Къалмыкъ Юрэ дэслъэгъуар сыт жыпIэу укъызэупщIмэ, псом япэу жыIэпхъэщ ар цIыху нэхуу зэ­рыщытар. Абы хэт хуэмы­зами, иджыри зэ хуэзэжыну, Iуплъэжыну щIэхъуэпст.

Ар къызыхэкIыр, сызэ­реплъымкIэ, Юрэ цIыхум и Iуэхур нэхъыфI зэрыхъу­ным хущIэкъуу зэрыщыта­ращ. Ар ауэ сытми зыгуэ­рым ирипсалъэтэкъым, атIэ зэрызэфIигъэкIыным пылът. ЦIыхухэм я зэхущы­тыкIэр — хабзэр, цIыху­гъэр — ахэр и гъуазэу Юрэ псэуащ. ИкIи дэтхэнэ­ри аращ дызэрыпсэупхъэр. Уи зэхуаку хабзэ дэмылъмэ, псори зэхэтхъуа мэхъу… ХабзэкIэ цIыхухэр зэхэзыгъэтыну зи гугъахэм я нэхъ пажэу СССР-м Юрэ къыщыунэхуат.

Юрэ сигу нэхъ къызэ­рызгъэкIыжыр епхащ 1991 гъэм накъыгъэ (май) ма-зэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм и япэрей зэхуэсым. Апщыгъуэм зэхуэсышхуэ щыIащ: дэнэ щыпсэу адыгэри къекIуэлIат Налшык къа­лэм. Мис абдеж хэхыныгъэхэр щыщIидзэм щыгъуэ, псоми зэдащтэу Къалмыкъ Юрэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и япэ зэхыхьэм и тхьэмадэу хахауэ щытащ

СызэреплъымкIэ, Юрэ иIэ зэхэщIыкIыр и нэгум къищу къыщIэкIынт, къы-жьэдэкIыр цIыхухэм я фIэщ хъут…

Сэ дэслъэгъуам нэхъ сыкъытеувыIэну сыхуейщ. 1992 гъэм бжьыхьэм Нал-шык къалэм цIыхухэм зы­къыщаIэтауэ щытащ. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуат хаб­зэншэу Щэныбэ Юрэ зэра­убыдауэ щытар. Ар жыла­гъуэ, адыгэ, Кавказ Iуэху-хэм куууэ хэтт. Ар щаубы­дым, Къэбэрдейм щыпсэу адыгэ мин бжыгъэм зы­къаIэтащ. Апщыгъуэм сэ­ри, ди хэгъуэгум щыщ нэгъуэщI щIалэхэри жэщ-ма­хуэ имыIэу Налшык ды­щыIащ  щыIащ. ИкIи, апщыгъуэм Къалмыкъ Юрэ гъэщIэгъуэн куэд дэслъэгъуащ. Апхуэдэу, жэщу къалэм дыдэту, Ленин уэрамым тет печатымрэ телевиде­нэмрэ я унэмкIэ цIыхухэр зэрехьэжьащ. Абдеж къэ­ралыдзэм я БТР машинэм и шэрхъхэр ягъэпщэхри, абы ис экипажыр къралъэфыну зэрахуэт. Зызыгъэбыдауэ машинэм исхэм я нэхъыжь офицерым жиIащ: «Сэ сыникIынущ. Ауэ Къал-мыкъ Юрэ къафшэ». Абы къикIыр сыт? Апщыгъуэми дзэм хэтхэм Юрэ зыхуэдэр фIыуэ яцIыхуххэт.

Апхуэдэм цIыхухэр зэ-щIэзыгъэстыр куэд мэхъу. Апщыгъуэми арат. «Дывгъэгъэси, дыкIэрывгъэкIыж» жаIэт зыгуэрхэми. Ауэ Юрэ и гъуэгур нэгъуэщIт — хабзэр, псалъэр, цIыхухэм я зэхуаку къыдэхъуа зэгу­рымыIуэныгъэр зэхэгъэкIынрат. Юрэ зэи жиIэнутэкъым ухъуанэу, бзаджэнаджагъэ зепхьэу, унэ зэхэп­къутэу, машинэхэр бгъэуфэрэнкIыу уи Iуэхур зэхэбгъэкIыпхъэу. Абы и щхьэ апхуэдэ зэи къэкIынутэкъым икIи укъыхуриджэ­нутэкъым.

БТР-мкIэ дгъэзэжынщи, экипажыр зэрылъэIуауэ Юрэ къахуэкIуащ. Абдеж ар си нэIуасэххэти, фIэхъус етхри, Iуэхур зытетыр жетIащ. БТР-м бгъэдыхьэри, исхэм япсэлъэн щIидзащ. Офицер щIалэщIэр къикIри, жиIащ ищхьэкIэ къы­хуащIа  унафэр зэригъэза­щIэр. ЖыIэпхъэщи, ищхьэкIэ иджыри зы унафэ къа­хьамэ, къалэм иджыри БТР бжыгъэ къыдагъыхьэфы­нут. Арати, Юрэ офицерым жриIащ ар итIысхьэжыну, земыкIуэжыф БТР машинэр щIалэхэм зэралъэфыжынури къыпидзащ. Апхуэдэуи ящIащ.

Къалмыкъ Юрэ апхуэ­дизкIэ цIыху хахуэт, гу кIуэцIылъти, абы жиIар пхыкIащ. Абы и цIыхугъэр лъагэт, зыми щышынэтэкъым. И цIыхугъэкIэ, и нэ­хугъэкIэ цIыху бзаджэнаджэм текIуэт. Апщыгъуэм абы Нало Заур тхьэмыщкIэри и гъусэт. Куэд щIауэ дэтт тIури. Арати, Заур жиIащ: «Юрэ, сезэшащ». «Сэри сезэшащ», — жэуап къитыжащ Юрэ. Абдеж псори зэхэтт, мы псалъэ­макъыр куэдым зэхахащ. «Сы-сымаджэщ», — жиIащ Заур. «Сэри сысымаджэщ», — пидзэжащ Къалмыкъым. «АтIэ, дыгъэкIуэж», — аргуэру жиIащ Налом. «Хьэуэ, ды­кIуэжынукъым. ЦIыхухэр зэхэтщ, дэри дыщытынущ», — жиIащ Юрэ…

Мис абы къегъэлъа­гъуэ Юрэ хэлъа хьэл-щэныр. Езыми пщIэ зыхуищIти, цIыхухэми яхуищIт. Пэжщ, сымаджэт. И лъыр дэкIуей зэпытт. И гъащIэр пIалъэ кIэщIу къыщIэкIащ…

Иджы а Iуэхугъуэ блэкIахэм согупсысыжри, Юрэ хуэдэ цIыху къыкъуэмы­кIатэмэ, а цIыху мин бжы-

 гъэм ящыщ куэд, лъэны­къуитIымкIи, а хьэргъэшыргъэм хэкIуэдэнут. Хэт сыт жиIэнкIи хуитщ, апхуэдэ насыпыншагъэр къыщIэмыхъуар зи фIыщIэр Юрэщ. Куржы-абхъаз зауэр къы-щыхъеям, Юрэ хуэдэхэращ цIыху куэд хэмыкIуэдэныр зи фIыщIэу щытари.

Юрэ и хъуапсапIэу щы­там сыщыгъуазэщи, ари къыхэзгъэщыну сыхуейщ. 1996 гъэм абы жиIат: «Аль-берт, си хъуапсапIэр пцIыхурэ? Мы ди къуажэм зы унэ щыдэсщIыхьу сыщыпсэуну… Си ныбжьри хэкIуэтащ, пенсэм сыкIуэмэ, ди къуажэжь сыщыпсэунущ. ПщэдджыжькIэ Инжыдж псыхъуэм сы­дыхьэрэ тIэкIу къэскIухь хуэдэу…»

Абы и хъуапсапIэр дгъэзэщIэну тхузэфIэкIатэмэ, сыту дэгъуэт. Унэ дэтщIы­хьу, Юрэ и пщIантIэ иIэжу, абдеж хуэгъэпса музей щыIэу… Сыту жыпIэмэ, Юрэ и кхъащхьэм, иригъэджахэм щыщ куэд къуажэм къы­хуокIуэ. Ахэр кхъащхьэм бгъэдэсщ, тхьэ хуолъэIу. Ар гъэщIэгъуэнщ. Куэд и уасэщ апхуэдэу ягу укъинэ­ныр. СызэреплъымкIэ, Къалмыкъ Юрэ Тхьэм и пащхьэ напэ хужькIэ ихьэжахэм ящыщщ. И унагъуэр Тхьэм игъэпсэу! Лъэпкъми Юрэ щапхъэ хуэхъуу и гъуэгум дытригъыхьэж! Къалмыкъ Юрэ ди гум илъщ икIи икIынукъым.

АДЭМОКЪУЭ Елбэрд, жылагъуэ Iуэхузехьэ

От admin

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *