Ди къэралым и Президент Путин Владимир и пщэрылъкIэ Москва къалэм щызэхаша «Россия» Лъэпкъыбэ гъэлъэгъуэныгъэ-зэхуэсым ипкъ иту ирагъэкIуэкIа хэгъуэгухэм я махуэхэр къапщытэжащ.

Ипэ дищу жытIэнщи, мы гъэлъэгъуэныгъэм и фIыгъэкIэ Урысейм и хэгъуэгу 89-м къэралым и къалащхьэм дэсхэмрэ хьэщIэхэмрэ щагъэгъуэзащ щэнхабзэ, лъэпкъ хабзэ, турист лъэкIыныгъэ я лъэныкъуэкIэ ехъулIэныгъэрэ беягъыу ябгъэдэлъым.
«Шэч хэмылъу, промышленностымкIи, щIэныгъэмкIи, щэнхабзэмкIи, спортымкIи дызригушхуэн ди мащIэкъым, псом хуэмыдэу, цифровой технологиехэмкIэ Урысейр жыджэру пылъщ лъэ быдэкIэ увыным», — жиIащ Путин Владимир.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, ВДНХ-м Къэрэшей-Черкесым и Махуэр 2023 гъэм дыгъэгъазэм и 8-м щрагъэкIуэкIащ. Республикэр зи ужь ита дауэдапщэхэр хэти гунэс зэрыщыхъунум хуэдэу, программэ купщIафIэхэр игъэхьэзырри форумым ишащ.
Махуэр иригъажьэкIэрэ, Къэрэшей-Черкесым форумым зэрызыхуигъэхьэзырам и гугъу ищIа нэужь, гъэлъэгъуэныгъэм екIуэлIа москвадэсхэмрэ хьэщIэхэмрэ Темрезов Рэшид къахутепсэлъыхьащ ди хэгъуэгум и лъэкIыныгъэхэм. Абы нэхъ гулъытэ зыхуищIахэм ящыщщ увыIэгъуэ имыIэу ди лъахэм зыщызыужь туризмэр, зыми ебгъэщхь мыхъуну ди щIыналъэм иIэ щIыуэпс телъыджэр, промышленностымкIэ, мэкъумэш хъызмэтымкIэ, псэупIэхэр ухуэнымрэ коммунальнэ инфраструктурэхэмрэкIэ ехъулIэныгъэфIу диIэр.
Зэи къэмыхъуауэ, «Домбай», «Архъыз» курортхэм икIыу япэ телелъэмыжыр хэгъуэгум и Махуэм къыщызэрагъэпэщауэ щытащ. ЗэфIахащ нэгъуэщI дауэдапщэхэри: утыку ирахьащ декоративно-прикладной гъуазджэмкIэ цIыху IэпэIэсэхэм я лэжьыгъэхэр, «ХабзэфIхэр зезыхьэ щIыналъэ» зи фIэщыгъэцIэ театр гъэлъэгъуэныгъэр, яупщэфIащ лъэпкъ шхыныгъуэхэр, ирагъэкIуэкIащ къафэхэмкIэ мастер-классхэр, КъЧР-м щагъэкI продукцэхэм я жармыкIэр, нэгъуэщIхэри.

От admin

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *