Iэнащхьэ теннисымкIэ зэпрагъэуащ

Мы гъэм Адыгэ-Хьэблэ къуажэр илъэси 100 зэрырикъунум траухуэри, Адыгэ-Хьэблэ районым Iэнащхьэ теннисымкIэ пашагъэм щIэбэнынымкIэ зэхьэзэхуэ ирагъэкIуэкIащ мэкъуауэгъуэм (июным) и 30-м. Районым ит щэнхабзэмкIэ Унэм хъулъхугъэхэмрэ бзылъхугъэхэмрэ папщIэ къыщаIэта спорт махуэщIыр, «Земля спорта» зыфIащар къызэгъэпэщыныр, ипкъ къикIащ КъЧР-м физкультурэмрэ спортымрэкIэ и Министерствэм. Зэхьэзэхуэр щIидзэн ипэ, Урысей Федерацэмрэ Къэрэшей-Черкесымрэ я Гимнхэр кърагъэуа нэужь, теннис джэгунухэм фIэхъус псалъэкIэ зыхуагъэзащ Адыгэ-Хьэблэ район администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Жыр Рустамрэ «Сосрыкъуэ» ФОК-м и унафэщI Хъупсырокъуэ Мурадинрэ.

Спортсменхэм зыкъагъэлъэгъуащ джэгуакIуэ IэкIуэлъакIуэу икIи я хьэрхуэрэгъухэм ерыпIынэу япеуэкIэрэ япэ увыпIищыр зыхуэфащэхэр наIуэ хъуащ. Балигъ ныбжьым ит щIалэхэм ещанэ щыхъуащ Есенеев Ислъам. ЕтIуанэ увыпIэр иратащ Темырдащ Артур. ЕщанэмкIэ бжьыпэр ищтащ Агайгельдиев Замир. НыбжьыщIэ цIыкIухэм: ещанэр Адыгэщауэ Щэмилщ, етIуанэр — Дэхъу Тимурщ, текIуэныгъэр къэзыхьар — Уэрзэлы Анатолийщ. Пщащэхэм ещанэр лъысащ Агайгельдиевэ Даянэ, етIуанэр ихьащ Дэхъу Фаинэ, нэхъ теннисисткэ бэлыхьу къыщIэкIащ, япэ увыпIэри хуагъэфэщащ КIэм Камилэ. КъЧР-м физкультурэмрэ спортымрэкIэ и Министерствэмрэ зэхьэзэхуэм и къызэгъэпэщакIуэхэмрэ къабгъэдэкIа саугъэт зэхуэмыдэхэмкIэ текIуахэри призёр хъуахэри ягъэгушхуащ.

Адыгэ-Хьэблэ къуажэм и илъэси 100-р зытедза адыгэ Iэнэ дахэ зырыз Адыгэ Хасэм и лъэныкъуэкIэ къикIыу зэхьэзэхуэм япэ увыпIэкIэ къыхэжаныкIа щIалэхэми пщащэхэми иратащ. Тхьэм игъэпсэу Iэнащхьэ теннисымкIэ зэпеуэр къезыхьэжьахэр, абы хэта щIалэгъуалэр. Нэхъри нэхъыбэжым хущIигъыхьэ! Зыгъэхьэзырар ЛЫХЬ Тимурщ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *