Зыщ ди гъуэгур, зыщ ди гъуазэр

«Лъэпкъ зэкъуэтыныгъэр — Урысейм и къарущ!» къыхуеджэныгъэм щIэту, Черкесск къалэм дэт е 11-нэ щIэнгъуазэмкIэ Купсэм Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэн щекIуэкIащ. ЖыIэпхъэщи, ар хъуащ илъэс псом ирагъэкIуэкIыну лэжьыгъэшхуэм и пэублэ. Iуэхум и къызэгъэпэщакIуэу щытащ Купсэмрэ Жылагъуэ палатэмрэ.

Зэкъуэтыныгъэм и Илъэс лэжьыгъэр мы еджапIэм къыщызэIуахым хэтащ Купсэм и унафэщI, КъЧР-м и Жылагъуэ палатэм и пашэ Ляшовэ Еленэ, КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм и депутатхэу Щынахъуэ Кърым, Гуэнэ Игорь, Аслъэнхэ Алий, Ганшин Алексей, КъЧР-м лъэпкъ IуэхухэмкIэ, цIыхубэ зэпыщIэныгъэхэмрэ печатымрэкIэ и Министерствэм СМИ-хэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм и унафэщI Аджиев Руслан, лъэпкъ газетхэм я редакторхэр, е 11-нэ щIэнгъуазэ Купсэм илъэс куэд хъуауэ благъагъэ — кунак зэпыщIэныгъэ быдэ зыдиIыгъ Зеикъуэ курыт еджапIэм къыбгъэдэкIа, еджапIэм и унафэщI Уэрзэлы Ларисэ зи пашэ гупыр.

ИкъукIэ гухэхъуэрэ гушхуэныгъэм узэщIезыгъэубыдэ теплъэгъуэкIэ ирашэжьащ Iуэхур: сабий IыгъыпIэм и гъэсэнхэр, класс нэхъыщIэ дыдэхэм хэс еджакIуэ цIыкIухэр утыкум гъэжауэ къиувэри, УФ-м, КъЧР-м я гимнхэр жаIащ, балигъхэм я Iэгуауэ инри къахьэхуащ. ЗэпыщIэныгъэ зэдэзыIыгъ еджапIитIым къабгъэдэкIа лъэпкъ шхыныгъуэхэр я Iэгухэм иту, псалъэ гуапэхэр щIыгъужу, еджакIуэхэм хьэщIэхэм бгъэдахьащ. ФIэхъус, Iуэхупежьэ Iыхьэр зэфIэкIри, утыкум хьет щыжрагъэIащ еджакIуэхэм. Лъэпкъ къафэхэр къащIащ, уэрэдхэр жаIащ, усэхэм къеджащ. ЩIэджыкIакIуэм и нэгум къыщIэдгъэхьэн хьисэпкIэ щапхъэ зы-тIущ къэтхьыну дыхуейщ:

«Матушка земля» уэрэд цIэрыIуэр лъэпкъыбзэхэмкIэ зэIэпахыу жаIащ еджакIуэхэм, апхуэдэ къабзэу усэхэр лъэпкъыбзэ зэхуэмыдэхэмкIэ зэIэпахыурэ, зым жиIэм адрейм пидзэурэ утыкум щагъэIуащ. Утыкум итащ лъэпкъ зэхуэмыдэхэм я фащэхэр екIупсу зыщыгъ пщащэхэр, щIалэхэр. А псоми уардэу ящхьэщытыжт еджакIуэхэм лъагэу яIэта къэрал, хэгъуэгу ныпхэр, къэрал плъыфэхэр, хэгъуэгум и теплъэгъуэхэр зэгъэпщIылIа дамыгъэхэр. КъызэрымыкIуэт икIи гущIэм щIэIэбэу узыгъэпIейтейт апхуэдэ теплъэгъуэхэр.

А псори зи пащхьэ кърахьа балигъхэр, хьэщIэхэр жумарту япэджэжащ ныбжьыщIэхэм, сабийхэм я зэфIэкIымрэ зэхэщIыкIымрэ, фIыщIэ, тезыгъэгушхуэ псалъэхэр гъунэжу хуагъэфэщащ. Къыхагъэщащ я пащхьэ щекIуэкIа Iуэхугъуэм еджакIуэхэри егъэджакIуэхэри хуабжьу жэуаплыгъэ лъагэкIэ зэрыбгъэдыхьар, ар лъэужьыншэ зэрымыхъуам и щыхьэт утыкум щекIуэкIа зыкъэгъэлъэгъуэныгъэ лъэщхэр зэрыхъуар. ФIыщIэ хуа щIащ къызэгъэпэщакIуэхэми, утыкум къихьа щIэблэ губзыгъэми. Щынахъуэ Кърым и гуапэу игу къигъэкIыжащ Зеикъуэ къуажэ еджапIэм щылэжьа, нэгъуэщI лъэпкъхэм къахэкIа егъэджакIуэхэр, Хэку зауэшхуэм хэтахэр, а еджапIэм къыщIэкIа куэд нобэ СВО-м зэрыIутыр. АтIэ, а псори лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм и щапхъэ нэрылъагъущ. — Дэтхэнэ къэралми и къарур и зэкъуэтыныгъэращ. Къытпэлъэщын щыIэкъым мыпхуэдэу дызэкъуэтмэ. Ди нэхъыжьхэм къытхуагъэна щIэин уасэншэм дыхуэфэщэну, тхъумэну ди къалэнщ. Пщэдейр зейр нобэ мы ди пащхьэ къихьа щIэблэращи, псоми сывохъуэхъу къэкIуэну нэхукIэ, гугъэфIхэмкIэ, ехъулIэныгъэхэмкIэ! — жиIащ Гуэнэ Игорь.

«Адыгэ Хасэ» зэщIэхъееныгъэм, и щхьэкIэ къыбгъэдэкIыу хъуэхъу псалъэхэмкIэ псоми захуигъэзащ Аслъэнхэ Алий. Абы къыдэкIуэу, къыхигъэщащ Купсэм сыт щыгъуи и гуащIэрэ жэрдэмрэ республикэ, къэрал, жылагъуэ тхыдэ къэхъукъащIэхэм, екIуэкI Iуэхугъуэхэм зэрыхилъхьэр. — Сабийхэм Гимныр жаIэу, балигъхэм абы жыру зыдагъэжу щызэкъуэткIэ, ар уардагъэщ, къарущ. БзэкIэ, хабзэкIэ, динкIэ, куэдкIэ дызэмыщхьми, ди Хэку фIылъагъуныгъэкIэ дызэщхьщ, дызэакъылэгъущ, — къыхигъэщащ Аслъэнхэ Алий. — Зыуэ щытын, зэкъуэтын псалъэхэм псори дызэхуэдэн, дызэщхьын хуейуэ къытхуигъэувкъым, ауэ абы дыкъыхуреджэ псори зы мурад нэхум, пэжыгъэм, фIыгъуэм дызэдыхуэкIуэным. Зэкъуэтыныгъэр — ди къа рущ, дызэкъуэтмэ зыри къытпэлъэщынукъым! — жиIащ Ганшин Алексей.

— Дэ псори зы къэралщ дызибыныр, дрогушхуэ ди Хэку Урысейм, дробжьыфIэ дызыщыпсэу Къэрэшей-Черкесым. Дылъэпкъ зырызщ, ауэ дызэкъуэтщ. Абы и щыхьэтщ къытхуеблэгъа ди благъэхэр. Ахэр Зеикъуэ къикIащ. ИлъэсипщIкIэ узэIэбэкIыжмэ, Къэзэнокъуэ Кърым къыхилъхьауэ щыта чэнджэщ хьэлэмэтым тету, Зеикъуэ курыт еджапIэмрэ щIэнгъуазэмкIэ Купсэмрэ зэдэлэжьэныгъэ, хьэщIагъэ зэпыщIэныгъэ зэдэтIыгъщ. Ари и щапхъэкъэ, атIэ, зэкъуэтыныгъэ быдэм. Тхьэм фигъэпсэу къытхуеблэгъа псори!

Сывохъуэхъу нобэ етшэжьа IуэхумкIэ, зэкъуэтыныгъэм и Илъэсыр къызэрызэIутхамкIэ! Шэч хэлъкъым нобэрей зэхыхьэм хуэдэхэр щэнхабзэкIэ дызэхъуэжэнымкIэ зэрыIэмал хьэлэмэтым. Абы къыщымынэу: цIыху зэхущытыкIэхэр, зэпыщIэныгъэр гъэбыдэным зэрыщхьэпэм. Аращ, атIэ, зэкъуэтыныгъэм и Илъэсым и купщIэри — жиIащ КъЧР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщIым.

ТУАРШЫ Ирэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *