Къэрэшей-Чекесым и медицинэ колледжым и илъэс 90-р хэIэтыкIауэ хэгъуэгум щагъэлъэпIащ. Колледжым и лэжьакIуэхэм, и егъэджакIуэ-ветеранхэм яхъуэхъуну къахуеблэгъащ КъЧР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид, КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и депутатхэр, республикэм и Правительствэм хэтхэр, медицинэ IуэхущIапIэхэм я егъэджакIуэхэмрэ студентхэмрэ.
ГуфIэгъуэ зэхыхьэр яублащ колледжым къикIуа гъуэгуанэм теухуа нэтынымкIэ. АтIэ, 1936 гъэм фокIадэм и 1-м Черкесск къалэм къыщызэIуахауэ щытащ медицинэ IэщIагъэрылажьэхэр здагъэхьэзыр еджапIэр, нэрыбгэ 22-рэ щеджэу. 1939 гъэм ар фельдшер-акушер еджапIэ ящIыжауэ щытащ. Хэку зауэшхуэр къыщIидзэхункIэ абы IэщIагъэрылажьэ 300-м щIигъу щагъэхьэзыращ. Илъэс къэс мы еджапIэм и студентхэм я бжыгъэр хэхъуэурэ къогъуэгурыкIуэ, нобэкIэ ныбжьыщIэ 1640-рэ щоджэ. МахуэщIыр зейхэм хъуэхъукIэ захуигъэзащ КъЧР-м и Iэтащхьэм. Абы къыхигъэщащ мы еджапIэр медицинэ IэщIагъэрылажьэ нэхъусахэр къыздыщIагъэкI IуэхущIапIэу сыт щыгъуэ зэманми зэрыщытыр.
— Илъэс 90-м къриубыдэу мы еджапIэм IэщIагъэрылажьэ миным щIигъу игъэхьэзырагъыххэщ. Абы къыщIегъэкI медсестрахэр, фельдшерхэр, акушерхэр, фармацевтхэр, дзэм елэжь техникхэр. Абыхэм я лэжьыгъэр щIыхь пылъу щагъэзащIэ хэгъуэгум и сымаджэщхэм, поликлиникэхэм, фельдшер-акушер хэщIапIэхэм, уеблэмэ, республикэм къыщымынэу, нэгъуэщI щIыпIэ жыжьэхэми ди IэщIагъэлIхэр щолажьэ. Урысейм и Президент Путин Владимир сыт щыгъуи къыхегъэщ къэралым медицинэм и лэжьакIуэхэм я нэхъыбапIэр цIыхугъэ, гущIэгъу зэрахэлъымкIэ къазэрыхэщыр. Республикэм и медицинэ IуэхущIапIэхэм дяпэкIэ щылэжьэну фэ фщыщ дэтхэнэми а псалъэхэр нэсу яхьэлIауэ жыпIэ хъунущ. Колледжым и тхыдэм иджыри къыхрехьэ напэкIуэцI гъэщIэгъуэнхэр, ныбжьыщIэ зэчиифIэхэмкIэ, мурад зиIэхэмкIэ ар гъэнщIа ирехъу, — жиIащ хэгъуэгум и лIыщхьэм.
КъЧР-м и Iэтащхьэм и ФIыщIэ тхылъыр абы хуигъэфэщащ медицинэ колледжым и унафэщI Эртуев Рэшид. КъинэмыщIауэ, еджапIэм и лэжьакIуэ щхьэхуэхэр нагъыщэхэмкIэ къыхигъэщащ. КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и тхьэмадэ Иванов Александррэ депутатхэмрэ къабгъэдэкIыу колледжым и лэжьакIуэхэм яхъуэхъуащ республикэм и ЦIыхубэ ЗэIущIэм и тхьэмадэм и япэ къуэдзэ Чеккуев Хъызыр. Абы фIыщIэ щхьэхуэ яхуищIащ республикэм и медицинэ зэгухьэныгъэр къэгъэщIыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа, егъэджэныгъэ гуащIэдэкIым и ветеранхэмрэ ноби а Iуэхум пэрытхэмрэ. ЕджакIуэхэм щIэныгъэ нэс, къэзыухагъэхэхэм лэжьапIэфI ягъуэтыну яхъуэхъуащ. КъЧР-м и Правительствэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Суюнов Джанибек къыщыпсалъэм къыхигъэщащ IэщIагъэ зэхэщIыкI лъагэ зиIэ лэжьакIуэхэр зэрагъэхьэзырыфым и фIыщIэкIэ республикэм и медицинэ IуэхущIапIэхэр кадрхэмкIэ зэрагъэнщIыфыр.
ЕджапIэм и лэжьакIуэ зэхуэмыдэхэм я лэжьыгъэм хуаIэ бгъэдыхьэкIэм, егугъуныгъэм, псэемыблэжыныгъэм папщIэ, Парламентымрэ Правительствэмрэ къабгъэдэкIа ФIыщIэ, ЩIыхь тхылъхэр хуагъэфэщащ. А махуэм щхьэхуэу я цIэр къраIуащ колледжыр къэзыухауэ, зыхуеджа IэщIагъэмкIэ СВО-м къулыкъу щезыхьэкI ныбжьыщIэхэм. Фочауэ макъым щIэту, уIэгъэ хъуа ди зауэлIхэр псэууэ къэнэнымкIэ, узыншэу я унагъуэ къагъэзэжынымкIэ абыхэм ялъэкI къагъанэкъым. СВО-м хэкIуэда, колледжым щеджа, медицинэ взводым и командиру щыта Шакманов Таулан и фэеплъу залым щIэсар дакъикъэкIэ щымащ. Хэгъуэгум и Министерствэхэм, ВУЗхэм, IуэхущIапIэ-лэжьэгъухэм къабгъэдэкIыу а махуэм хъуэхъухэр куэдащ. Ику ит IэщIагъэ егъэджэныгъэм и бэзым хуагъэув къалэнхэр мы IуэхущIапIэм нэсу зэригъэзэщIэфыр къыхагъэщащ, дяпэкIэ нэхъри ефIэкIуэну хъуэхъуащ. Колледжым и махуэщIыр ягъэдэхащ республикэм и уэрэджыIэхэм.
БОРЭНЫКЪУЭ Мадинэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.