ЩэкIуэгъуэм (ноябрым) и 10-м Хьэбэз къуажэм дэт, Арэшыкъуэ Р. и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэм, лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и Илъэсым ипкъ иту, «Большой этнографический диктант» Къэралыбэ узэщIыныгъэ акцэр щекIуэкIащ. Абы и купщIэ нэхъыщхьэр — ди къэралым щыпсэу лъэпкъ куэдым я щэнхабзэ зэхуэмыдэныгъэхэм, я зэхуэдэ урысейпсо граждан жэуаплыгъэхэр гъэбыдэным, апхуэдэуи, лъэпкъ хабзэхэм пщIэ хуащIу гъэсэным жылагъуэм гу лъегъэтэнращ, нэхъыщхьэжу, лъэпкъхэм яку мамырыгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ дэгъэлъынращ.
УзэщIыныгъэ Iуэхугъуэм хэлэжьыхьар еджакIуэ закъуэхэракъым. Мы акцэм хэтыну Хьэбэз еджапIэм къеблэгъащ пщIэ зиIэ хьэщIэхэри. Абыхэм ящыщщ Хьэбэз муниципальнэ район администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Унэжь Олег, районым мэкъумэш хъызмэтымкIэ, дыкъэзыухъуреихь щIыуэпсыр хъумэнымкIэ къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Мамхэгъ Аслъэн, Къэрэшей-Черкес Республикэм лъэпкъ IуэхухэмкIэ, цIыхубэ зэпыщIэныгъэхэмрэ печатымрэкIэ и министрым и къуэдзэ Къуршэ Фаинэ, «Черкес хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэ Абидокъуэ Люсанэ, районым егъэджэныгъэмкIэ и Управленэм и методистхэр, къуажэ администрацэм, район библиотекэм я IэщIагъэрылажьэхэр, Росгвардием и къулыкъущIэхэр.



УзэщIыныгъэ акцэм кърихьэлIахэм фIэхъус гуапэ ярихащ Iуэхугъуэр здыщекIуэкIа курыт еджапIэм и унафэщI Хъупсырокъуэ Иринэ. ФIыщIэ яхуищIащ я егъэджэныгъэ Iуэху щIапIэм илъэс ещанэ хъуауэ къыщызэрагъэпэщ Iуэрытхым хэтыну къахуеблэгъахэм. Къуршэ Фаинэ и къэпсэлъэныгъэм къриубыдэу, Министерствэм къыбгъэдэкIыу фIыщIэ псалъэхэр яхужиIащ Iуэрытхым и къызэгъэпэщакIуэхэм, зэхэшакIуэхэм. ИкIи министр Есенеев Мурат Мухьэрбий и къуэм къыбгъэдэкIа ФIыщIэ тхылъыр Хъупсырокъуэ Иринэрэ адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ Шэрджэс Расьятрэ яхуигъэфэщащ. Къэпсэлъахэм гу лъатащ хэкупсэ этнографическэ Iуэрытх Иныр мы еджапIэм щебгъэкIуэкIыным зыхуэбгъэхьэзырын зэрыхуэмеям.
АтIэ, мы еджапIэм и къуапэ къэс лъэпкъыпсэхэкупсэу гъэщIэрэщIащ, адыгэбзэр, лъэпкъыбзэхэр хъумэным ятегъэщIа къыхуеджэныгъэхэр, жыIэгъуэхэр, адыгэм къытхэкIа еджагъэшхуэхэр, къэрал, жылагъуэ Iуэхузехьэ цIэрыIуэхэм я сурэтхэр, дзэзешэ пашэхэм уздыщыгъуазэ утыкухэр щыкуэдщ. Зи, хэкупсэ-лъэпкъыпсэу щIэблэр бгъэсэнумэ, узыфIэмыкIыжыну сыткIи зэтегъэпсыхьащ. Апхуэдэ щытыкIэфIыр зэтезыгъэпсыхьари, сыт щыгъуи дэIэпыкъуэгъу къахуэхъури «Черкесский центр» фондращ, абы и тхьэмадэ Аргун Олегщ. Къызэхуэсахэм фIыщIэ ин хуащIащ лъэпкъым къыщIэтаджэ щIэблэр лъэпкъыпсэу гъэсэным псэемыблэжу хэлъхьэныгъэ хуэзыщI нэхъыжьыфIым. «Мы Iуэрытхым ухэтыныр лъэкIыныгъэ къызэрымыкIуэщ ббгъэдэлъ щIэныгъэр щIэпплъыкIынымкIи, щIэ гуэр къэпцIыхунымкIи, Хэкум щыпсэу лъэпкъ куэд дыдэм я щэнхабзэ щIэинхэм защыбгъэгъуэзэнымкIи. Къапщтэмэ, урегъэгупсыс лъэпкъхэм я хабзэ хэр зэрызэпхам, зэпыщIэныгъэ быдэ зэраIэм, икIи апхуэдэ телъыджагъэхэр хъумэным дэркIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэм», — къыддэгуэшащ Къуршэ Фаинэ.
«Мыпхуэдэ зэIущIэхэр, Iуэхугъуэхэр уасэншэ зыщIыр абы власть къулыкъущIэхэр, щэнхабзэм епха IуэхущIапIэхэм телажьэ IэщIагъэлIхэр къызэрыхыхьэращ, гулъытэ нэс къызэрыхуащIращ. Абы мы узэщIыныгъэ акцэм и мыхьэнэр егъэин, куу ещI. Апхуэдэуи, лъэпкъхэм ябгъэдэлъ щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэнымкIэ жылагъуэм ихь жэуаплыгъэри наIуэ ещI. Ди къарур — ди зэкъуэтыныгъэхэращ, ди къулеягъыр — Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм ябгъэдэлъ щэнхабзэ, хабзэ зэмылIэужьыгъуэхэращ», — къыхигъэщащ и къэпсэлъэныгъэм…
Карабашевэ Неллэ. Iуэрытхыр зытхахэм къабгъэдэкIа фIыщIэ псалъэхэр гъунэжу щыIуащ мыбдеж. АтIэ, Мамхэгъ Аслъэн хуабжьу къыщытхъуащ адыгэ тхыбзэм, анэдэлъхубзэм, тхыдэм щIэблэр щыгъэгъуэзэнымкIэ, дегъэхьэхынымкIэ мы еджапIэм щалэжь Iуэхухэм икъукIэ фIагъ ин зэрыхэлъым. Апхуэдэ бгъэдыхьэкIэ нэсым и фIыщIэкIэ, щIэблэм и лъэпкъым хуэгъэзауэ щIэныгъэ куу бгъэдэлъу къызэрытэджынум шэч къытримыхьэуи жиIащ. ИкIи, еджапIэм и унафэщIми, адыгэбзэмкIэ езыгъаджэми фIыщIэ псалъэ куэд яхуигъэфэщащ… Сыт щыгъуи хуэдэу хьэщIэгъафIэу щыт мы еджапIэм лъэпкъ хабзэ дахэм тету хьэщIэхэр иригъэблэгъащ адыгэ ерыскъыхэкIхэмкIэ узэда Iэнэми.
ЩОХЪУЖЬ Люсанэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.