Махуэшхуэм и теплъэ хъуащ
«Хэкум и хъумакIуэхэр» сурэтыр ТекIуэныгъэм и Махуэшхуэм и теплъэгъуэ хъуащ. «ПщIэ зыхуэсщI си хэкуэгъухэ! Сыгушхуэу сывдогуашэ хъыбарыфIкIэ: Къэ рэшей-Черкесым щыщ сурэтыщI Авиловэ Татьянэ лауреат хъуащ «Защитники Отечества. Победа в единстве» Къэралыбэ зэпеуэм, етIуанэ увыпIэр къыщилъэщкIэрэ. Ар яхэтащ зи ныбжьыр илъэс 18-м нэхърэ нэхъыжьхэр зыхэта гупым. Иджы абы и творческэ лэжьыгъэр — хэкупсагъэкIэ, Хэку фIылъагъуныгъэкIэ гъэнщIар,…