ЕфIакIуэ, берычэт хьэблэ!

Куэш-Хьэблэр къуажэу дунейпсо картэм къызэрыщыунэхурэ мы гъэм илъэси 100 зэрырикъуар гъэлъэпIэным ещIылIауэ ди республикэм къыщаIэта махуэщIыр зылъэгъуахэм, шэч хэмылъу, ар ягу къинэжынущ къуэшыгъэкIэ, ныбжьэгъугъэкIэ, благъагъэкIэ, цIыхугъэрэ адыгагъэрэкIэ узэзыпх къэхъугъэу щытауэ!

ЛIыщIыгъуэ ныбжь къызэпызыча мы адыгэ къуажэ берычэтым дэсхэр бжьыхьэр къыщысынум темыпыIэжу ежьэт. Ахэр хуейт хэгъуэгу мыхьэнэ зиIэ гуфIэгъуэ Iуэхугъуэхэр ирагъэкIуэкIыну икIи, дэ къызэрытщыхъумкIэ, я мураду хъуар зрагъэхъулIащ къыкIэлъыплъхэм зы гукъани къыхуамыщIу, я Iуэху ублэкIэмкIэ щапхъэфI яхуэхъуу. Куэшхьэблэдэсхэр я юбилей дахэр щагъэлъэпIэну махуэм — щэкIуэгъуэм и 14-м пежьащ хэIэтыкIауэ, екIуу, жыпIэнурамэ, абыхэм ягъэхьэзыра дауэдапщэхэмкIэ щIыпIэ зэхуэмыдэхэм къикIа ди лъэпкъэгъухэмрэ хьэщIэ лъапIэхэмрэ нэрылъагъу хуащIащ адыгэм и щэнхабзэ бейр, и тхыдэ иныр зыхъума, цIыху щыпкъэ куэд зыпIа къуажэдэсхэм я щылъхухэм я хьэщIэгъэфIэкIэр, я шыфэлIыфэр зыхуэдэр.

МахуэщIыр пщэдджыжьым жьыуэ ягъэлъэпIэн ирагъэжьащ Амирокъуэ Ибрэхьим и цIэр зезыхьэ гимназием и пщIантIэм дэт, Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъ мывэм и лъабжьэм удз гъэгъахэр щыгъэтIылъынымкIэ. А Iуэхум хэтащ КъЧР-м и Правительствэм и тхьэмадэ Аргун Мурат, УФ-м и Федеральнэ ЗэIущIэм ФедерацэмкIэ и Советым КъЧР-м къыбгъэдэкIыу хэт сенатор Къэзэнокъуэ Кърым, КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) промышленностымкIэ, транспортымкIэ, ухуэныгъэмрэ энергетикэмрэкIэ и комитетым и тхьэмадэ Щынахъуэ Кърым, КъЧР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Арчэл Динэ, Хьэбэз район сымаджэщым и дохутыр нэхъыщхьэ Мэкъуауэ Iэмин, Хьэбэз районым и Iэтащхьэм и къуэдзэхэу Унэжь Олег, Унэж Рэмэзан, Куэш-Хьэблэ къуажэм и Iэтащхьэ Къантемыр Алибек, гимназием и унафэщI Сэкий Уэзир, СВО-м хэт Аргун Ченгиз, къуажэдэс нэхъыжьыфIхэу Борэныкъуэ Олегрэ Мэрчан Угъурлырэ. — Дяпэ ита нэхъыжьыфIхэм ди къуажэр фIым хуагъаплъэу, хуаунэтIу, ирагъэфIакIуэу щыщыта зэманым лэжьыгъэу къекIуэкIам и курыкупсэм сэри сыхэтащ. Илъэс плIыщIрэ тхурэкIэ пщэфIапIэм сызэрыщIэтам къыдэкIуэу, губгъуэм гугъу зыщезыгъэхьа лIыфI-фызыфIхэми сакъыдэгъуэгурыкIуащ.

Сэ сроин икIи срогушхуэ Куэш-Хьэблэм и гъащIэр ипэкIэ гъэкIуэтэным хуэпабгъэу псэуахэм, зэман зэхуэмыдэхэм хьэщIэу къытхуеблэгъахэм куэд ядэслъагъун, ядэзгъэкIуэтэн зэрыслъэкIам. ЖысIэнуи сыхуейщ — мы дунейм щыIэкIэ зэгъыу цIыхум иIэр зэкъуэтыныгъэм епхауэ щыщыткIэ, фIыуэ слъагъу си къуажэдэсхэр Тхьэшхуэм щимыгъащIэкIэ узыншагъэ быдэ, гукъыдэж ин, Iыхьлыгъэ-благъагъэ кIыхь! — къыддэгуэшащ Мэрчан Угъурлы удз гъэгъар фэеплъ мывэм трилъхьа нэужь. АдэкIэ гупым иунэтIащ щэнхабзэмкIэ Унэм и пащхьэм щекIуэкI Iуэхугъуэхэм хэплъэну. Абдеж цIыхур Iуву къыщызэхуэсат ди республикэм и къэрал унафэщI къулыкъухэм я лIыкIуэхэм жыгыщIэ цIыкIухэр щагъэтIысынум ежьэу. ЖытIэнщи, аллее папщIэу клубым ибгъумкIэ къагъэнауэ щыта щIы IыхьэфIым иджы къыщыкIынущ жыг зэмылIэужьыгъуэу 100, псей лъэпкъхэри хэту.

Жыг хадэщIэм зыхуей ирагъэгъуэта нэужь, абы и ихьэпIэ дыдэм деж щыщIалъхьащ «Послание потомкам. Капсула времени заложена 14 ноября 2026 года. Вскрыть в 2076 году, в год 150-летия аула Кош-Хабль» жэуэ зытедза тхыгъэр зэрылъ кумбыгъэр. ЩIыхьышхуэ зыпылъ а Iуэхугъуэр ягъэзэщIэну я пщэ иралъхьащ куэшхьэблэдэс нэхъыжьыфI ПIапIшу Хъусенрэ япэ классым кIуэ, зи адэр СВО-м хэкIуэда ПщыхьэщIэ Эмиррэ. Иджырей къуажэдэсхэм къабгъэдэкIыу къэкIуэну щIэблэхэм хуатха зыхуэгъэзэныгъэм мыпхуэдэ сатырхэр итщ: «Куэш-Хьэблэр лъэпкъ куэду зэхэт КъэрэшейЧеркес Республикэм щыщщ. Мамырыгъэр, зэгъунэгъуфӏыгъэр, пщӏэзэхуэщӏыныгъэр фхъумэ. Урысейр ди зэхуэдэ унэщ, мыбдеж дэтхэнэми и щэнхабзэмрэ и щӏыхьымрэ япэ иригъэщу зэрыпсэум и фӏыгъэкӏэ лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэр нэхъ быдэ щохъу. Нобэ мы кумбыгъэр идогъэгъэтӏылъ илъэс щэныкъуэ дэкӏмэ, ар къызэӏузыхыну къызыпэщылъ щӏалэ цӏыкӏум.

Апхуэдэу, нэхъыжьхэм я ӏущыгъэр нэхъыщӏэхэм уэсяту, блэкӏам и фэеплъыр къэкӏуэнумкӏэ жэуаплыгъэу къыфхудогъанэ. 2076 гъэм ди къуажэр нэхъ дахэж, нэхъ зэӏузэпэщ хъуну Тхьэм къыщIигъэкI. Мы сатырхэм фыкъеджа нэужь, фызэупщӏыж: дядэжьхэм я щӏэиныр тхъумэфауэ, абыхэм я ӏуэхум екӏуу пытщэфауэ пӏэрэ, ди бынхэм сыт яӏэрыдгъэхьар? Ди фӏэщ мэхъу абы фыгушхуэу жэуап нэс зэрефтыфынур: «Къытӏэрыхьар тхъумащ, къэдгъэщӏари дгъэбэгъуащ, нэхъ лъапӏэ дыдэращи — дызыщалъхуа Куэш-Хьэблэм и фэеплъыр, и щэнхабзэр, и лъагъуныгъэр щIэблэхэм зэӏэпытхыу допсэу» жыфIэнущ. Фызыщыщ къуажэм, Къэрэшей-Черкес Республикэм, Урысей уардэм къэкӏуэныфI къазэрыпэплъэмкIэ фIэщхъуныгъэ зиIэ, 2026 гъэм Куэш-Хьэблэ къуажэм щыпсэухэ!» ЩэнхабзэмкIэ Унэм и пщIантIэр, дэнэ лъэныкъуэкIэ умыплъэми, цIыхум фIэгъэщIэгъуэн, къыщхьэпэн IуэхухэмкIэ къызэгъэпэщауэ щытащ. Псалъэм папщIэ, Байчоровэ М. и цIэр зезыхьэ тхыдэ-щэнхабзэ икIи музей къуэдмэзым и лэжьакIуэхэм ягъэхьэзыра «Районым и тхыдэм — си напэкIуэцIыр» инсталляцэмкIэ Унэ щIыхьэпIэр гъэдэхат, и гупэхэмкIэ станц щхьэхуэхэр щылажьэт КъЧР-м и Министерствэ зэхуэмыдэхэм ягъэхьэзырауэ. Автомобиль гъуэгумкIэ гъэза бжыхьым ирекIуэкIыу кIэрытт адыгэ шхыныгъуэхэр, Iэмэпсымэхэр, хьэпшыпхэр, Iэщэ-фащэхэр къыздэгъэлъэгъуа пщыIэ мыинхэр.

СэмэгурабгъумкIэ щыт бжыхьымкIэ щызэфIэдза лэгъуп пщыкIублым пщафIэ Iэзэхэр пэрытт мэлылрэ пловрэ ягъэхьэзыру, ахэр я чырчылхэмкIэ зэIащIэхун, шхыным къыхих мэ гурыхьымкIэ ини цIыкIуи зрашалIэу, ягъэхьэщIэу. Гимназие щIыбагъыр спорт зэпеуэхэм я тепщапIэт. НыбжьыщIэхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я лъэкIыныгъэхэр ягъэунэхут мини-футболымкIэ, сэ дзынымкIэ, IэпщэкIэ зэпекъунымкIэ, бадминтонымрэ волейболымрэкIэ, ГТО-мкIэ, нэгъуэщIхэмкIи. ИжьырабгъумкIэ — зауэ-хэкупсэ станцымкIэ цIыхубэ IэпщIэлъапщIэхэм мастер-классхэр къыщатт дыщэидэмкIэ, пхъэм, гъущI лIэужьыгъуэхэм елэжьынымкIэ, щылажьэт электроннэ нэщэнэуапIэр, къыщызэгъэпэщат сэлэтым письмо здыхуатх, зэуапIэм Iутхэм зэрызагъэпщкIу хъыхэр здаблэ, гузэвэгъуэ ихуам япэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэ зэрырагъэгъуэтым къыздытепсэлъыхь, Iэщэ зэхуэмыдэхэр здагъэлъагъуэ, ахэр зэрызэпкърах-зэрызэпкъралъхьэжым здыхуагъасэ щIыпIэхэри Куэш-Хьэблэ и гуфIэгъуэ зэхыхьэм къекIуэлIахэр а гъэщIэгъуэн къомым хэплъэным гу щахуа нэужь, жылагъуэ утыкум и цIыху пажэхэм ящIыгъуу псори щэнхабзэмкIэ Унэм зэрыхьащ.

МахуэщI дауэдапщэм и ешэжьапIэ, и хъуэхъуапIэ нэхъыщхьэу щытынур абдежрати, концерт пэшым Iэпэ дэупIэ имыIэжу къыщызэхуэсахэр пэплъэт Урысей Федерацэмрэ Къэрэшей-Черкесымрэ я ГимнхэмкIэ Iуэхур къыщызэIуахыну напIэзыпIэм. Ари зэфIэкIри, ГТРК-м и корреспондент Къардэн Заремэ зыщалъхуа Куэш-Хьэблэ къуажэм и тхыдэм теухуауэ игъэхьэзыра нэтын бэлыхьыр къагъэлъэгъуащ. Журналистым и лэжьыгъэм еплъахэм нэIуасэ зыхуащIащ къуажэр Зеикъуэ къызэрыхэкуэшыкIам, абы къэралми республикэми я цIэр фIыкIэ жезыгъэIа къуэфIхэмрэ пхъуфIхэмрэ сыт щыгъуэ зэмани зэрикуэдам, и иджырей лъэкIыныгъэхэмрэ ехъулIэныгъэхэмрэ. ЛIищэ зи уасэ куэшхэблэдэсу щытауэ псоми ящIэж Аргун Iэбубэчыр (ПIатIэ) Дадым и къуэр — «Путь Ильича» колхозыр илъэс плIыщIрэ тхурэкIэ зы унагъуэшхуэу зэхэзыгъэта адыгэлI нэсыр. Абы и щIэиныр яхъумэу, ягъэбагъуэу нобэ и лъэужь нэхум ирокIуэ Хьэбэз жыпсыщI заводыр зыIэщIэлъ и къуэ Олег, КъЧР-м и Правительствэм и тхьэмадэ IэнатIэ лъагэр щытхъурэ зэхэщIыкIрэ зиIэу зезыхьэ и къуэрылъху Мурат сымэ. Къэрэшей-Черкес Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид къыбгъэдэкIа хъуэхъу псалъэхэмкIэ махуэщIым къекIуэлIахэм захуигъэзащ Правительствэм и тхьэмадэ Аргун Мурат: «Нобэ и лIыщIыгъуэ ныбжьыр егъэлъапIэ Хьэбэз районым хыхьэ Куэш-Хьэблэ къуажэм. Илъэсищэ махуэщIым и щIыхькIэ ягъэхьэзыращ нэгузыужь программэ зэгъэпэща: спорт Iуэхугъуэхэр, жармыкIэхэр, шууейхэм километрипщI къакIуныр, концерт пшыхьыр, нэгъуэщIхэр. Къуажэм и зэфIэувэныгъэмрэ зыужьыныгъэмрэ тыншу щытауэ пхужыIэнукъым. Ауэ гуащIэдэкIыр, псэемыблэжыныгъэр, хахуагъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ къызыдекIуэкI къуажэдэсхэр щапхъэгъэлъагъуэу пэщIэтыфащ сыт хуэдэ гугъуехьми. Апхуэдэ зэкъуэтыныгъэщ къуажэдэсхэм сэбэп къахуэхъуар Хэку зауэшхуэр щекIуэкIа зэман хьэлъэхэм, цIыхухъухэр фронтым щыIутам, къуажэм фашистхэр щыдэтам.

Апхуэдэ къабзэуи, нобэ зы Iэпкълъэпкъыу зэкъуэт къуажэдэсхэр я дэIэпыкъуэгъу нэсщ СВО-м Iэщэ зыIыгъыу къэралым и хьэлэмэтхэр зыхъумэ къулыкъущIэхэм. Автономие псом цIэрыIуэ щыхъуауэ щытащ «Путь Ильича» колхозыр, Куэш-Хьэблэ, Зеикъуэ, Малый Зеленчук (Ботэщей) къуажэхэр къызэщIэзыубыдауэ щытар. Абы и унафэщI IэнатIэм илъэс 45-кIэ тетащ КуэшХьэблэ къыдэкIа цIыху цIэрыIуэр, Социалистическэ ГуащIэдэкIым и ЛIыхъужь, СССР-м и Ищхьэ Советым и депутат Аргун Iэбубэчыр. Колхозник куэдым къыхуагъэфэщауэ щытащ СССР-м и гуащIэдэкI нагъыщэ нэхъ лъапIэ дыдэр — Ленин и орденыр. Къапщтэмэ, Куэш-Хьэблэ къыдэкIащ ди къэралышхуэр зыгъэбжьыфIа цIыху цIэрыIуэхэр: щIэныгъэлIхэр, гъуазджэм и лэжьакIуэхэр, жылагъуэ, бэдаущ Iуэхузехьэхэр. Нобэ Куэш-Хьэблэ зеужь, йофIакIуэ. Мыбдеж капитальнэ зэгъэзэхуэжыныгъэхэр иращIылIащ гимназием, дохутыр амбулаторэм, щэнхабзэмкIэ Унэм. Федеральнэ гъуэгум и зы Iыхьэр зэрыщыту зэрахъуэкIащ, апхуэдэщ Малый Зеленчук къуажэм упызыщIэ лъэмыжыр, шынагъуэншэ ищIу районымрэ республикэ купсэмрэ я зэпыщIэныгъэр. Нобэрей махуэщI лъапIэм ипкъ иту, Куэш-Хьэблэ щыпсэухэм ягъэтIылъащ къэкIуэну щIэблэхэм папщIэ «Капсула времени», хасащ жыги 100, къуажэр зэрырикъуа илъэс бжыгъэр ягъэщыпкъэу. А жыгыщIэхэр кърехъу щIэблэщIэхэм ящIыгъуу, Куэш-Хьэблэ къуажэм и хабзэ дахэхэм пащэу.

Сохъуэхъу къуажэм ефIэкIуэныгъэкIэ, абы щыпсэухэм — узыншагъэ быдэкIэ, унагъуэ хуабагъэкIэ, хэку цIыкIум папщIэ гушхуэныгъэкIэ!» МахуэщIым ипкъ иту, Куэш-Хьэблэ къуажэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа, зи гуащIэдэкI лэжьыгъэр щапхъэгъэлъагъуэ нэрыбгэхэр республикэм и Правительствэмрэ и Министерствэхэмрэ къабгъэдэкIа ЩIыхь тхылъхэмкIэ къыхагъэщащ. Апхуэдэу, КъЧР-м и Правительствэм игъэлъэпIащ «Путь Ильича» колхозым и механизатору щыта Амирокъуэ Алий, гимназием математикэмкIэ и егъэджакIуэу щылэжьа Амирокъуэ Фатимэ (Майе), ГТРК-м и корреспондент, КъЧР-м щIыхь зиIэ и журналист Къардэн Заремэ, «Дубок» нану IыгъыпIэм и пщафIэхэу Балэ Iэминатрэ Борэныкъуэ Зурятрэ, къуажэ администрацэм и IэщIагъэлI пашэ Багъ Мадинэ, Хьэбэз районым щэнхабзэмкIэ и Унэм и режиссер Адзын Мадинэ сымэ.

ГуфIэгъуэ пшыхьым министру щIэсар Куэш-Хьэблэ къуажэм хъуэхъу псалъэ дахэхэмкIэ зэрызыхуагъэзам къинэмыщIауэ, абы и цIыху лэжьакIуэ зыбжанэми ЩIыхь тхылъхэр хуагъэфэщащ: — физкультурэмрэ спортымрэ и министр Тенц Дмитрий игъэлъэпIащ Куэш-Хьэблэ гимназием футболымкIэ и гъэсакIуэ Къантемыр Беслъэнрэ физкультурэмкIэ и егъэджакIуэ Къуршэ Уэсмэнрэ, Iэхуитлъэхуит бэнэкIэмкIэ СССР-м спортым и мастер Уэз СулътIан, а спорт лIэужьыгъуэмкIэ куэшхьэблэдэс цIыкIухэр нобэ зыгъасэ Щауэ Азэмэт, спорт бэнэкIэмкIэ олимп резервым и еджапIэм щылажьэ ЩакIуэ Къанщобий сымэ; — узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Камурзаевэ Динарэ гулъытэ яхуищIащ Куэш-Хьэблэ дэт амбулаторэм илъэс куэдкIэ щылэжьахэм: фельдшерхэу Амирокъуэ Мулит-Хъанрэ Аргун ФатIимэтрэ, медсестра Мамхэгъ Мэржанэ, акушеркэ ПIапIшу Галинэ, водитель Аргун Мурадин сымэ; — щэнхабзэмкIэ и министр Агырбэ Зураб я цIэ къриIуащ щэнхабзэм кIэ Унэм и унафэщI Мамыжь Хьэзрэт, къуажэ библиотекэм и IэщIагъэрылажьэ нэхъыщхьэ Чэнджэщауэ Лела, «Пшэплъ» цIыхубэ IуэрыIуатэ ансамблым и художественнэ унафэщI Къэзэнокъуэ Лолэ сымэ; — егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэкIэ и министрым и пщэрылъхэр зыгъэзащIэ Шаманов Щэмил игъэгушхуащ «Дубок» нану IыгъыпIэм и гъэсакIуэ Абидокъуэ Фатимэрэ музыкэмкIэ и лэжьакIуэ Мамыжь Iэминатрэ, гимназием урысыбзэмрэ литературэмрэкIэ я егъэджакIуэхэу Арчэл Динэрэ Борэныкъуэ Маридэрэ, математикэмрэ информатикэмрэкIэ и егъэджакIуэ ДыщэкI Майе сымэ; — мэкъумэш хъызмэтымкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Лыхь Жамболэт я лэжьэкIэфIым уасэ нэс хуищIащ «Путь Ильича» колхозым хэта Багъ Мухьэрбийрэ Борэныкъуэ Олегрэ.

ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и министр Тоторкулов Ибрэхьим щIэблэм жыджэру и нэIэ зэрытригъэтым папщIэ къыхигъэщащ «Хэкум и шынагъуэншагъэмрэ и хъумэныгъэмрэ я лъабжьэхэр» предметымкIэ гимназием щезыгъаджэ Жантемыр Беслъэн, къуажэм дэт «От А до Я» сатущIапIэ иныр зей Къамэ Борис, гимназием и унафэщIым гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и къуэдзэ Чэнджэщауэ Каринэ, уней хыхьэхэкIырылажьэ ЩакIуэ Артур сымэ. ИкъукIэ ди гуапэ хъуащ «Черкес хэку» газетым илъэс 45-кIэ гуащIэ щызыгъэтIылъа Къантемыр Тыркубий «Куэш-Хьэблэ къуажэм щIыхь зиIэ и цIыху» цIэ лъапIэр игъуэ дыдэу, хуэфащэу къызэрыфIащар. А псори уэрэдхэмрэ къафэ гухэхъуэхэмрэкIэ ягъэдэхащ КъЧР-м и цIыхубэ артист Мэремкъул Ачар, КъЧР-м щIыхь зиIэ и артисткэхэу Амирокъуэ Иринэрэ (Амиринэ) Думэныщ Лианэрэ, уэрэджыIэхэу Джатэ Аслъэнбэч, Iэгуей Руслан, Барэ Ислъам сымэ, «Черкесия» уэрэджыIэ ансамблым, республикэм и Къэрал филармонием къафэмкIэ и театрым, «Синд», «Синдикэ» къэфакIуэ гупхэм. Концерт пэшым щызэхашар и кIэм щынэсым, ар езыгъэкIуэкIахэм — щэнхабзэм и лэжьакIуэхэу Къардэн Алийрэ Адзын Мадинэрэ къаIуэхуащ Куэш-Хьэблэ и илъэси 100-м папщIэ къуажэм къызэригъэпэща шу зекIуэм хэтахэр IэгуауэкIэ кърагъэблэгъэжыпхъэу. Адыгэ фащэкIэ хуэпа шууейхэр «Миру-мир» зытедза, къуажэбгъумкIэ щыIэ щIыпIэ нэщIым къыщыщIадзэри къызэпачащ Къубинэ — Елбыргъэн — Куэш-Хьэблэ гъуэгуанэ кIыхьыр.

Я махуэщIыр даIэтмэ, дагъэлъапIэмэ яфIэфIу куэшхьэблэдэсхэм къахуеблэгъащ Адыгэ Республикэмрэ Ингушетиемрэ я шууей зэгухьэныгъэхэм къабгъэдэкIа лIыкIуэ гупхэр. Сытым хуэдэу гуапэт ди лъэпкъым, хэхауэ Куэш-Хьэблэ щыщхэм папщIэ гур зыгъэхуабэ, зыгъатхъэ псалъэхэр зэрыхужаIэр зэхэпхыныр. — Ди адыгэ лъэпкъыр зыгъэбагъуэ мы къуажэ дахэм и илъэсищэр гъэлъэпӏэным хэт дэтхэнэ зыми си гуапэу фӏэхъус фызох, сыфхуогуфӏэ мыпхуэдэ махуэщI лъапIэ къызэрызэвгъэпэщыфам папщӀэ. Шууей Хасэм хэту Къэрэшей-Черкесым щыщ щIалэфIхэм дыкъызэрырагъэблэгъам и фӏыщӏэкӏэ, Инжыдж псыр къызэпыдупщӏащ. Тхьэм дызэрелъэӏунщи, ди гуфӏэгъуэм цӏыху куэд къызэхуэсащ, абы мы щӀыпӀэм къихъухьахэр, дауи, имыгъэдахэу, имыгъэбжьыфӏэу, имыгъэгушхуэу къигъэнэнукъым. Адыгэр мис мыпхуэдэу дызэхыхьэ зэпытын хуейщ, ауэрэщ нэхъри зэпыщIа дызэрыхъунури, нэхъыфӀу дызэрызэрыцIыхунури, — хъуэхъу псалъэхэмкIэ гуфIэгъуэм хэтахэм захуигъэзащ Адыгэ Республикэм и Асэкъэлей къуажэм щыщ шууей ГъукIэлI Ким.

— Куэш-Хьэблэ жылэм и махуэшхуэм дыхэтыну дыпIащIэу фи хэгъуэгум дыкъихьащ. Ӏуэхур зыӏутыр аращи, дэ — ингушхэр, куэд щӏауэ адыгэхэр догъэныбжьэгъу, фи лъэпкъ уардэм лIыщIыгъуэ бжанэ хъуауэ дызэрыдэгъуэгурыкӏуэм дрогушхуэ, абы дегъэлъапӏэ икӏи, догугъэ а зэныбжьэгъугъэм ди щӏэблэхэм адэкӏи пащэну. Зым и дежкӏи щэхукъым адыгэхэмрэ ингушхэмрэ Кавказым и щIыдэлъху лъэпкъхэу зэрыщытыр. Зэщхь дызыщI куэди къыддалъагъу: Адыгэ Хабзэмрэ Ингуш Адэтымрэ зэбгъурыту макӏуэ. «Черкес» псалъэм куэд къыбжеӏэ, ар дуней псом къыщацӏыху лъэпкъщ. Абы и щэнхабзэ телъыджащэм, бейм, щхъуэкӏэплъыкӏэм, и зауэ тхыдэм пщIэшхуэ худощI. Си псэм къыбгъэдэкӏыу сехъуэхъуну сыхуейщ Куэш-Хьэблэ къуажэмрэ республикэмрэ щыпсэухэм мамырыгъэ, зэӏузэпэщыныгъэ, ефӏэкӏуэныгъэ, ДыкъэзыгъэщIам и гущӏэгъурэ и фIыгъуэрэ яIэу псэуну! — жиIащ адыгэ лъэпкъым зыкъытхуигъазэкIэрэ Ингушетием и Шууей зэгухьэныгъэм къыбгъэдэкIа Нальгиев Хъусен. Мы щIалэм къыткIэлъызэрихьа гулъытэм, цIыхуфIагъым, гъэсэныгъэшхуэм пэджэжкIэрэ, куэшхьэблэдэсхэм я цIэкIэ Аргун Мурат шыщIэ тыгъэу хуимыгъэфащэу и гум идакъым. Абы къегъэлъагъуэ адыгэхэмрэ ингушхэмрэ ди зэпыщIэныгъэ быдэр, зэхущытыкIэ къабзэр псалъэ закъуэу щымыту, атIэ, IуэхукIэ щIэгъэбыдауэ зэрыщытыпхъэр.

Дыгъэр къухьа нэужьи цIыхухэр зэбгрымыкIыжу зэхэтащ. АтIэ, сыт хуэдэ гуфIэгъуэ дауэдапщэми зэрихабзэу, абыхэм хуагъэхьэзырат махуэщIыр зэрызэхуащIыжыну уэрэдхэр, къафэхэр. Пщыхьэщхьэ зыкъэгъэлъэгъуэныгъэм хэтащ КъЧР-м и къэрал филармониемрэ Хьэбэз районымрэ я артистхэр, къэфакIуэ гупхэр. Юбилей дауэдапщэ нэхъыщхьэм ипэ махуэм, щэкIуэгъуэм и 13-м, республикэм и адыгэ, абазэ къуажэхэм къабгъэдэкIа шууей IэкIуэлъакIуэхэм Куэш-Хьэблэ и илъэси 100-м и щIыхькIэ шыгъажэ хузэхашащ. Ар къызэгъэпэщынымрэ егъэкIуэкIынымрэ хэлIыфIыхьащ къуажэ администрацэр, зи жылэжь хуэгупцIанэу къэтэджа щIалэгъуалэр. Шыгъажэр тедзэгъуиплIу (забег) гуэшауэ щытащ: 1200, 1600, 1800, 2000 метр хъу гъуэгу Iыхьэхэм ятещIыхьауэ.

Япэ къэжэгъуэм бжьыпэр ихьащ Лъхукъуэщауэ Назир и «Алмыр» хакIуэм, етIуанэу къэжащ Мамбэт Уэзир и «Бэрзэдж» хакIуэр, ещанэу — Братхэ Рустам и «Хъан» хакIуэр. ЕтIуанэ къэжэгъуэм япэу къэсащ КIыщ Рэмэзан и «Азэн» хакIуэр, етIуанэу — Уэтэр Азэмэт и «Абрэдж» хакIуэр, ещанэу — Мэремыкъуэ Уэлий и «Iэят» шыр. Ещанэ къэжэгъуэм щытекIуащ ТIыгу Виталик и «Кречет» хакIуэр, етIуанэ хъуащ Чыкъуэ Марат и «Титан» шыр, ещанэр — Хьэжьыкъуэ Щэмил и «Мамлюк» хакIуэращ. ЕплIанэ къэжэгъуэм, километритI зи кIыхьагъыу щыта гъуэгуанэм хагъыхьар тхылъ зиIэ адыгэш къабзэхэрат. Абы текIуэныгъэр щызыIэригъыхьащ КIэдэкIуей Зэмрэт и «Алтаир» хакIуэм, етIуанэ хъуар Къантемыр Адемыр и «Мамлюк» хакIуэращ, ещанэр — Хьэкъун Ренат и «Граф» шыращ. Мыбыхэм ящыщ дэтхэнэ зыми хуагъэфэщащ медалрэ кубокрэ, ФIыщIэ тхылърэ ахъшэ саугъэтрэ.

Тхыгъэр ЛЫХЬ Тимур, сурэтхэр АБИДОКЪУЭ Люсанэ, БОРЭНЫКЪУЭ Мадинэ сымэ яйщ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *