Илъэсыжь дгъэкIуэтам ди лъэпкъым и къуэфI, хэкупсэ-лъэпкъыпсэу дунейм тета, щIы хъурейм щипхъыхьа адыгэм и тхыдэм зи цIэр мылIэжыныпсэу къыхэзына цIыху щыпкъэ тхихыжащ —

ХУТЭ Михаил Исмэхьил и къуэр дунейм ехыжащ.

Ар 1953 гъэм мазаем (февралым) и 12-м АлиБэрдыкъуэ къуажэм къыщыхъуащ. Михаил и гъащIэр — лъэпкъым гукIи псэкIи хуэлIыщIэным и щапхъэщ. А лIы щыпкъэращ дуней хъурейм япэ дыдэ зыхузэфIэкIар Кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэм я фэеплъ сын гъэувыныр. Хэти яцIыхуж а Iуэхур къызэрекIуэкIар, 1989 гъэм и зы жэщ кIыфIым Хьэгъундыкъуей адыгэ къуажэжьым дэт Iуащхьэжьым фэеплъ мывэ къызэрытеувауэ щытар. Абы зи фэеплъ игъэщыпкъэр зи Хэкум и щхьэхуитыныгъэм щIэзэуа, Кавказ зауэм зи щхьэр щызыгъэтIылъа адыгэхэрат. Апхуэдэ лIыгъэр зыхузэфIэкIар Хутэ Михаилт. Псэ къару быдэ зыхэлъа, къызыхэкIа и лъэпкъым и тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ я хъумакIуэ емышыжу щыта, щIыхь ин зыбгъэдэлъ къуэфIу лъэпкъым игу къинэнущ Михаил. АдыгэлI нэсу щыта апхуэдэ цIыхушхуэр зэрытхэкIыжар гущIыхьэ ин тщыхъуауэ, хэщIыныгъэ зыгъуэта Хутэхэ, зэрыадыгэ лъэпкъыу, къыдалъхуахэмрэ и Iыхьлыхэмрэ дахуощыгъуэ. Дунейм ехыжар Тхьэм жэнэткIэ игъэгуфIэ.

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм, ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэр КъЧР-м и Адыгэ Хасэм и Советым хэтхэр «Черкес хэку» газетым и лэжьакIуэхэр

От admin

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *