Мусэлы хуэдэхэр зырызыххэщ

Псэужамэ, щэкIуэгъуэм (ноябрым) и 20-м и ныбжьыр илъэс 80 ирикъунут Къэрэшей-Черкесымрэ Адыгэ Республикэмрэ щIыхь зиIэ я журналист, «Россия 1» федеральнэ каналым КъЧР-м щиIэ IуэхущIапIэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ, илъэс тIощIым нэблагъэкIэ телевиденэм и адыгэ къудамэм и унафэщIу, лъэпкъ журналистикэм и шу пашэу щыта ЩАКIУЭ Мусэлы Мэрдас и къуэр.

Ди лэжьэгъу нэхъыжьыфIым радиомрэ телевиденэмрэ щылэжьэху хузэфIэкIам теухуауэ хужаIари хуатхари гъунэжщ. АтIэ, зыхуэфащэм псалъэ гуапэу дапщэ хуумыгъазэми, напэкIуэцI псокIэ, тхылъышхуэкIэ и гъащIэр къэбгъэлъэгъуэну ухуежьэми, птхыр ирикъунукъым:

«Сыт иджыри къэзгъэна къыхэзмыгъэщу?», жыпIэнущ нэхъ. Куэдрэкъым, ауэ сэ Мусэлы сыдэлэжьэну, Iуэху дэсщIэну си насып къихьащ, 2018 гъэм и гъатхэгъэмахуэ пIалъэм къриубыдэу. Журналистикэм сыхыхьа хъуащ абы зыри хэзмыщIыкIыу, и щэхухэр къэсхутэн, нэтынхэр къызэрагъуэтым, зэрытрахым, зэрагъэхьэзырым сэр-сэру зыхуезгъэсэжын хуейуэ. «Сэр-сэру» щIыжыс Iэр, сэ къысфIэщIат сызыдэлэжьэнухэм дэIэпыкъуныгъэкIэ сащыгугъыныр щхьэгъэпцIэжу, ахэр cэрыншэуи IуэхукIэ щIэгъэнауэ, «мыр къызжефIэ, мор сывгъэлъагъу» яжесIэу сажэлIэныр, мытэрэзу. АрщхьэкIэ ЩакIуэ Мусэлы адыгэ редакцэм си лъэ щыщIэсча махуэм щегъэжьауэ къыспыкъуэкIащ гуапэу, къысхуэуващ унэтIакIуэу, гъэсакIуэ щыпкъэу. Сэри, абы и псэлъэкIэ гъэхуам, адыгагъэу хэлъымрэ и лэжьыгъэм жэуаплыгъэ пылъу зэрыбгъэдыхьэмрэ сигу ирихьыпати, япэхуным ар зэры-ЩакIуэ Мусэлы къудейм, лъэпкъ Iуэхум зэрыщыцIэрыIуэм си щхьэмрэ си макъымрэ къызимыгъэIэту щытамэ, нэхъыжьыфI хуэдэ къысхуэсакъыу, къызэущиеу зэрыщIидзам си гур игъэинащ, ди бзэм селIалIэ закъуэмэ, куэд зэрысхузэфIэкIынури си фIэщ ищIащ. Иужьми, телевиденэм сыкърашу «Черкес хэку» газетым сыкъыщрагъэблэгъам, ди зэпыщIэныгъэр дгъэкIуэдакъым. Абырэ сэрэ дызыщыпсэу унэхэр зэпэжыжьэтэкъыми, пщэдджыжьым лэжьапIэ дыщыкIуэкIэ къэувыIэпIэм дыщызэхуэзамэ, къалэкум зэгъусэу дыкъехт, пщыхьэщхьэкIи апхуэдэ къабзэт. Зэзэмызэ дыдэт ар унэм екIуэлIэжа нэужь, щIыбым сыщIэкIауэ, къикIухьу щызмылъагъур. ФIэфIт лъэсу зекIуэныр икIи абы зэманыфI тригъэкIуадэт. Дызэхуэзамэ, адыгэ дунейм къыщыхъуауэ зэхихам сызэреплъымкIэ, и гупсысэхэр къызэрысщыхъумкIэ къызэупщIт — ирехъу ар щэнхабзэм, литературэм, спортым, политикэм, къуажэ гъащIэм теухуауэ. Езым нэхърэ куэдкIэ нэхъыщIэм зи гугъу ищI Iуэхур къызэрыгурыIуэр щыгъуэзэну фIэгъэщIэгъуэну арагъэнт. АпхуэдизымкIэ Мусэлы пщIэшхуэ зыхузигъэщIати, адыгэм ехьэлIауэ чэнджэщ сыщыхуэныкъуапэм деж ар япэу зи телефон номер къиздзэхэм ящыщт.

ЗэхэгъэкIауэ, зэрыщытын хуейм хуэдэу сызыхуейри, сщIэн хуейри къызжиIэт. Псы ежэхым мывэу хэлъыр уэрым ирихьэхыурэ, зы Iуфэм Iуихмэ, адрейм Iуихьэурэ елъэс, ехъуэри, пшахъуэу мэщэщэж зэгуэр. Мис абы ещхьу Мусэлы хуэдэ лIы нэсхэр, гъуазэ хъууэ адыгэ анэхэм къыдатахэр гъащIэм и уэрым щытIэщIихкIэ, тхьэмыщкIафэ, ибафэ къыттоуэ. Ауэ, цIыхуцIэ зиIэм къигъэщIэну къылъыс напIэзыпIэм блэкIын и хабзэми, лъэпкъым къару къыщIэзыгъэлъэдэж нэрыбгэхэр къоунэху, нобэмрэ пщэдеймрэ нэгъуэщIынэкIэ еплъу, фIым дызэрыхуашэфын щIэныгъэрэ хэлъэтрэ яIэу. Мусэлы и ужьыр махуэ тхуэхъуну, и фэеплъыр мыкIуэдыжыну Тхьэм жиIэ! Сыхуейт спортсмен, журналист ЩакIуэм теухуауэ и ныбжьэгъухэмрэ и лэжьэгъухэмрэ гукъэкIыж нэхухэмкIэ ягъэзэжыху сызыщагъэгъуэзамкIэ сывдэгуэшэну, ди лъэпкъэгъум и фэеплъыр дгъэщыпкъэну.

ЛЫХЬ Тимур


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *