Хъумэрэ (Абыкъухьэблэ) къуажэжьым и жьантIэр зылъысауэ, пщIэшхуэ зыхуащIу XX лIыщIыгъуэм ипэхэм псэуащ нэхъыжьыфI ТЕМЫР Темыркъан Хьэтыжь и къуэр. Мы дадэм къикIуа гъащIэ гъуэгум и зы кIапи къэзубыду хуэфэщэн псалъэ хужызмыIэфынкIэ хъунт, абы и къуэрылъху Умар зымахуэ сыкъилъыхъуэу, ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 30 зэрырикъуар хъумэрэдэсхэм зэрагъэлъэпIар иту къигъуэтыжа сурэтыр къысIэригъыхьэн щхьэкIэ зыкъысIуимыгъэщIамэ.
Си гуапэ хъуащ Умар ди газетым и щIэджыкIакIуэ пэжу зэрыщытыр, ар къыщыдэкI махуэхэр къыхунэмыгъэсыжу, адыгэм и дунейм хэмыгъуэзауэ къэнэныр фIэемыкIуу.
«ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ» жи адыгэм. Ауэ, нобэ хэт а псалъэжьым куууэ хэгупсысыхьыр, е хэт щыгъуазэр лIакъуибл зяку дэлъ зэIыхьлыхэм унагъуэ зэдащIэну зэрыхуимытым? Абы адыгэхэр ткIийуэ кIэлъыплът, щыуагъэ зэраIэщIэмыщIэным егугъут. Мы къэсхьа псалъэжьыр зэуэ сигу къыщIэкIыжари щхьэусыгъуэншэкъым. ЛIэужьыр бжьиблкIэ уэр щыгъэтыжа, Умар уэрсэру ецIыхуж къызытехъукIыжа лIэужьийм я цIэхэр.
Ахэр къызэрысхурибжэкIам хуэдэуи нывжесIэнщ: Умар и адэр Тэлостэнщ, Тэлостэн и адэр Темыркъанщ, Темыркъан и адэр Хьэтыжьщ, Хьэтыжь и адэр Хьэнахъущ, Хьэнахъу и адэр СулътIанщ, СулътIан и адэр Мыхьмудщ, Мыхьмуд и адэр Иласщ. Иужьрейм деж къыщожьэ Абыкъухьэблэ къуажэм япэу дэтIысхьа Темырхэ я къуэпсыр.
Умаррэ сэрэ дызэбгъэдэсыхун Iэджэм сыхигъэдэIуащ, си щхьэр куэдым хуигъэжащ. Ныбжь дахэ ит лIым къыхудэвеяуэ и гущхьэм телъ къомыр сэ къысхуиIуэтэжыну зыкъызэрызигъэзам сригушхуэт. И деж сызэрыкIуэнумкIэ пасэу дызэгурыIуати, Iуэху ищIри къигъэхьэзыращ зэманым гъуэжь ищIауэ и унагъуэм щыхъума сурэт ныбжьрейхэр. Ахэр здызэпысплъыхьым, занщIэу си нэр ятедиящ джэдыгу хуабэкIэ хуэпа жьакIэху лIыжьитIым — Темыркъан и шынэхъыщIэ Айдемыркъан бгъэдэсу зэрыт сурэтым.
Темыркъан 1848-1957 гъэхэм псэуауэ, илъэси 109-рэ къигъэщIауэ и щIыбым зэрытратхар, си фIэщ схуэщIакъым, езыри и къуэшри я фэкIэ апхуэдиз яхуумыгъэфэщэну жырыпкъхэти. «Къуажэ щхьэлтету щытащ Айдемыркъан. И IэщIагъэм дэгъуэу хищIыкIт, къабзэу хьэжэти, Iэгъуэблагъэм исхэм беягъэу къалъытэт абы и деж щыхьэжэныр», — къызжиIащ Умар.
Бысымым иришэжьа гупсысэр зэпыуду хузэпымыщIэжмэ жысIэри, Умар селъэIуащ и дадэжьым теухуауэ зыщыгъуазэмкIэ къыздэгуэшэну. ИкIи, згъэщIэгъуащ жиIэжын куэду зэриIэр, абы щыгъупщакъым и цIыкIущхьэр зэрекIуэкIари, и нэхъыжьхэри, и хьэблэгъухэри, лэжьэгъуу, ныбжьэгъуу и гъащIэм хэтахэри.
Темыр Темыркъан бжьахъуэу, пхъащIэ лъэрыхьу щытащ. КIей жыгым къыхищIыкIауэ шыгу бэлыхь иIэт абы. Умаррэ и адэ къуэш ГъукIэмыхъу Алий и щхьэгъусэ Любэрэ етIуанэ классым щыхэсам, унэм къызэрысыжым хуэдэу, Темыркъан мэзым здишэт, Къуэбыдэ и ищхъэрэкIэ, Къуэбыхъум пхъэ гъур къаригъэщыпар ябг кърипхэтаби, ущу къригъэхыжт, езыр гулъэм тесрэ я ужь иту. «Жыгей щIэхъукIэ» еджэу Хъумэрэ щыIэ хъупIэм и задапIэм деж ди дадэ и бжьаIуэр гъэмахуэ псом тетт. Уэшхым матэхэр имыгъэфын папщIэ, къамыл къипщIурэ гъуанэхэр икудэт, псыхъуэм дыхьэурэ чы къыпиупщIт. Ахэр хьэщIэ къыщыхуэкIуэкIэ яритт. Нобэ хуэдэу сощIэж абы Уэзрокъуэхэ щынысэ и шыпхъу КIуакIуэ, и щхьэгъусэ Джэху щIыгъуу шыгукIэ Хьэбэз никIыурэ фIамыщIышэ Хъумэрэ щынакIуэкIэ, фо матэ къахуихьт, ятIагъуэ лъэгум тригъауэти, пэгун зытIущ зэрыхуэн тепщэчышхуэм иригъэфахъуэт хужьрэ тхъуэплъ хъужа фо хьэкIуэр. Апхуэдэу къэуат щIэлъу игъэхьэщIэну фIэфIт и малъхъэмрэ и шыпхъумрэ. И джыдэ цIыкIур и бгырыпхым дих и хабзэтэкъыми, къуажэдэсхэм «ТIатIу и джыдэр и хьэзырщ» жаIэт», — и гукъэкIыж лъапIэхэмкIэ егъэзэж Умар.
Каменномост къуажэм щыщ Кущетеровхэ Заурбэч ныбжьэгъуфIу иIэт Темыркъан. ШыдитI зыщIэщIа гу цIыкIукIэ ар Темырхэ яхуэкIуэурэ щыхьэщIэ зэпытт. Темыркъани къэрэшейхэм я нэ — я псэти, якIэлъыкIуэу заримыгъэгъэхьэщIэжмэ, зыкъыхуагъэгусэт.
Кавказ зауэр щиухам, Темыр Темыркъан и ныбжьыр илъэс пщIыкIухым итт. Дауи, абы имылъэгъуакIэ, имыгъэунэхуакIэ къэнакъым адыгэм ди лъапсэр изыха зэпэщIэтыныгъэ кIыхьым и дыджри и лъынэпсри. 1941 гъэм СССР-м нэмыцэхэр къизэрыгуэу Хэку зауэшхуэр къыщыдащIэкIам, Темырыр илъэс 93-м нэсат, ар ящыщт хъумэрэдэсхэр чэнджэщ губзыгъэкIэ зыщыгугъ нэхъыжьыфIхэм.
Жыщхьэ махуэ дахэкIэ Тхьэр къызыхуэупса лIым къыщIэхъуащ къуищрэ пхъуищрэ — Щэмел, Мусэ, Тэлостэн, Дау, ФатIимэт, Фаризэт сымэ. Абырэ Айдемыркъанрэ зы къуэш курыт яIэт, Хьисэ (Цу) и цIэу. КIуакIуэ къыкIэлъыкIуэу, Гуэгунэ, Iа сыми я шыпхъухэт.
ЛЫХЬ Тимур
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.