Ди хэгъуэгум щыIэ бгы нэхъ дахэхэм хабжэ Бырмамыт тафэр (плато). Мыбы къызэщIеубыдэ къыр задэхэмрэ къуэладжэ нашэкъашэхэмрэ, каньонхэр, джабэхэр. Тафэр Малки, Кумы псыхэм я псыхъуащхьэхэм я гъунэгъуу щыӏэ къыр шытхым щыщщ. Ар хохьэ Тебэрды лъэпкъ парк къуэдымэзым икIи къэралым ихъумэ щӏыуэпс щӏыналъэхэм хабжэ.
Абы и нэхъ лъагапӏэм — метр 2592-рэм Бырмамытышхуэкӏэ, и гъунэгъуу къыпэщыт бгым Бырмамыт ЦӏыкӏукIэ йоджэ (метр 2643-рэ). Мы тафэр туристхэмкIэ хуабжьу цIэрыIуэщ. Сурэттеххэмрэ блогерхэмрэ мыбы къокIуалIэ теплъэ къызэрымыкIуэхэр трахыну. А бгыщхьэхэм утету Кавказ шытх Нэхъыщхьэм, аузхэм, алъп хъупӏэхэм гъуэзэджэу уӏуоплъэ. Тафэм ищхьэмкӏэ щэху дыдэщ — жьым и ӏэуэлъауэ къудейщ зэхэпхынур. И лъабжьэмкIэ шыхэр, жэмхэр, мэлхэр щохъуакӏуэ. Тафэм и щӏыпӏэр ӏэл дыдэщ: мэлыхъуэ унэ цӏыкӏухэм фӏэкӏа мыбы зыри щыӏэкъым. Бгыщхьэм геодезие къэпщытэныгъэхэм я хэщIапIэ тетщ. Бырмамыт тафэр цӏэрыӏуэ зэрыхъурэ куэд щӏащ. Зы зэманкIэ узэIэбэкIыжмэ Кисловодск и курортхэм туристхэр зыплъыхьакӏуэ къашэт. Мыбы махуэ зытӏущкӏэ ущыпсэуфу хьэщӏэщ цӏыкӏуи щылажьэт.
Тхыдэ жыжьэм къыхощыж Лермонтовыр, Пушкиныр, Чеховыр, нэгъуэщӏ цӏыху цӏэрыӏуэхэр мыбы и щыгум дэкIауэ. Бырмамыт «Iуащхьэмахуэ и хьэ пэжкӏэ» еджэуи жаIэ. Абы щхьэусыгъуэ иIэщ — мы тафэм дежщ Европэм и бгы нэхъ лъагэ дыдэм хуиту ущыӏуплъэр. Абы и хъумакIуэу къыпэщысу ялъытэ Бырмамытыр.
Тхыдэ гъэщӏэгъуэнхэр
Бырмамытым ехьэлIауэ хъыбар, тхыдэ зэщымыщ куэд щыӏэщ. Абыхэм ящыщ зым къеӏуэтэж Бештау зи цIэ хъыджэбз дахэр щӏалитIым фӏыуэ зэралъэгъуар: Эльбрус (Iуащхьэ махуэ) тхъуамрэ Машук щӏалэщIэмрэ. Икӏи, пщащэр яхуэмыгуэшу, зэуэну мурад ящӏащ. Машукым Эльбрус удынышхуэ ирихыфри, и щхьэр тӏууэ зэпиупщӏащ. Лӏыжьыр занщӏэу хэкӏуэдащ. Бырмамыт «хьэ пэжыр» бысымым апхуэдизкӏэ иригузавэти, Iуащхьэмахуэ ибгынэфакъым — и лъапэм игъащӏэкӏэ щӏэлъу къэнащ.
Аргуэру зы хъыбар гъэщIэгъуэни щыIэщ нартхэм я лъэхъэнэм ехьэлIауэ. Абы зэрыщаIуатэмкIэ, Эльбрус нартхэм я тетт. Абы и хьитӏыр, Бырмамыт Цӏыкӏумрэ Инымрэ, сыт щыгъуи къыбгъурытт, бысымым и жейр яхъумэт. Арщхьэкӏэ, зэдауэшхуэ къэхъури, нартхэм япэм яӏа зэкъуэтыныгъэр яхъумакъым. Абы Тхьэхэр къигъэгубжьри, Эльбрусыр бгы уэсылъэ ящӏащ. Хьитӏыр, бысымым зэрыхуезэшыр яхуэмышэчу, зейм и лъакъуэхэм я гъунэгъуу зэщӏэувыӏыкӏащ, и гупсэхугъуэм игъащӏэкӏэ и хъумакӏуэ хъуащ.
Дауэ унэсыну Бырмамытым?
Мы щIыпIэм уекIуэлIэфынущ турист агентствэхэмрэ гидхэмрэ къэбгъэсэбэпу — щӏыпӏэр апхуэдэу къэгъуэтыгъуафӏэкъым. Мыбы хуэкIуэ гъуэгуфӏ щыӏэкъым. Жылагъуэ транспортыр тафэм, дауи, кӏуэкъым. Губгъуэм кӏуэцӏрыкӏ гъуэгукIэ урокIуэ, уэшх нэужьым зекIуэгъуей мэхъу. Нэхъыбэу автомобиль лъэщхэмкӏэ фӏэкӏа удэкIыфынукъым. Апхуэдэ машинэхэмкӏэ зыплъыхьакӏуэхэр Бырмамыт нагъэс. Ауэ, туристхэм зэрыжаӏэмкӏэ, куэдым яхузэфӏокӏ къызэрыгуэкӏ машинэ псынщӏэхэмкӏи тафэм екIуэлIэну. А дэкIыпIэ гъуэгур километр 27-рэ фӏэкӏа мыхъуми, зэману сыхьэтитI-щы ихьынущ. Ауэ а гъуэгури, абы текIуэда зэманри асыхьэтым пщигъэгъупщэжынущ Iуащхьэмахуэмрэ узыщхьэщыхьэ тафэшхуэмрэ я теплъэ телъыджэм. Iэмал имыIэу зэ зэвгъэлъагъу Бырмамытыр!
АСЛЪЭНЫКЪУЭ Мадинэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.