КЪЭРЭШЕЙ-ЧЕРКЕС Республикэм щыщ, СВО-р здыщекIуэкI зауэ операцэ хэхам хэта, и ныбжьыр илъэс 21-рэ фIэкI мыхъуа­уэ «Орден Мужества», «Орден Святого Георгия», «За верность долгу» хэкупсэ медалхэр къызыхуагъэфэ­ща, СВО-м хэтхэм дэIэпы­къуэгъу яхуэхъу «Защитники Отечества» Фондым и хэгъуэгу социальнэ ко­ординатор адыгэ щIалэ хахуэр — Гусхэ Замир — Уры-сейм и Президентым и дзыхьщIэгъу хъуащ.

Зэкъым Замир теухуауэ ди газетым тхыгъэ зэрыте­тар. Ноби ди щIалэ хахуэм и цIэ къыщIитIуэн щхьэу­сыгъуэшхуэ диIэщ. АтIэ, Замир къыхуагъэфэщащ жэ­уаплыгъэ къызэрымыкIуэ зыпылъ пщэрылъ — ар Урысейм и Президентым и хэ­хыныгъэхэм Путин Владимир къуэтыну, и дзыхьщIэгъуу щытыну къыхагъэщащ. Абы щыхьэт тохъуэ иджы дыдэ Замир къыIэщIалъхьа, Урысейм и Центр-избиркомым къикIа щыхьэтлыкъ тхылъыр — удостоверенэр.

ГуфIэгъуэ дауэдапщэм щIэту ныбжьыщIэ гуейм щыхьэтлыкъ тхылъыр IэщIилъхьащ хэгъуэгу хэха­кIуэ штабым и аппаратым и унафэщI Алиев Мыхъутар.

«Дзыхь зыхуащI цIыхухэм пщэрылъ хьэлъэ яхьынущ — къэралым щыпсэухэм пыщIэныгъэ быдэ даIыгъынущ. Ди фIэщ мэхъу ди хэгъуэгум щыщ щIалэр — Гусхэ Замир щIыхь хэлъу Владимир Владимирович зэрыкъуэтынур.

Замир щIалэ хэкупсэщ, СВО-м къулыкъу щищIащ, а зэхэуэхэм я ветеранщ. Зэрихьа лIыхъужьыгъэм, къигъэлъэгъуа хахуагъэ къызэрымыкIуэм къыпэкIуа зауэ, къэрал нагъыщэхэр щIыхь лъагэ зыпылъщ. Дрогушхуэ апхуэдэ щIалэм», — щыжиIащ Алиевым и къэпсэлъэныгъэм.

«Владимир Владимирович и дзыхьщIэгъуу сыщытыныр сэркIэ щIыхь къызэрымыкIуэщ, абы къыдэ-кIуэуи, жэуаплыгъэ ин зы­пылъу солъытэ.

Лэжьыгъэ хьэлъэу щы­тынущ ар, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ дэ зэпыщIэныгъэ бы­дэ ядэтIыгъынущ хэгъуэгухэм щыпсэухэм, ахэр ди Президентым пытщIэнущ. ДызыIущIэну жылагъуэм яжетIэн диIэщ. АтIэ, ди гъащIэм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэр хомылъагъукIыну Iэмал иIэкъым», — жиIащ ди хэкуэгъу лIыхъужьым, Гусхэ Замир.

От admin

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *