АСЛЪЭНХЭ Алий, КъЧРм и АдыгэХасэм и тхьэмадэ: «Къулыкъу щIэным —щIыхь пылъщ»
Адыгэхэм я тхыдэм къыхощыж ди лъэпкъым сыт щыгъуэ лъэхъэни лIыгъэ хэлъу, зыщыпсэу къэралым и щIыхьыр ихъумэу къызэрекIуэкIар. Ноби аращ зэрыщытыр. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, адыгэм и лъым хэлъщ щыпкъагъэр, лIыхъужьыгъэр, дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэм зыщIигъэкъуэным зэи шэч къызэрытримыхьэр. Абы и щапхъэщ СВОр зэрыщIидзэрэ ди адыгэ къуажэхэм дэкIа щIалэгъуалэм я псэ емыблэжу Хэкур хъумэным, гузэвэгъуэ ихуа цIыхухэм къащхьэщыжыным, нацизмэм,…