«Къулыкъу щIэным — щIыхь пылъщ»

Адыгэхэм я тхыдэм къыхощыж ди лъэпкъым сыт щыгъуэ лъэхъэни лIыгъэ хэлъу, зыщыпсэу къэралым и щIыхьыр ихъумэу къызэрекIуэкIар. Ноби аращ зэрыщытыр. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, адыгэм и лъым хэлъщ щыпкъагъэр, лIыхъужьыгъэр, дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэм зыщIигъэкъуэным зэи шэч къызэтыримыхьэр.
Абы и щапхъэщ СВО-р зэрыщIидзэрэ ди адыгэ къуажэхэм дэкIа щIалэгъуалэм я псэ емыблэжу Хэкур хъумэным, гузэвэгъуэ ихуа цIыхухэм къащхьэщыжыным, нацизмэм, фашизмэм пэщIэтынымрэ гъэкIуэдынымрэ зэрыпэщIэувар. Дауи, зы адыгэ къуажэ республикэм къинауэ къыщIэкIынкъым зи щIалэгъуалэ СВО-м кIуа ямыIэу. ХабзэфIым зэрытету, лъэпкъхэр зэкъуэувауэ, ди гъащIэм къыхыхьа фашизмэр гъэкIуэдыпэным псэемыблэжу я гъащIэр хуагъэтIылъ. Шэчыншэу, а зауэ операцэм хэт дэтхэнэри дэркIэ лIыхъужьщ, абыхэм ди Хэкур яхъумэ, мамырыгъэм щIэбэн, лIыгъэ мыкIуэщI къагъэлъагъуэ. Узыншэу Тхьэм дэтхэнэри я унагъуэм къихьыж!
Ахэр зэбэн фашизмэм и гугъу пщIымэ, «Крокус Сити»-м къыщыхъуа щIэпхъаджагъэр япщэ умыкIуэжыну фашизмэщ. Апхуэдэр зыщIам узэрыпэщIэмытынур дауэ? Абыхэм ящыщщ Украинэм и нацистхэм нобэ драгъэкIуэкI бэнэныгъэри. Зы махуи щыдгъэт хъунукъым апхуэдэ хьэкIэкхъуэкIэхэм ебэныныр. Сыт щыхьэкIэ жыпIэмэ, дяпэ къэкIуэну щIэблэр псэун хуейщ мамыр гъащIэм, нацист Iуэху бгъэдыхьэкIэ ямылъагъуу, зыхамыщIэу.
Къэсщтэнщи, дызэрысабий лъандэрэ дызыщIапIыкIар ди адэшхуэхэм Хэку зауэшхуэм къыщагъэлъэгъуа лIыхъужьыгъэхэращ, яхэлъа лIыгъэращ, зыщалъхуа щIыналъэм хуаIэ фIылъагъуныгъэращ. А хэкупсагъэр тхэлъу дэри дыкъэтэджа. Хэкум къулыкъу хуэтщIэным пщIэ ин, щIыхь лъагэ зэрыпылъыр зыхэтщIэу дыкъэхъуащ. Абы и щапхъэ диIэти… Къулыкъу зымыщIам, сощIэж, фэ ираплъу щытакъым. Иджы, дэ къытщIэхъуэжахэми къагъэлъагъуэ Хэку фIылъагъуныгъэ къызэрымыкIуэ. Ахэр СВО-м хэтщ хахуэу, зауэ нагъыщэ лъапIэхэр къалъэщу, щIэблэм щапхъэ зыхуащIу. Ар уасэншэщ.
Хэкум къулыкъу хуэщIэныр сыт щыгъуи щытащ икIи къонэж къызэрымыкIэу пщIэ лъагэ иIэу, щIыхьрэ жэуаплыгъэрэ зыпылъу. Нобэ ди къулыкъущIэхэм къагъэлъагъуэ гуеигъэращ иджырей ди щIэблэщIэр зыщIэтпIыкIын, зыдэдгъэплъеин хуейр. Ар хэти ди къалэнщ.

От admin

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *