Зытелэжьэнум

Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид лэжьыгъэ IуэхукIэ IущIащ УФ-м и Къэрал Думэм КъЧР-м къыбгъэдэкIыу хэт депутат Узденов Солтан.

Депутатым и гугъу ищIащ ди хэгъуэгум щыпсэухэм зэраIущIам, абдеж къыщаIэта упщIэхэр и нэIэм зэрыщIигъэувам икIи, республикэм и Правительствэмрэ муниципальнэ къэхъугъэхэм я унафэщIхэмрэ щIыгъуу, ахэр зэфIэхыным зэрелэжьынум.

ЛъэныкъуитIыр нэхъыщхьэу зытепсэлъыхьахэм ящыщщ лъэпкъ проектыщIэхэмрэ федеральнэ программэхэмрэ гъэзэщIэным, хэгъуэгум и экономикэ-социальнэ лъэныкъуэхэм зегъэужьыным, цIыхухэм я щыIэкIэ-псэукIэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIа жэрдэм-

хэм жыджэру хэлэжьыхьыным, ди щIыналъэм и щIыуэпсым и щытыкIэм, къуажэхэр зыхуей хуэгъэзэным, къалэхэмрэ къуажэхэмрэ егъэфIэкIуэным яхьэлIа упщIэхэм.

Тепсэлъыхьахэщ Хэку зауэшхуэм и ветеранхэмрэ зауэ операцэ хэхам хэт ди зауэлIхэмрэ защIэгъэкъуэным, щIалэгъуалэр хэкупсэу гъэсэным, нэгъуэщIхэми.

ЗэIущIэм и кIэм Темрезов Рэшид депутатым фIыщIэ хуищIащ и хэкуэгъухэм я гъащIэр егъэфIэкIуэным ехьэлIауэ лэжьыгъэ купщIафIэ зэрыригъэкIуэкIым папщIэ.


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *