АДЫГЭМ и цIэр Урысейми, хамэ къэралхэми ину щызыIэтхэм, ди лъэпкъыр зэрыгушхуэ, зэрыин еджагъэшхуэхэм, дунейпсо цIэрыIуагъ зыбгъэдэлъ щIэныгъэлI щэджащэхэм ящыщщ иджы дыдэ Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир «За доблестный труд» орденыр зыхуигъэфэща, УФ-м и Правительствэм и нэIэ щIэт Финанс университетым и президент икIи и щIэныгъэ унафэщI ЕСЧЫНДАР Мухьэдин Абдурэхьмэн и къуэр.
Ди лъэпкъ уардэм зи щIэныгъэкIэ къыхэлыдыкIа цIыху щэджащэм щэкIуэгъуэм (ноябрым) и 15-м илъэс 75-рэ зэрырикъуар игъэлъэпIащ. Урысейм и лIыщхьэм и Iэпэр зыщIэлъ унафэм мыпхуэдэу щытхащ: «IэщIагъэ IэпщIэлъапщIагъ зыбгъэдэлъ IэщIагъэлI нэхъусахэр гъэхьэзырыным, и щIэныгъэ-педагогическэ гуащIэм, и псэемыблэж илъэс куэд лэжьыгъэм» папщIэ. Шэчыншэу, экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, егъэджэныгъэмкIэ Урысейпсо Академием и академик, Урысей Федерацэм щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я Iуэхузехьэ Есчындар Мухьэдин балигъыпIэм зэриувэрэ къызэринэкIа гуащIэ иныр зыхуигъэтIылъыр щIэныгъэ-егъэджэныгъэращ.
Илъэс 50 хъуащи Мухьэдин и гъащIэр епхащ ди къэралым ит ищхьэ еджапIэфI дыдэу ялъытэм — Москва Финанс университетым. Абы и студенту къыщыщIидзэри, егъэджэныгъэ IуэхущIапIэ лъэрыхьым и ректор IэнатIэм нихусын лъэкIащ, ноби абы и президентщ. Апхуэдэ ехъулIэныгъэ лъагэр адыгэ лъэпкъым и гушхуапIэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ. Зи щIэныгъэр IэщIагъэ къыхихам хуэзунэтIу, зи гуащIэ узыншэкIэ лIыщIыгъуэ ныкъуэ хъуауэ къэралым хуэлажьэ Мухьэдин 1951 гъэм къыщыхъуащ КъэрэшейЧеркесым щыщ Беслъэней къуажэ-лIыхъужьым, Есчындар Абдурэхьмэн и унагъуэм. Игу къызэригъэкIыжымкIэ, зэрыцIыкIу лъандэрэ гуащIэдэкI лэжьыгъэм пыщIауэ къэтэджащ. Е 7-нэ классыр къиуха къудейт, комбайнерым и дэIэпыкъуэгъуу губгъуэм щихьам.
«Си гъащIэм и гукъэкIыж нэхъ IэфIхэм ящыщщ къуажэ губгъуэр. Пщэдджыжьым жьыуэ укъэтэджу, гуэдзымрэ сабэмрэ къыпкIэрыпщIэжауэ улэжьэным нэхъ гурыфIыгъуэ тлъагъутэкъым апщыгъуэм», — игу къегъэкIыж Мухьэдин. И псалъэхэм фэрыщIыгъэ зэрыхэмылъыр наIуэ пщещI зы щыхьэтлыкъым: Москва дэт Финанс институтым (иджы университетым) щIыхьэри, илъэс фIэкIа емыджауэ, экзаменхэм я пIалъэр къынэмысами, лъаIуэщ, ахэр нэхъ щIэх къызэринэкIри, къуажэм къэкIуэжат, комбайным тесу лэжьэным хуэпабгъэу… Мухьэдин щIэныгъэ зэгъэгъуэтыным ерыщу зритри, къэралым и еджапIэ нэхъ цIэрыIуэхэм, аспирантурэхэм IэщIагъэ IэпщIэлъапщIагъ щызригъэгъуэтын лъэкIащ. А псоми лъабжьэ яхуэхъуар еджэныгъэм, тхылъхэм зэрыцIыкIум щегъэжьауэ яхуиIэ фIылъагъуныгъэ инращ. «Тхылъхэращ сэ лъабжьэ схуэхъуар. Си насыпышхуэу солъытэ си бынхэми тхылъым хузиIэ фIылъагъуныгъэр зэрахуэкIуар», — къыхегъэщ Мухьэдин.
И тхылъхэм я нэхъыбэр, зэрыгурыIуэгъуэщи, щIэныгъэращ зэхьэлIар. Арами, иджыр къыздэсым и гуапэщ художественнэ, философием ехьэлIа тхыгъэхэри. 1976 гъэм Мухьэдин къеух Москва дэт Финанс институтым и кредит-экономикэ къудамэр, «экономист» IэщIагъэр иIэу. КъыкIэлъыкIуэ илъэсхэм мы институт дыдэм и аспирантурэми щIэныгъэм щыпещэ. 1981 гъэм къыщыщIэдзауэ абы IэнатIэ зыбжанэ зэрехъуэкI: институтым и кафедрэм и ассистенту, финанс-экономикэ къудамэм и деканым и къуэдзэу, егъэджакIуэ нэхъыжьу, кадрхэмкIэ къудамэм и унафэщIу, «Факультет международных экономических отношений» къудамэм и декану…
АдэкIэ, Аденскэ университетым (Йемен щыIэм) щылажьэ совет егъэджакIуэ гупым я унафэщIу щытщ, егъэджэныгъэ лэжьыгъэмкIэ проректор пажэщ, Дунейпсо экономикэмрэ валютэ кредит зэхущытыкIэхэмрэкIэ кафедрэм и профессорщ… 2002-2006 гъэхэм Урысей Федерацэм и Правительствэм и нэIэ щIэту лажьэ финанс академием и проректор пажэщ. 2006 гъэм щыщIэдзауэ ар дыдэм и ректорщ. 2010 гъэм щегъэжьауэ 2021 гъэм нэгъунэ УФ-м и Правительствэм и нэIэ щIэту лажьэ Финанс университетым и ректорщ. НобэкIэ университетым и президентщ. «Дэтхэнэ ищхьэ еджапIэми хуэдэу, ди университетым и къалэн нэхъыщхьэу илъытэр – IэщIагъэрылажьэ нэс гъэхьэзырынращ. Я IэщIагъэм и мызакъуэу, студентхэр гъащIэми хуэхьэзыру дгъэсэну и ужь дитщ. ИкIи догъэбелджылы зэпыт, IэщIагъэ Iэзагъым и мызакъуэу, дяпэкIэ зэдэлэжьэну, зи гуащIэ зэхэзылъхьэну цIыхухэри еджэгъуэ илъэсхэм зэрагъэпэщмэ, сэбэп къазэрыхуэхъужынур. «Командный дух и качество» — аращ ди университетым иригъэкIуэкI лэжьыгъэм лъабжьэ нэхъыщхьэ хуэхъур. СызэрегупсысымкIэ, ар къыдэхъулIэу плъытэ хъунущ.
Уеблэмэ япэ курсым къыщIэтIысхьа ныбжьыщIэхэм яжыдоIэ зэпыт: «Фызыдеджэхэм фахэплъэ: абыхэм яхэвгъуэтэнущ дяпэкIэ ныбжьэгъу пэж къыфхуэхъунухэри, гъащIэ гъусэ зыдэфщIынухэри. Ди университетым и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ IэщIагъэкIи, щIэныгъэкIи, цIыхугъэкIи зэдэгъуэгурыкIуэну цIыхухэр зэрыдгъэгъуэтыныр», — къыхегъэщ Есчындарым. И гъащIэ, и гуащIэдэкI лэжьыгъэ псом къриубыдэу, ищхьэкIэ зи гугъу тщIа къэрал нагъыщэхэм къанэмыщIауэ, Мухьэдин игуэщIа лэжьыгъэ абрагъуэм къыпэкIуащ нэгъуэщI щIыхьыцIэ лъагэхэри. Абыхэм ящыщщ: «Зэныбжьэгъугъэм и орден»-р, «Почётный работник высшего профессионального образования России» бгъэхэIур, егъэджэныгъэмкIэ Урысейм и Президентым, и Правительствэм я Саугъэтхэр, «Лучший менеджер 2001 года», «Финансист года» фIэщыгъэцIэхэр; Есчындарыр — Къэрэшей-Черкес, КъэбэрдейБалъкъэр, Адыгэ, Къалмыкъ, Ингуш, Бурятие республикэхэм щIыхь зиIэ я щIэныгъэрылажьэщ; е III, IV-нэ нагъыщэ зиIэ «За заслуги перед Отечеством» орденхэр зэрехьэ; и цIэр къраIуащ «Орден Дружбы Социалистической Республики Вьетнам» нагъыщэ инымкIэ, I — II нагъыщэ зиIэ Столыпиным и медалымкIэ, «За заслуги перед Москвой» щIыхь бгъэхэIумкIэ.
ЩIэныгъэлIым и Iэдакъэ къыщIэкIащ щIэныгъэ лэжьыгъэ 500-м щIигъу — монографиехэр, тхылъхэр, тхыгъэхэр. А псоми я щхьэжу Мухьэдин илъытэр цIыхугъэрщ, псэемыблэжыныгъэрщ. И гур нэхъ зыхуэмыкIуэ хьэл-щэнхэм ящыщуи къыхегъэщ щхьэхынагъэмрэ гъащIэм мурад хэха щыуимыIэнымрэ. «ЛIыхъужьыр – зи гуащIэ псэемыблэжу зыгъэтIылъу, ехъулIэныгъэм хуэкIуэфращ», — жеIэ адыгэлI нэсым. Мухьэдин къилъэща щIэныгъэ щIыхьы– цIэхэр, жылагъуэ мыхьэнэшхуэ зиIэ IэнатIэхэр и гуащIэшхуэ химылъхьэу къылъысакъым. Есчындарым зыхуигъэувыж къалэнхэм хуэкIуэным ерыщагъ, псэемыблэж гуащIэдэкI лэжьыгъэ, псэ къару ин хелъхьэ. ИкIи, сыт хуэдэ лэжьыгъэри зыхуиунэтIыр къызыхэкIа лъэпкъым, здыщыпсэу къэралым ифI къыхэкIынращ. Мухьэдин бгырыс лIы щыпкъэщ, узыфIэмыкIыжыну гу къабзэщ, пэжагъ хэлъу сыт хуэдэ Iуэхуми бгъэдэтщ. Есчындархэ я къуэ щыпкъэм гъэсэныгъэ нэс игъуэтащ Адыгэ Хабзэм къигъэув щытыкIэфIхэмкIэ. Къыздэхъуа хэку цIыкIум — Беслъэней къуажэм, абы щыпсэу цIыху гуащIафIэхэм папщIэ Мухьэдин IуэхуфI куэд зэфIех. Апхуэдэщ, псалъэм и жыIэгъуэкIэ, Хэку зауэшхуэр екIуэкIыу блокадэм ита Ленинград къыдаша сабийхэр зыпIа унагъуэхэм ятеухуауэ тхылъ къыдэгъэкIыным, фильм щIыным зэрыхэлIыфIыхьар.
Ари жыдмыIэ хъункъыми, 2021 гъэм дунейм къытехьа, си Iэдакъэ къыщIэкIа «Афган – 1979-1989» тхылъыр къыдэкIыныр зи фIыщIэу щытари Есчындар Мухьэдинщ. ЖыпIэнурамэ, апхуэдэ псапэ Iуэхуу адыгэлIым ищIэр мащIэкъым. Мухьэдин сыт щыгъуи фIэгъэщIэгъуэнщ икIи и нэIэм щIигъэкIкъым къыздалъхуа и къуажэм щекIуэкI, къыщыхъу Iуэхугъуэхэр, къуажэдэсхэм я лъэIухэм, набдзэгубдзаплъэу бгъэдохьэ, мылъку дэIэпыкъуныгъэ ярегъэгъуэт. «Есчындарыр хуабжьу цIыху гуапэщ, зыгуэркIэ зыхуэбгъэзамэ, зыкъыпщIигъэкъуэнущ. Сыт хуэдэ зэIущIэ ирехъуи, цIыхукIэ къэухъуреихьащ. Апщыгъуэми и гу хуабагъкIэ, хэлъ цIыхугъэмкIэ, IэщIагъэ IэпщIэлъапщIагъымкIэ, гуащIэдэкI лэжьыгъэ инымкIэ цIыхухэм я псэр зыкIэрегъапщIэ. IэнатIэшхуэхэм пэрыт пэтми, апхуэдизкIэ адыгэлIым гуапагъэ ин хэлъщи, дэтхэнэ цIыху къызэрыкIуэри бгъэдохьэф, и гукъеуэ жреIэф. Хэт и гуфIэгъуэри деIыгъыф, и чэнджэщ хуэныкъуэ дэтхэнэми гулъытэ хуещIыф. Арагъэнщ, ныбжьышхуэ зиIэ профессорхэри, студентхэри Мухьэдин сыт щыгъуи щIыпыщIар.
Акъылышхуэ зыбгъэдэлъ, пцIыIуэпцIышагъэмрэ щхьэхуещагъэмрэ къызыгурымыIуэ цIыху щыпкъэщ ар. ЩIэныгъэ куу зиIэ, гушыIэныр зи щIасэ си ныбжьэгъум сыт хуэдэ зэхыхьэми псэ къыIуегъакIэ. Апщыгъуэми узыфIэмыкIыжыну зэпIэзэрытщ, ныбжьэгъугъэм пщIэ хуэзыщIщ, гуапэ дыдэу цIыхухэм япыкъуокI, гъэсэныгъэ нэс зыхэлъщ, зи дуней тетыкIэ дахэкIэ щапхъэ хъу адыгэлIщ. Срогушхуэ икIи хуабжьу си гуапэщ Мухьэдин зэрысцIыхум, си ныбжьэгъу пэжу зэрыслъытэм. Зэрыадыгэу ирогушхуэ апхуэдэ цIыху щыпкъэ къызэрытхэкIам! Си щхьэкIэ къэсщтэнщи, ищхьэ еджапIэм и къызэгъэпэщакIуэ лъэрыхьыр, Дунейпсо утыкум, Урысей псом, Москва къалэм ди лъэпкъым и пщIэр ину щызыIэт Мухьэдин сэ щапхъэ схуэхъу щIэныгъэлI щэджащэщ», — къыддогуашэ и ныбжьэгъуфIым хуэгъэзауэ профессор, медицинэ щIэныгъэхэм я доктор Даур Борис. Дыхуейщ къыщалъхуа махуэр зыгъэлъэпIа, щIыхь куэд зыхуэфащэ ди хэкуэгъум, Беслъэней къуажэм ипIа адыгэлI нэсым дехъуэхъуну ди лъэпкъым, «Черкес хэку» газетым и лэжьакIуэхэм къабгъэдэкIыу. ПщIэшхуэ зыхуэтщI Есчындар Мухьэдин! Уи гукъыдэжым хэмыщIу, гъащIэм хууиIэ фIылъагъуныгъэмрэ гу хуабагъымрэ мыкIуэщIу, узыншагъэ быдэ, зэIузэпэщыныгъэ, насып ущымыщIэу, IуэхуфIхэмкIэ гъэнщIа гъащIэ кIыхь къэбгъэщIэну Тхьэм жиIэ! Уэ пхуэдэ цIыхущ «лъэпкъылI нэсщ» зыхужаIэр!
АБИДОКЪУЭ Люсанэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.