Газетыр зыгъэдахэт

Редакцэм сызэрыщылажьэрэ илъэс зыбжанэ текIауэ сурэтыщI-ретушер иIэ хъуат. Абы къикIыр газетым традзэ сурэтхэр зыгъэдахэт. Редактор Шурдым Кушыку лэжьакIуэхэр дызэхуишэсри нэIуасэ дыхуищIат а къалэныр зыгъэзэщIэну щIалэм. Палех художественнэ еджапIэ цIэрыIуэр къэзыухыу зи щIыналъэм къэзыгъэзэжа, Зеикъуэ къуажэм щыщ ЩЫНАХЪУЭ Алийт ар.
ЩIалэр щэхуу, псэлъэныр фIыуэ зымылъагъуу щытти, зэ щхьэкIэ къытфIэщIат цIыху щхьэзакъуэу, пэшэгъу ищIынIауэ хуэмей хуэдэу.
Ауэ хуабжьу дыгъуэщауэ къыщIэкIащ. Зэман текIщ, сурэтхэр игъэдахэу, езыми лэжьакIуэ пэрытхэм я сурэтхэр ищIурэ газетым трыригъадзэу щыщIидзэм, къыд-
гурыIуэжащ дызэрыгъуэщар. МащIэ-мащIэурэ гупым къытхэзэгъащ. Алий — гушыIэныр фIыуэ зылъагъу, гушыIэкIэ дахи зыхэлъу къыщIэкIащ. Псом хуэмыдэу газетым «шыбжий» плIанэпэ иIэти, ар хуабжьу узыгъэдыхьэшх сурэтхэмкIэ игъэщIэращIэт. Нобэми Алий и сурэтхэр зылъэгъуауэ щытахэм фIыкIэ ягу къагъэкIыж. Апхуэдэ зыуэ щытащ районхэм я зэхьэзэхуэр къызэригъэлъэгъуауэ щытар. Пашэныгъэр къэзыхьар адыгэш дахэхэм тесщ. ЕтIуанэ увыпIэм итыр къыдырым тесщ, ещанэр — шыдым. КъыкIэрыхур шылъэгум тесщ, аргуажьэ (бгъэным къы-
хэщIыкIа) бэракъыр иIыгъщ.
А сурэтхэр апхуэдизкIэ цIыхухэм яфIэгъэщIэгъуэн хъуати, ди газетыр зэпаубыду лъыхъуэт, партым и обкомми апхуэдэ зэхьэзэхуэ къэгъэлъэгъуэкIэр игу ирихьри щапхъэу игъэлъэгъуат.
Алий и гушыIэ сурэтхэм газетым и пщIэр хуабжьу къиIэтати, адыгэхэм я мы закъуэу нэгъуэщI лъэпкъхэми Iэпэ щIадзт. Сытым хуэдэ гушыIэ сурэтхэр редакцэм щIэлъа! Зы лэжьакIуэм и махуэщIыр гушыIэ сурэткIэ имыгъэлъапIэу блигъэкIтэкъым. Псалъэм папщIэ, Гъуэщокъуэ Хъусин,
Бахътыр Исмэхьил, Брат Хьэбас, Хьэбэчыр ФатIимэт сымэ яхуищIа гушыIэ сурэтхэр уеблэмэ тхылъхэм ихуащ.
Къантемыр Тыркубий редакцэм щIашри къулыкъум яшат. Письмо къитхат, постым ягъэув зэпыту, и жей иримыкъуу, гугъу ехьу. Алий зэуэ къигъуэтащ теплъэ тэрэз. Тыркубий постым щытщ, и фочы-
пэм къуаргъыр фIэсщ — Тыркубий щыту мэжей, ипIэкIэ къуаргъым къулыкъур
ирехьэкI!..
Псом хуэмыдэу сэ сриIащ гушыIэ сурэтхэр стрищIыкIыу. Къэрэндащ гъэджэрэзыгъуэкIэ сэщхьыркъабзэу си сурэтыр къыщIригъэдзт. Ахэр зэхуэхьэсауэ сиIэти, Алий и фэеплъу къэнэн папщIэ тхылъым изгъэуващ. Газетым и зы махуэщI блигъэкIакъым
лэжьакIуэхэм я сурэтхэр имыщIу, ахэр иту газет щхьэхуи къыдэкIт.
ГъэщIэгъуэныр сыт — дэтхэнэми и сурэтыр ищIт къызэрыпцIыхужынум хуэдэу.
Алий газетым щылэжьащ и сурэт къызэрымыкIуэхэмкIэ адрей газетхэр къыдигъэхъуапсэу, газетыр теплъафIэ зэрищIыным и гумрэ и псэмрэ етауэ. Абыхэм и гушыIэ дахэр щIыбгъужмэ, щIалэ хьэ-
лэмэту къытхэтащ, апхуэдэуи ди гум къинэжащ.

ДАУР Жэхьфэр

От admin

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *