ЩIэблэкIэ зэIэпах IэщIагъэ

ЩыIэщ IэщIагъэ, ар сыт и щхьэусыгъуэми, зы бынунагъуэм фащэ хуэхъуарэ абы зэIэпихыу. Апхуэдэщ Инжыджышхуэ къуажэм щыпсэу, ПщыунэлIхэ я унагъуэр. Къапщтэмэ, мы унагъуэм егъэджэныгъэ лэжьыгъэм щIэблищ мэхъури пэрытщ, псори зэхэту а лэжьыгъэм абыхэм илъэси 125-рэ траухуащ. Унагъуэм щыщу егъэджакIуэ гъуэгум япэу теуващ зэщхьэгъусэхэу Уэлийрэ Беллэрэ.

Абыхэм гъащIэ дахэ, гъащIэ узыншэ къызэдагъэщIащ. ПщыунэлIхэ Увжыкъуэрэ Абидэтрэ я бынунагъуэшхуэм къихъухьа Уэлий, курыт еджапIэр къиуха нэужь, Черкесск къалэм дэт педучилищэм (иджы педколледжым) и щIэныгъэм щыпищащ. ПэщIэдзэ классхэм хэс цIыкIухэр иригъэджэну хуитыныгъэ къезыт тхылъыр къыщыIэрыхьэм, егъэджакIуэу зыщалъхуа жылагъуэм къигъэзэжащ. Апхуэдэу лажьэурэ, и ныбжьыр щынэсым, къулыкъу ищIэну Мейкъуапэ лъэныкъуэмкIэ яунэтIащ. Абдеж ди хэкуэгъу щIалэм нэIуасэ къыщыхуохъу иужькIэ и гъащIэ насыпыр зрипха пщащэ тхьэIухудыр.

Белли къызыхэкIар бынунагъуэшхуэт. Ар Адыгэ Республикэм хыхьэ Куэшхьэблэ къуажэм щыщ, гъэсэныгъэм, адыгэ хабзэм зи быныр щIэзыпIыкI Даутхэ Нурбийрэ Куакуэрэ я унагъуэм къихъухьащ. Пщащэм къуажэ курыт еджапIэр фIы дыдэу къиухри, Мейкъуапэ дэт пединститутым химико-биологие факультетым щIэтIысхьащ. Абдеж ищхьэ щIэныгъэ ехъулIэныгъэ иIэу щызригъэгъуэтауэ, пщащэ дахэм, щэныфIэм, зэкIужым ди хэкуэгъу щIалэр нэIуасэ къыхуохъу. Беллэ ауи и пщIыхьэпIэ къыхэхуэтэкъым и лъахэр къигъанэу нэгъуэщI щIыналъэ псэупIэ щищIэну.

Ауэ, Алыхьым уи натIэм къритхам уфIэкIынукъым зэрыжаIэу, ныбжьыщIэм и гъащIэр, и гуащIэр, и унагъуэ насыпыр зыдэлъыр Къэрэшей-Черкесым хыхьэ Инжыджышхуэ къуажэрауэ къыщIэкIри, ПщыунэлIыр щхьэгъусэ хуэхъуащ. Псэуэгъу зэхуэхъуахэм лъахэм къагъэзэжа нэужь, Инжыджышхуэ къуажэ курыт еджапIэм Уэлий лэжьэну Iухьэжащ, Белли абдеж и гуащIэдэкI лэжьыгъэм щыщIидзащ. Уэлий ищхьэ щIэныгъэ зригъэгъуэтмэ фIэфI щыхъум, Карачаевск дэт пединститутым (иджы педуниверситетым) заочнэу щIэтIысхьэжри, лажьэурэ ари къиухыжащ. Апхуэдэу, урысыбзэмрэ литературэмрэкIэ и егъэджакIуэ IэщIагъэ зэзыгъэгъуэта ди нэхъыжьыфIыр къуажэ щIэблэм щIэныгъэ ябгъэдилъхьэу, гъэсэныгъэ яхилъхьэу илъэс 40-м щIигъукIэ а еджапIэм щылэжьащ.

Ипэхуным пэщIэдзэ классхэм яхэтащ. ИужькIэ урысыбзэмрэ литературэмрэкIэ и егъэджакIуэу, еджапIэм и унафэщIым егъэджэныгъэгъэсэныгъэ IуэхухэмкIэ и къуэдзэу, итIанэ и унафэщIу илъэс куэдкIэ щытащ. Уэлий япэ щIэныгъэ гъуэгум триша цIыкIухэм лъэпкъыр, къэралыр зэрыгушхуэ цIыху цIэрыIуэхэр къахэкIащ. ПщыунэлIым и псэемыблэж лэжьыгъэм къыпэкIуащ «УФ-м и ГуащIэдэкIым и ветеран» тхылъыр, нэгъуэщI гулъытэ лъагэхэри. Ди нэхъыжьыфIыр и гуащIэ лэжьыгъэкIэ пенсэм щыкIуэми, щагъэсакъым. Ар Черкесск къалэм дэт, «Индустрии питания, туризма и сервиса» колледжым ирагъэблагъэри, абдежи илъэс 13-кIэ юристчэнджэщакIуэу щылэжьащ. Нобэ жьыщхьэмахуэ хъуауэ тIысыжа дадэм пщIантIэм щищIэн егъуэт.

Езым зэрыжиIэщи, хадэцIыкIухэкIхэр елэжь, абыхэм якIэлъоплъ, къуажэжэмыхьэтым хэтщ, и щIэблэм я ущиякIуэщ. ЩхъуэкIэплъыкIэ дахэ защIэу емыкIуэкI гъащIэм удын хьэлъи къыщыуидзыр мащIэкъым. Мис ПщыунэлIхэ я унагъуэм апхуэдэ гуауэшхуэ къихъуащ. Уэлий и щхьэгъусэ, илъэс куэдкIэ зэгурыIуэныгъэ якум дэлъу зыдэпсэуа Беллэ и дунейр ихъуэжащ. Ауэ ари фIэмэщIащ гъащIэм, зэщхьэгъусэхэм я щIалэ Муртази дунейм ехыжащ и бынищымрэ и щхьэгъусэ Гуащэгъагърэ анэмэту къахуигъанэри… Беллэ Нурбий и пхъум егъэджакIуэ IэщIагъэм илъэс 45-рэ триухуащ.

«Почетный работник общего образования РФ» щIыхьыцIэр къыхуагъэфэщауэ щытащ. Беллэ гъащIэр фIыуэ зылъагъу икIи зыгъэдахэ, езыгъэфIакIуэ цIыхуу дунейм тетащ. Абы къуажэ сабийхэр химиемрэ биологиемрэ хуригъэджащ. Щытащ унафэщIым егъэджэныгъэгъэсэныгъэ IуэхухэмкIэ и къуэдзэу, къинэмыщIауэ, щIыуэпсымкIэ кружок иIыгъти, цIыкIухэр и гъусэу къуажэм и къабзагъэм кIэлъыплъу, рейдхэр ирагъэкIуэкIыу, зи бжэIупэ пхъэнкIий изыкIутхэм яущиемэ, ахэр Iурагъэхыжу щытащ.

Зэщхьэгъусэхэм щIалитI — Муртазрэ Аслъэнрэ — зэдапIащ. Унагъуэм я нэхъыжьыфIым и щIэблэ цIыкIухэм фIыщIэ яхуещI, жеIэ абыхэм зэрахуэарэзыр, я щIэныгъэкIэ, я лэжьыгъэкIэ, я дуней тетыкIэкIэ зэрызэтегъэпсыхьахэр, абыхэм зэрыригушхуэр. Яхэтщ абыхэм медицинэм и лэжьакIуэхэри, хабзэхъумэ къулыкъухэм пэрытхэри. Арами, Уэлий щогуфIыкI нэхъыжьхэм я IэщIагъэр адэкIэ пызыщэн я щIэблэм къазэрыхэкIам. Япэрауэ, абыхэм нысэ яхуэхъуауэ щыта Гуащэгъагъ (Симэ) Мэжид и пхъур егъэджакIуэщ. Ар къыздэхъуари и сабиигъуэр здигъэкIуари ПсэукIэ-Дахэ къуажэращ, Туаршыхэ Мэжид и бынунагъуэшхуэм къихъухьащ, быным я нэхъыщIэ дыдэщ.

— Инжыджышхуэ щыщу, а унагъуэцIэр зэрихьэу а зы унагъуэращ сыкъыздэхъуа жылагъуэм дэсар. Сэри си адэм и къуажэжьыр, и инжыджышхуэ лъапсэр унагъуэ схуэхъужащ, — дыхегъэдаIуэ Гуащэгъагъ.

Бзылъхугъэ гумызагъэр мы лэжьыгъэм илъэс 35-м щIигъуауэ пэрытщ, и цIэр районым, хэгъуэгум щIыхь тхылъхэмкIэ мызэмытIэу къыщыхагъэщащ. Апхуэдэу, илъэс зэхуэмыдэхэм абы къыхуагъэфэщащ Къэрэшей-Черкес Республикэм и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и Президиумым, республикэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэкIэ и Министерствэм, Хьэбэз муниципальнэ районым егъэджэныгъэмкIэ и къудамэм я ЩIыхь тхылъхэр.

Ар урысыбзэмрэ литературэмрэкIэ егъэджакIуэщ. Гуащэгъагъ лажьэурэ къиухащ Къэрэшей-Черкес педуниверситетыр. Зыщеджа курыт еджапIэм пионервожатэ нэхъыжьу илъэс бжыгъэкIэ щылэжьащ. ИужькIэ, унагъуэ щихьэм, Инжыджышхуэ къуажэм дэт курыт еджапIэр лэжьапIэ хуэхъуауэ, ноби абдеж щолажьэ. Ищхьэ нагъыщэ зиIэщ, «Илъэсым и егъэджакIуэ» тIэунейрэ хъуащ. Гудзакъэ зиIэ бзылъхугъэ щыпкъэр фIыуэ ялъагъу, пщIэ ин къыхуащI къыдэлажьэхэми, зыхэс лъэпкъми. ЕгъэджакIуэ династием адэкIэ пащащ Уэлийрэ Беллэрэ я къуэрылъхухэу Зарэрэ Заирэрэ. ТIуми Къэрэшей-Черкес педуниверситетыр къаухауэ Черкесск къалэм дэт е 2-нэ курыт еджапIэм щолажьэ.

Зарэ — информатикэм, Заирэ — математикэм я щэхухэм еджакIуэ цIыкIухэр щагъэгъуазэ, щIэныгъэ бгъэдалъхьэ. Мы унэтIыныгъэр къыхахыу хуеджа пэтми, иджырей щIалэгъуалэм ящыщ куэд, ди жагъуэ зэрыхъунщи, абы ирилэжьэну хуейкъым. Ауэ а IэнатIэр зэрыгугъум къригъэкIуэтакъым мы пщащэ нафIэгуфIэ цIыкIуитIыр. НыбжькIэ щIалэми, куэдым хуэнабдзэгубдзаплъэ, зи гупсысэр жыжьэ нэс Зарэрэ Заирэрэ езым яфIэфIу къыхахащ мы IэщIагъэр.

— Дэ дыкъызэрыхъухьа унагъуэм зэи и гугъу щащIакъым хабзэр ядэIыгъын, егъэджакIуэ дыхъун хуейуэ. Апхуэдэу езыр-езыру хъури, егъэджэныгъэ IэнатIэм дыкъыщыхутащ. Арауэ къыщIэкIынщ «призвание» жыхуаIэр. Ди унагъуэм щызэIэпах егъэджакIуэ IэщIагъэм и пыщакIуэу дызэрыщытым дрогушхуэ. Ди адэшхуэм, анэшхуэм, ди анэм предмет зэхуэмыдэхэр ирагъэджащ, ауэ псори зы IэщIагъэм дызэкъуигъэуващ — ди гумрэ ди псэмрэ яттыну сабийхэм дызэрыхуеймкIэ. Шэч къытетхьэкъым гъащIэ лэжьыгъэ тэрэз къызэрыхэтхам. АтIэ, сабийхэм я нэхэм уащыщIэплъэкIэ, зи нэгум гуфIэгъуэ къызрих цIыкIухэм уащыIуплъэкIэ, абыхэм я дыхьэшх макъ жьгъырур щызэхэпхкIэ, къыбгуроIуэ уи пIэм узэритыр. Ди IэщIагъэм дрогушхуэ, абы мыхьэнэшхуэ иIэу къыдолъытэ.

А лэжьыгъэм пэрыта ди нэхъыжьхэм еджапIэм къэхутэныгъэшхуэхэр щрамыгъэкIуэкIами, дунейр щызэрамыгъэдзэкIами, махуэ къэс мыбдеж сабийхэр щыхуагъасэт щIэныгъэщIэ къудей мыхъуу, цIыхугъэм и фIыгъуэми, ахэр гъащIэм зэрыхэпсэукIынми, цIыхухэм зэрадекIуэкIынми, жылагъуэм сэбэп къыхуахьу псэунми икIи хуабжьу дыщогугъ ди егъэджакIуэ династием пызыщэн адэкIэ ди щIэблэм къахэкIыну, — къыддогуашэ Зарэрэ Заирэрэ. Зэчий зыбгъэдэлъ цIыхум сыт щыгъуи гъащIэр фIэщIэщыгъуэщ, махуэщIэ къэскIи и псэм зезыгъэузэщI дахагъэ хелъагъуэ. Апхуэдэщ мы пщащэ цIыкIуитIри. Ахэр зыпэрыт лэжьыгъэм къинэмыщIауэ, гъащIэм къыщыхъу сыт хуэдэ Iуэхугъуэми щыжыджэрхэщ, зэпеуэхэм, зэхыхьэхэм холэжьыхь. Апхуэдэу, егъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я Илъэсу екIуэкIам ипкъ иту Черкесск къалэм и мэрием къызэригъэпэщауэ щыта «Династие педагогов нашего города» зэпеуэм ПщыунэлIхэ я унагъуэр хэтащ икIи ЩIыхь тхылъ къыхуагъэфэщащ. «Машук»-м щекIуэкIа щIалэгъуалэ проектхэмкIэ Урысейпсо зэпеуэм Заирэ утыку кърихьа, «Школа пешеходов. Полосатые зебрята» проектыр къыхагъэщри, сом мини 100 зэрылъ Сертификатыр къыхуагъэфэщауэ щытащ. Зи зэфIэкIыр щIэблэм щIэныгъэрэ гъэсэныгъэрэ етыным тезыухуа ПщыунэлIхэ я унагъуэм зэIэпах IэщIагъэр пызыщэн адэкIи куэду къахэкIыну, нобэ а лэжьыгъэ гугъум пэрытхэм я IэнатIэм я къарур пэлъэщу илъэс куэдкIэ узыншэу лэжьэну дахуохъуахъуэ!

ЕЗАУЭ Маринэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *