Кавказ зауэжьым и гуауэр къызылъыса адыгэхэм нэпсу щIагъэкIар зэхэлъэдамэ, дунейр щIигъэнэнт. Иджыр къыздэсым «ИстамбылакIуэ» гъыбзэр хэт зэхихми, зигу къызэфIэмынэ бгъуэтынкъым. ИгъащIэи и Iыхьлыхэр зымылъагъужыну бзылъхугъэм хьэдагъэу ихьащ. И гуауэ мыухыжыр къызыхэщщ мы гъыбзэжьым щIэлъ макъамэ гуузымрэ псалъэ нэщхъейхэмрэ. Дунейм адыгэу тетым зэхахащ ар икIи яцIыху. Кавказ зауэжьым и гуауэдэх гъыбзи нобэ хъужащ. Мы тхыгъэмкIэ фыщызгъэгъуэзэну сыхуейщ а гъыбзэм иIэ хъыбарым. Дэтхэнэ зы адыгэми ицIыхун хуейуэ къызолъытэ «ИстамбылакIуэ» гъыбзэжьым иIэ хъыбарымрэ ар зыуса бзылъхугъэмрэ.
Зауэжьым хэкIуэда цIыху хей мин бжыгъэхэмрэ Истамбыл гъуэгум гъэпцIагъэкIэ трагъэувэу текIуэда тхьэмыщкIэхэмрэ я фэеплъу нобэ дунейм щыпсэу дэтхэнэ зы адыгэми сыхуейт яцIыхуну мы гъыбзэжьыр Бабырэ зэрейр, Бабырэ и гъыбзэкIи зэреджэу зэрыщытар. Бабырэ си анэмкIэ си анэшхуэм и анэщ. Илъэс 16-м и ныбжьыр иту Абыкъу-хьэблэ (иджы Хъумэрэныжь къуажэкIэ йоджэ, Къэрэшей-Черкесым хохьэ) Беслъэней Къэрэхъу къишащ. Къэрэхъу япэ щхьэгъусэу иIам бынибл иIэу дунейм щехыжым, абы и анэ шыпхъум и пхъур щхьэгъусэу къратыжащ.
Япэрей и щхьэгъусам Къэрэхъу хуиIэт къуитхурэ пхъуитIрэ. ЗэрыжаIэжымкIэ, Къэрэхъу и къуэ нэхъыжьыр Бабырэ и ныбжьт. ИкIи абы щхьэкIэ и адэм хуэарэзытэкъым, Бабыри фIыуэ илъагъутэкъым. Мыбдеж къислъхьа сурэтым итщ а щIалэр Бабырэ бгъэдэсу. Бабыри иужькIэ бынибл игъуэтыжащ: къуищрэ пхъуиплIрэ. Бабырэ Биберт къуажэм щыщт, Къардэнхэ япхъут (иджы Елбыргъэн къуажэкIэ йоджэ, Къэрэшей-Черкесым хохьэ).


1905 гъэм Бабырэ и унагъуэр — и адэ-анэр, и шыпхъуитIымрэ и дэлъху закъуэмрэ хэкум йокIыж. И шыпхъухэмрэ и дэлъхумрэ ямышакъэзымышат. Бабырэ закъуэт унагъуэ исри, и адэм ари здишэну хуейуэ Абыкъу-хьэблэжь къокIуэ. Гъэмахуэ мазэт, мэкъуауэгъуэт. Псори мэкъум щыIэт. Апхуэдэуи, лIыжьыр бгым докI, мэкъупIэм и малъхъэр къыщегъуэтри жреIэ и пхъур хэкум здыришыну зэрыхуейр. И малъхъэм идэкъым: «Сэ си къуэшхэр къэзгъанэу хэкум сикIыжынукъым», — жреIэ.
Тхьэм ирещIи, ар зэгупсысар и бын пщыкIутIрагъэнт. А лъэхъэнэм Бабырэ бынитху иIэххэт, япэрей и щхьэгъусэм ейуи бынибл иIэт. А къомым гугъу емыхьу Истамбыл гъуэгур зэпачми, Тыркум и къум нэщIыжьым илIыхьыжынт шхын хуэлIэу. Сэ сыхуэарэзыщ си адэшхуэж Къэрэхъу хэкум зэримыкIыжамкIэ. Тхьэм ахърэтым и фIыпIэр кърит. Гъыбзэм хэтщ мы псалъэхэр: Уоор, си адэжь пщIантIэм Шыгур щызэщIащIэр, Ди деж зэрыбыну Сэ къыскIэрыщIауэ, уоой, Истамбылым дашэ мыгъуэри, уоой.
Мы псалъэхэм къаIуатэр аращ – зэрыбыну Бабырэ кIэрыщIауэ, къызэрагъанэм игъэнэщхъейуэ, игъащIэкIи зэрызэрымылъагъужынур къагурыIуэу, хьэдагъэ ящIу зэрызэбгъэдэкIхэращ. Быныр зэрыщыту хэкум икIыжт япхъу закъуэр къагъэнауэ. Бабырэ и дежкIэ ар гуауэ дыдэт, гуIэуи мы гъыбзэр иусат.
Зэман гуэр дэкIауэ, Беслъэнейхэ я Iыхьлы гуэрхэр Тыркум къикIыу хьэщIапIэ къэкIуауэ, Бабырэ и унагъуэм и хъыбар къыхуахьащ. Тыркум зэрынэсхэу Бабырэ и дэлъху закъуэ Мырзэбэч уз къоуалIэри дунейм йохыж, и шыпхъуитIри тырку пащэхэм яшэ. И анэ-адэр Щамым мэкIуэж. КъэкIуа хьэщIэхэм хъыбар яхуригъэхьыжащ и Iыхьлыхэм: «ПщыхьэщхьэкIэ мазэр къыщIэкIмэ феплъ, мазэмкIэ дызэпсэлъэнщ», — жиIэри.
Си анэшхуэм куэдрэ жиIэжу зэхэсхащ: «Бабырэ пщыхьэщхьэ хъууэ мазэр къыщIэкIмэ, пщIантIэкум къыдэтIысхьэти, тасышхуэм джэш ириукIэпщIу гъыуэ щыст, и гъыбзэри жиIэу, дэри, сабий къомыр, абы дыкъепщIэкIауэ дыпыхьэу дызэхэст». Бабырэ нэхъыбэу игъейр фIыуэ илъагъу и дэлъху закъуэ Мырзэбэчт. Абы и къэшэным пIалъэ къыIихауэ къуажэм къыдинэри, хэкум икIыжат.
Гъыбзэм къыхощ а псалъэхэр: Истамбыл гъуэгужь мыгъуэр Уоор, уи нашэкъаши, Уи къэшэну дахэри Сэ къысхуэбгъэнаи Уэр, си Мырзэбэч мыгъуэ… — жиIэти, и нэпсхэр къелъэлъэхыу гъыт Бабырэ. Си анэшхуэм сеупщIащ: «Апхуэдизу яхуэмейуэ щхьэ икIыжат хэкум? — жысIэри.
Жэуапу къызитар мыращ: «ЛIыжь угъурсызым Тыркум и мывэхэри дыщэщ жиIэт. Муслъымэн къэралщ жиIэти, и нэр къыхуикIт». Аращ Бабырэ и гъыбзэм и хъыбарыр. Гъыбзэр си анэшхуэм щыжиIэкIэ, мы псалъэхэмкIэ къыщIидзэт: Кхъухьым и бэракъыр Жьыбгъэм зэрехьэ, Iэзэлыхьу лъагэм Тхьэм дызэхуихьыжкIэ. Иджырей жыIэкIэм хэтыр «адыгэ бэракъыр жьыбгъэм зэрехьэ» жиIэущ, ауэ а лъэхъэнэм хэтыт зи Iуэхур адыгэ бэракъыр, псоми я щхьэ я лажьэт, зауэжьым къела тIэкIум зыкъащIэж къудейт.
КъыкIэлъыкIуэ сатыритIри иджырей «ИстамбылакIуэ» гъыбзэжьым хэтыххэкъым. Совет лъэхъэнэм Алыхьым и цIэр къыхэбгъэщ хъутэкъым, ядэтэкъым. Ар и щхьэусыгъуэуи мы сатырхэр зэрахъуэкIащ уэрэджыIакIуэхэм. Си тхыгъэм еджэ дэтхэнэми упщIэ къыхуэуву къыщIэкIынщ, щхьэ иджырэ къэс хэIущIыIу фымыщIарэ мы хъыбарыр жыфIэу? ИкIи фызахуэщ. Абы и жэуапыр мыращ: сэ сызэрыцIыкIурэ си анэшхуэм сыбгъэдэсащ. Куэдри зэхэсхащ мы гъыбзэр жиIэу. ЗгъэщIагъуэу сеупщIт уэрэдыр зеймкIэ, зытепсэлъыхьымкIэ, езы гъыбзэри сигу ирихьти, селъэIут къытригъэзэжурэ жиIэну. Си анэшхуэр абы зэреджэр «Бабырэ и гъыбзэт».
Нэхъ балигъ сыщыхъум зэхэсхащ ди адыгэ радиом къиту. УэрэджыIэхэм щыжаIэкIэ, хэлъ псалъэхэр зэрызэтемыхуэм гу лъыстащ, ущедэIукIэ зытепсэлъыхьыр мыгурыIуэгъуэт. Ар сигу къеуэт хуабжьу. Сылъыхъуэу щIэздзащ мы гъыбзэр зытхыжам, япэу щыжаIам, жызыIахэм. Япэ дыдэ 1966 гъэм Хьэбэз къуажэ дэса Даур Р. пшыналъэу игъэIуу пластинкэм тету Москва къыщыдэкIащ. Абы иужькIэ Даур Аслъэн оранжировкэ хуищIри Гъуэщокъуэ Хъусин игъэзэщIащ. Ауэ зыщIыпIи щызгъуэтакъым мы гъыбзэр зытхыжар е щатхыжа илъэсыр.
КъызэрыщIэкIамкIэ, иджыр къыздэсым мы гъыбзэр цIыхубэ уэрэдущ псоми зэрацIыхуар. Ди къуажэм хъыбарыжьхэмрэ уэрэдыжьхэмрэ къызэщIакъуэжу IуэрыIуатэдж дэтамэ, дауи, ятхыжынт мы гъыбзэр. Ауэ апхуэдэхэр къытхуэ кIуагъэнтэкъым. Апхуэдэу щIыжысIэм зы щхьэусыгъуи иIэщ. Беслъэнейхэ уэркът. Мылъкуи псэукIи яIэт, а лъэхъэнэм хуэфэщэжу. Сэ жаIэжу зэхэсхащ Бытырбыху къикIауэ этнографическэ экспедицэ Кавказым къызэрыкIуауэ щытар, ди къуажэми къызэрыдыхьар. Абыхэм зэхуахьэст Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я щыIэкIэпсэукIэр къэзыгъэлъагъуэ хьэпшыпхэр, сурэтхэр трахт.
Апхуэдэу къуажэм къыдыхьэти, къуажэ старшинэм жраIэт къыщIэкIуари зыхуейхэри. Ахэр хуейт зэтегъэпсыхьауэ унэ, пщIантIэ зиIэ унагъуэхэм. Апхуэдэу къуажэ старшинэм яригъэлъэгъуащ Беслъэней Къэрэхъу и унэр. Нобэ щыфлъагъунущ Москва дэт этнографическэ музейм щIэлъу Къэрэхъу и унэмрэ и пщIантIэмрэ траха сурэтыр. Си анэшхуэм къызжиIэжауэ иджыри зы хъыбар щыIэщ. Бабырэ ипхъухэм я нэхъыжь дыдэ Шырэ къызэрымыкIуэу хъыджэбз дахэти, уеблэмэ къуажэм къыдыхьа сурэтыщI гуэрым и сурэтыр ищIауэ жиIэжт.
Мыхэр къуажэм къыщыдыхьар урыс пащтыхьыр щытета лъэхъэнэращ. Сыхуейт нобэрей ди уэрэджыIэхэм хъыбарым къызэрыхэщым хуэдэу ягъэзэщIэну, Бабырэ зэриусар псоми яцIыхуну, а гъыбзэр къызытекIа хъыбарри зэхахыну. Сэ къызэрысщыхъумкIэ, мы «ИстамбылакIуэ» гъыбзэжьыр зытхыжари уэрэджыIэхэм язытари Тобыл Талустэнщ. Бабырэрэ Талустэнрэ зэдэлъху-зэшыпхъум я бынт. Бабырэ и анэмрэ Талустэн и адэмрэ зэшзэшыпхъухэт. Тобыл Талустэн псоми ящIэ, ар бзэ щIэныгъэлIт, адыгэбзэкIи абазэбзэкIи япэ дыдэ грамматикэ зэхэзылъхьахэм яхэтащ. Си анэшхуэм игу къигъэкIыжт, Тебэрды кIуауэ къыщыкIуэжкIэ Бабырэ илъагъуну и деж къыдыхьэу зэрыщытар.
Талустэн и биографием интернетым абы теухуауэ ущоджэ мыпхуэдэу – «1915 гъэм егъэджакIуэхэм я конференц Тебэрды щекIуэкIам хэтащ Талустэн» жиIэу. 1937 гъэм екIуэкIа зэхэзехуэныгъэхэм хэхуащ, икIи пцIы къытралъхьэри ягъэтIысауэ щытащ. Илъэс бжыгъэкIэ хьэпсащ, къыщIэкIыжри гъащIэфIи къигъэщIэжащ, икIи ягъэзэхуэжащ. Талустэн мы гъыбзэжьыр уэрэдыжьхэр зэхуэзыхьэсыжхэм яритащ, ауэ и цIэр зыщIыпIи къыхигъэщакъым, шынэри.
Тыркум икIыжа Iыхьлы уиIэщ жаIэнщи, иджыри зыгуэр къыспалъхьэнщ, жиIэу игу къэкIагъэнщ. Ди уэрэдыжьхэмрэ хъыбарыжьхэмрэ тщIэн хуейщ. Зи блэкIар зыщIэж лъэпкъыр узыншэнущ, къэкIуэни иIэнущи, дэтхэнэ зыми зыфхузогъазэ — ди блэкIар тхъумэу, пщIэ хуэтщIу дывгъэпсэу. Си тхыгъэм хэзгъэува сурэтхэр Бабырэ и къуэрылъхухэмрэ пхъурылъхухэмрэ яхъума гъэтIылъыгъэхэщ.
ГЪУКIЭМЫХЪУ Мадинэ, Хъумэрэ къуажэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.