр Асят дежкIэ зэпыудащ адэм узыжьыр къытегуплIэу унагъуэм яIэщIиха нэужь. Апщыгъуэм Асят курыт еджапIэр къиуха къудейт. Абы анэм зыщIэгъэкъуэн хуейуэ къилъытэри, лэжьыгъэ къигъуэтри, щIыпIэ зэхуэмыдэхэм щылэжьащ. Ауэрэ гъэхэри псыуэ ежэхащ.  

Ася и адэм илъ щIэтти, мы гъащIэм езым къыпэплъэ лъагъуэ зэрыримыкIуэр зыхищIэу къыщIэкIынт. КъинэмыщIауэ, анэри хуейт и щхьэгъусэр пхъум папщIэ зыщIэхъуэпса IэщIагъэр зригъэгъуэтыну. Апхуэдэу, Асят и ныбжьыр илъэс 28-м иту Черкесск къалэм дэт макъамэ колледжым щIыхьэну, пшынэм хуеджэну мурад ещI.

— Сыщысабийм фортепианом сыкIуати, апхуэдэу къызэмыхьэлъэкIыну къысщыхъут еджэныр. Ауэ балигъ ухъуауэ абы упэрыхьэныр гугъу дыдэщ. Ар нэхъри гугъу сщыхъут сызэрылажьэри къыхыхьэти. Нотэхэр зыми емыщхь тхэкIэщ, гъэпсыкIэщ, нэгъуэщIыбзэщ, – къыддогуашэ Асят.

Абы къыхегъэщ а пIалъэм адэр къащхьэщымытыжми, абы и жьауэм зэрыщIэтыр зыхищIэу зэрыщытар.

— ЕгъэджакIуэ куэд лажьэт апщыгъуэм ди адэр къацIыхуу щытауэ, арати абы и фэ къызаплът, абы пщIэ хуащIыр сэри къыслъэIэст – къыпещэ и гукъэкIыжхэм къыдэкIуэу ди псэлъэгъум.

Дауэ еджэныр гугъуу щымытами, Асят зы махуи хущIегъуэжакъым тегуэшхуэу и гъащIэр щIэрыщIэу зэриухуэжам папщIэ.

—Пэжыр жысIэнщи, колледжым сыщIыхэну мурад щысщIам, си адэм сепщIыхьауэ щытащ. Абы гуфIэжу си Iэр къиубыдри, сценэ дахэ дыдэм сыдришеящ, макъамэ дахэ гуэри къеуэт… Апщыгъуэм къызгурыIуащ си мурадым сызэрыхущIемыгъуэжынур, – жеIэ Асят.

Езыр пшынэм лъэрыхьу зэреуэм къинэмыщIауэ, сабий дапщэ Асятрэ и щхьэгъусэмрэ гъуазджэм лъапэ махуэкIэ хаша! ЖыIэпхъэщи, макъамэм хуиIэ щIэныгъэм къинэмыщIауэ, сабийхэми фIылъагъуныгъэ яхууиIэу щытыпхъэщ. Шэчыншэу, мы зэщхьэгъусэхэм я псэ къабзэр я гъэсэн цIыкIухэми зыхащIэ, зыхашэ.

Асят щогуфIыкI ипхъу Самирэ мы гъэм Мейкъуапэ колледжым зэрыщIыхьар, ар флейтэм зэрыхуеджэр. ЖыIэпхъэщи, пщащэр «Вагъуэбэ» гупми хэтащ и анэдэлъхум и ипхъу цIыкIу Амирэ щIыгъуу. Ар пшынэм йоуэ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, Сидакъ СулътIан и пхъурылъху-къуэрылъхухэми гъуазджэм епха и лъы Iыхьэр яхуэкIуащ…

Нобэ адэр псэужамэ, Асят упщIэ куэдымкIэ зыхуигъэзэнт, и чэнджэщхэм щIэупщIэнт. Ди зэпсэлъэныгъэм къыдэкIуэу абы къыхегъэщ: «ЩымыIэжми, псэкIэ зыхыдощIэ». 

ЖыIэпхъэщи, ди щхьэкIэ ди гуапэ дыдэщ Сидакъ СулътIан хуэдэ цIыху нэхум, зэчиифIэм и быныр и лъагъуэм тету зэрыкIуэр, и щIэиныр зэрамыгъэкIуэдыр. Тхьэм дэтхэнэри иригъэфIакIуэ!


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *