Зи пшынэбзэр дахащэ

Пшынауэ Iэзэм нэгъуэщIу елъагъу уафэмрэ щIылъэмрэ, ар цIыхугуми, хы лъащIэми, къуршхэм я нэхъ лъагэ дыдэми носыф и псэм къиIущэщ нотэ мытхахэмкIэ. Хэт ди адыгэм апхуэдэ зэфIэкI зиIэу нобэ къытхэтыр жыпIэу угупсысэмэ, япэу уи щхьэм къэкIыр, Тхьэм ирещIи, нэрыбгэ зытIущщ. Апхуэдэ зыщ мы тхыгъэмкIэ зи гугъу фхуэтщIыну щIалэр — Адыгэ Республикэм, Къэрэшей-Черкесым, Ингушетием щӏыхь зиӏэ я артист ЛIЫБЗУ Аслъэн Нурдин и къуэр. Абы и ныбжьыр мы гъэм илъэс 45-рэ зэрырикъуамрэ Ищхъэрэ Кавказым и хэгъуэгу зэхуэмыдэхэм юбилей концертхэр къыщитыну зэримурадымрэ щызэхэтхым, зыпытщIэри депсэлъащ и творческэ лэжьыгъэм и Iуэху зыIутым теухуауэ.

— Аслъэн, Интернетым куэду дыщрохьэлIэ жэпуэгъуэм и 6-м Краснодар, дыгъэгъазэм и 1-2 махуэхэм Мейкъуапэ концерт къыщыптыну зэрызыбгъэхьэзырым и хъыбарым. Мызыгъуэгум уи творчествэм кIэлъыплъхэм яхуэпшэну макъамэ программэр сыт хуэдэ?

— Адыгэ уэрэд фIэкIа щӏэмылъу, оркестр жыпхъэм иту зы проекти Кавказ псом щыбгъуэтынукъым улъыхъуамэ, дыдейм хуэдэу телъыджэу. Дэ дгъэхьэзыра проектым хэтщ Ипщэ федеральнэ хэгъуэгум и къалэ зэмылӏэужьыгъуэхэм къыдэкӏа, лъэпкъ зэхуэмыдэхэм къахэкIа музыкант ӏэзэхэр. Илъэситӏ ипэкӏэ ар КъЧР-м и цӏыхухэм я пащхьэ итхьат икӏи, апщыгъуэм къалэ зыбжанэм къыщыдгъэлъэ гъуа программэр, фэ фхуэдэу нэгъуэщI къалэхэм зэрамыIэтар, шэч хэмылъу, къыхэзгъэщыну сыхуейт. Мызыгъуэгум къэдгъэлъэгъуэнур лъэпкъ макъамэм и мызакъуэу, нью-эйдж, неоклассикэ щӏыкӏэм тету тха уэрэдхэращ, тIэкIу къэгъэщӏэрэщӏэжауэ. Ди артистхэмрэ музыкантхэмрэ зэчий ин зыбгъэдэлъ нэрыбгэхэр къахэхъуащ иджы, зым нэхърэ адрейр нэхъ лъэщыжу.

— Фэ вгъэлъагъуэ программэм хуэбгъадэ хъун адыгэм иджыри имыгъэхьэзырауэ жыпIащ. ЦIыхур, дауи, еуэ къэс зэхихым, илъагъум тезэшэныр и хьэлщ. Мыгъэрей фи программэм сыт хэфлъхьэфа зэхъуэкIыныгъэу, щIэщыгъуэу?

— Ди проектым и зэфIэкIым адэкIи зэрызедгъэужьыфыр дэгъуэщ. Ар япэу зэхэзыхар, нэжэгужэ мыхъуу е ихъуреягъыр махуэщIу зыхимыщIэу къэнэнукъым. АтIэ, ди гупым хэт артист 15-м щӏигъур фонограммэншэу мэлажьэ, дыгъуасэ нэхърэ нобэ нэхъыфIу зыкъагъэлъэгъуэным хущIокъу, псэкIэ жаIэ, ягъэзащIэ уэрэдхэм хуабагърэ нэхугъэу халъхьэр цIыхугухэм нагъэсу. Цӏыхубэ, лъэпкъ уэрэдхэр нобэрей гъащIэм хэзагъэу къыщыдогъэлъагъуэ иджырей эстрадэми пасэрей хабзэми я IукIэхэм иту, ахэращ ди IэдакъэщIэкIхэм зыми хуэмыдэ, зыми емыщхь плъыфэ къайзытыр. Сэ сызыщыпсэу Мейкъуапи, ди оркестрым хэт куэдым я къалэ Краснодари дыщеблэгъэну махуэхэм дытемыпыIэжу дожьэ. Тхьэм дахэкIэ дызэхишэ!

— Фи оркестрым хэт музыкантхэм я цӏэхэр къипIуамэ хъарзынэ хъунут: хэт сыт хуэдэ ӏэмэпсымэр и пщэ дэлъми, хэт уэрэд игъэзащIэми къыхэбгъэщхьэхукӏыурэ…

— Бэрэбанхэм еуэр Сарьян Хачикщ, бас гитарэм Орвачев Сергейщ, соло гитарэм Демченко Иванщ, шыкIэпшынэм Сагарьян Спартакщ, фэтIырбэм (доул) Адамян Романщ, къамылым Кусенко Максимщ, кларнетым Аваков Александрщ, пианином Семеновэ Ксениещ, бзэпс пшынэхэм Гаспарян Юрий, Митус Светланэ, Шигинэ Оксанэ, Мануйловэ Викторие сымэщ, уэрэджыIэхэр Мэкъуауэ Маринэрэ Жьэлкъэший Айнарэрэщ. Проектым и зэхэублакIуэри и солистри сэращ. Жысӏэнщи, ди проектыр теухуащ си творческэ лэжьыгъэр мы гъэм илъэс 25-рэ зэрырикъур гъэлъэпӏэным.

— Адыгэхэр зыщыпсэу къэралхэм ущыхьэщIащ иджыблагъэ. Уи творчествэм и къэухьым зиужьынымкIи, уи цIыху хэтыкIэм зихъуэжынымкIи, уи щхьэкIи апхуэдэ ежьэхэм сыт къыуатыр?

— Гъуэгуанэ жыжьэхэр къызэпысчу, адыгэм псэупIэ хуэхъуа нэгъуэщI къэралхэм сыкIуэну сыхъуапсэт сызэрыцIыкIу лъандэрэ, си нэ къыхуикIт мы щIы хъурейм щызэбгрыпхъа ди лъэпкъэгъухэм си творчествэр язгъэлъагъуну. Икӏи, Тхьэр къысхуэупсэри, ар схузэфIэкIащ 2006 гъэм, Иорданием, Израилым и адыгэ къуажэу Кфар-Къамэрэ Рихьэниерэ щекIуэкIауэ щыта фестивалхэм сыщрагъэблэгъам. Абдежым сэ къыщызгъуэтащ нэIуасэ  щIэхэр, си уэрэдхэр зигу дыхьэхэр икIи, хьэрып къэралым сыкIуэ зэпыт хъуащ. ХамэщI си лъэ зэрисчам къысхузэIуихащ нэгъуэщIыбжэхэри: Тыркум, Германием, Франджым дэс адыгэхэм сахуеблэгъащ музыкэр си щхьэусыгъуэу. А къэралхэм къинэмыщӏауэ, Канадэми Америкэм и Штат Зэгуэтхэми нэсхусащ. Си адэжь Хэкум адэжкIэ сызэрыщыхьэщIэ зэпытыр си творчествэм хуабжьу щхьопэ. ИкъукIэ гъэщӏэгъуэнщ блэкIам ижь зыщIихуа си уэрэдхэр хэхэс адыгэхэм зэранэзгъэсыфыр. Сежьэху гъащIэм къыспэщIегъахуэ уи дзыхь зэбгъэз хъуну ныбжьэгъухэр, сыт хуэдэ Iуэхури къыбдаIыгъыну хьэзыру. А псоми сэркIэ фейдэ щIыхэлъыр, къызэрысщыхъумкIэ, хэхэс нэхъыжьхэми нэхъыщIэхэми я щыIэкIэпсэукIэр, зыгуэрым къызжиIэ нэхърэ, сэ слъагъуну зэрыслъэкIращ. Зи бзэм, зи щэнхабзэм, зи лъэпкъ уэрэдхэм папщIэ псэу артисту ущыту, уи IэдакъэщIэкIым гулъытэ къызэрыхуащIыр щыплъагъукIэ, уи лэжьыгъэр нэхъыфIыжу плъагъуу уохъу. КIэщIу жыпIэмэ, хамэщI ис адыгэхэм сахыхьэныр — тыгъэщ, щIыхьщ икIи щIэныгъэщIэщ!

— Упсэу, Аслъэн! Уи пшыхь гухэхъуэхэм сыт щыгъуи пэплъэу щысхэм яхуэбгъэхьэзыра концертхэр уэ узэрыхуей дыдэм хуэдэу зэфIэкIауэ, уи гупри, къывэдэIунухэри арэзы фщIауэ къыщIигъэкI. Тхьэм фиузэщI!

Епсэлъар ЛЫХЬ Тимурщ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *