МОСКВА къалэм щызэхаша «Урысей» гъэлъэгъуэныгъэ-форумым къыщызэрагъэпэща «Родные-любимые» Урысейпсо унагъуэ зэпеуэм хэтащ ди къэралым и хэгъуэгу 89-м къикIа унагъуэ 250-рэ.
А гуфIэгъуэ дауэдапщэм Къэрэшей-Черкесым къыбгъэдэкIыу «Династии России» зэпеуэм зыкъыщагъэлъэгъуащ Усть-Жэ-гуэтэ районым щыщ, УФ-м и Президентым и УнафэкIэ «Родительская слава» орденыр къызыхуагъэфэща Евдокимовхэ я бынунагъуэшхуэм. Абыхэм я гъусащ сабийхэм я анэшхуэ Пономаренко Любовь Михайловнэ.
Сергей Михайловичрэ Иннэ Павловнэрэ илъэс 21-рэ мэхъу унагъуэ зэрызэдащIэрэ. Абыхэм сабийуэ 8 зэдапI — хъыджэбзихрэ щIалитIрэ. Михаил къызэрыкIуэ лэжьакIуэщ, Иннэ унагъуэ гуащэщ.

А зэпеуэм хэтахэм лъэкIыныгъэ яIащ сабийхэм творческэ, хэкупсэ гъэсэныгъэ я лъэныкъуэкIэ ябгъэдэлъ Iуэху зэхэщIыкIымкIэ зэхъуэжыну, нэхъ лъапIэ дыдэу щыIэ — унагъуэ хабзэхэмкIэ зэдэгуэшэну.
Евдокимовхэ я унагъуэ зэчиифIэм «Моя семья» уэрэдыр жаIащ. Макъамэр я бынхэм скрипкэмрэ фортепианомрэ кърагъэкIащ.
КъинэмыщIауэ, Иннэ Павловнэ зыхуэIэрыхуэ, къыпэщIэхуа материалхэм открыткэ зэхуэмыдэхэр къызэрыхищIыкIым ехьэлIауэ мастер-класс иригъэкIуэкIащ. АбыкIэ анэм ипхъухэр дэIэпыкъуащ.
Ахэр хэлэжьыхьащ егъэджэныгъэ лекцэхэм, «Елки России» гъэлъэгъуэныгъэм Къэрэшей-Черкесым утыку кърихьа псейм щыIащ, Урысейм и хэгъуэгу 89-м, федеральнэ министерствэхэм, корпорацэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм утыку кърахьа, ди къэралым и ехъулIэныгъэ нэхъыфIхэр зрагъэлъэгъуащ.
— Япэрауэ, фIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейщ республикэм и унафэщIхэм апхуэдэ дзыхьрэ гулъытэрэ къызэрытхуащIам, республикэм къыбгъэдэкIыу «Родные-любимые» форумым дызэрагъэкIуам папщIэ. Абы дызэрыкIуэнури, форумыр екIуэкIыху дыздэпсэунури фIы дыдэу къызэрагъэпэщащ.
ДыздэщыIари, тлъэгъуахэри псори дигу ирихьащ. Ди унагъуэ дыкъекIуэлIэжами, сабийхэм я гупсысэри ягури форумым къыщынащ икIи щIэх къиутIыпщыжыну си фIэщ хъукъым, — жеIэ Иннэ.
Форумым дыщыIэху лекцэ куэдым дыхэлэжьыхьащ, павильонхэм дыщыхьэщIащ. Урысейм и хэгъуэгухэм ягъэува псейхэми дакIуэлIащ, ди республикэм и псейм и пащхьэм унагъуэкIэ сурэт зыщытетхащ.
75-нэ павильоным концерт нэхъыщхьэр щекIуэкIащ. Абдеж Урысейм и Президент Путин Влади-мир «Унагъуэм и Илъэсыр» къыщызэIуихащ. А дакъикъэхэри ди гум IэфIу къинэжащ.
КъинэмыщIауэ, павильонхэм хэгъуэгу къэс ягъэхьэзыра гъэлъэгъуэныгъэхэм зыщытплъыхьащ. Космосым дыщыIащ, макетхэр, ракетэ дыдэрэ луноходхэмрэ дабгъэдэтащ, IэщIагъэлIхэр абыхэм къытхутепсэлъыхьащ.
Сабийхэм хуабжьу гъэщIэгъуэн ящыхъуащ «скафандр» щыгъыныр. Абыхэм ар япэу ялъагъуу арат.
Гукъинэж ящыхъуахэм ящыщщ ди къэралым и щIыпIэ нэхъыщхьэм – Красная Площадым зэрыщыIахэмрэ мылым тету къэжыхьыпIэм ди фигурист цIэрыIуэхэр зэралъэгъуамрэ.
Красная Площадым зыщыдмыгъэнщIу зыщытплъыхьащ, сурэт зыщытетхащ. Мылым тету къэжыхьыпIэм деж олимп чемпионхэу Кацалапов Никитэрэ Синицинэ Викториерэ ди сабийхэм я гъусэу къажыхьащ, лъэрыжэр ягъэIэрыхуэфу ирагъэсащ, дызэгъусэуи сурэт зытетхащ.
Телъыджэ тщыхъуащ мылым къыхэщIыкIа теплъэгъуэхэри. Олимп чемпионхэм я ЩIыхь Аллеем дрикIуащ.
Зыкъыщыдгъэлъэгъуащ «Шоу-талантов» жыхуиIэми. Кастингым дыпхыкIащ, ауэ адэкIэ ди насып къихьыжакъым.
«Семейные рецепты» зэпеуэми дыхэтащ. Абыи ди насып щытекIуакъым. «Мастер-класс» жыхуиIэм «Шоколадница» IэрыщI открыткэр щытщIащ. Зэпеуэм зэрыщыгъэбелджыламкIэ, текIуэныгъэр къэпхьын папщIэ жетон 15 къэплъэщын хуейти, дэ 14-щ къытхуагъэфэщар.
КъинэмыщIауэ, скрипач Лундстрем Петр иригъэкIуэкIа лекцэми, Никитин Павел и «Голос в тонус» мастер-классми, Чепурная Златэ гъащIэ узыншэ зэребгъэкIуэкIынум триухуа лекцэми дыхэтащ.
Нэхъыщхьэжыр аращи, форумым ныбжьэгъущIэ къыщыдгъуэтащ. Владивосток щыщ, сабий 11 зиIэ унагъуэмрэ дэрэ ныбжьэгъу дызэхуэхъуащ.
Москва дызэрыщыIар ди сабийхэм ягу зэи ихужынукъым, сыту жыпIэмэ, ди къэралым и къалащхьэр япэу ялъэгъуащ, кхъухьлъатэм исыну лъэкIыныгъэ ягъуэтащ, — къыщIегъуж сабийхэм я анэм.
ЕЗАУЭ Маринэ

Читать далее: Евдокимовхэ я унагъуэр — ВДНХ-м

От admin

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *