Зы къэбэрдей лIы хэкIуэта къежьат ЛабэкIэ дэс и Iыхьлыхэр илъагъуну. ПсыхъуитI зэпича нэужь, езыри ешат, ишри улэуати, псынащхьэ гуэрым къыщыувыIэри, шым уанэр трихащ, щэлъахъэр иритащ. Шэджагъуэ нэмэз щIыгъуэти, амдез къищтэщ, и щIакIуэр иубгъури, теуващ нэмэз ищIыну. КъыздикIари къыздихуари имыщIэу зы шу къыкъуэкIри, зэман лей имыгъэкIуэду шым щэлъахъэр трихыу щIидзащ.
ЛIым и нетыр икъутэ хъунутэкъыми, зыбжанэрэ «тIуIу-тIуIу» жиIащ. Ауэ къемыдэIуу лъахъэр и пщэм иридзэщ, шыр иришажьэри ежьэжащ. Нэмэзыр щиухым жыжьэфIу шум егуоуащ: — Уэ щIалэ, умыщIэ а делагъэр, уэрэ сэрэ дызэныбжькъым, сэ гъуэгу сытетщ, — жиIэри. КъедэIуакъым, шыр фIихуащ. ЛIыжь къэнам сыт ищIэнт, уанэмрэ щIакIуэмрэ зэкIуэцIипхэри КъэбэрдеймкIэ игъэзэжащ. Зэман текIауэ нэгъуэщIыш шэсри къежьащ. КIуэурэ нэсащ нэмэз здищIа щIыпIэм. Аргуэру къепсыхщ, нэмэз ищIщ, шэсыжри, и шыр щIалэм здиша лъэныкъуэмкIэ иукъуэдиящ. Куэд темыкIыу Лабэ псым Iухьащ. Ар къиуат, ину къехт. Лабэ къиумэ, сыт щыгъуи шынагъуэ хъут. АдрыщIымкIэ псыхьэ къэкIуа фызитIым шур зэрылIытIорысэр щалъагъум:
— Уэ дядэ, мыбдеж укъыхэмыхьэ, модэкIэ дэкIуей, дэкIуей, — къегуоуащ. ЗыбжанэкIэ щыдэкIуейм, хуэзащ псыр нэхъ тепхъэу здэщыт щIыпIэм. Къепсыхщ, шыныбэпхыр фIыуэ щIикъузэри хыхьащ, гугъуехь щIагъуэ хэмытуи зэпрыкIащ. Адыгэ хабзэмкIэ шым тесу фызхэм ябгъэдыхьэныр емыкIути, шыр Iэдэжу иIыгъыу ябгъэдыхьэри, фIэхъус ярихащ. — Уэ дядэ, бысым уимыIэмэ, нытхуеблагъэ, ныщхьэбэ мэрем пшыхьщ, бысым дыпхуэхъунщ, пщIантIэр зей лIыхэри куэд мыщIэу къэкIуэжынущ, — къыжраIащ. — Уэрей, бысыми симыIэ. Тхьэр арэзы къыфхухъу, — жиIэри, фызхэм ящIыгъуу кIуащ.
ПщIантIэм щыдыхьэм, шыр фIэдзапIэм щрипхри, езыр хьэщIэщым щIашащ. Куэд темыкIыу губгъуэм щыIа зэкъуэшищыр адыгэгум ису къыдыхьэжащ. ФызитIыр зэнысэгъут, зэкъуэшитIым я щхьэгъусэт, я къуэш ещанэр фызкъэмышэт. ПсынщIэу адыгэ шхыныгъуэфIхэр къагъэхьэзырри хущIахьащ, нэхъыщIэхэр ящхьэщыту, нэхъыжьыр хьэщIэм бгъэдэсу ягъэхьэщIащ. Iэнэм здыпэрысым лIыжьым щIалэхэм захуигъэзащ: — Ярэби, фи дежкIэ дыгъуакIуэ щымыIэу пIэрэ, мыпхуэдэр къызищIащ щIалэ гуэрым, — жери. Нэхъыжьыр къэпсалъэри: — Уэрей апхуэдэ напэтехыгъуэ зыщIэн ди жылэм дэмыс, — жиIащ. — Сыт щIыдэмысыр, Къуий и къуибгъум уи щхьэр памышхыкIмэ, — хуэмышыIэу къыхидзащ нэ хъыщIэм. НэхъыжьитIым ягу техуакъым нэхъыщIэр къызэрыхэпсэлъар, ахэр хуейтэкъым Къуий и къуэжьхэр бий зыхуащIыну. Мо лIыжь Iущым Iуэхур зытетыр зэуэ къыгурыIуэри: — Сэ абы зыкIи фыхэсшытIэнукъым, здэпсэу тIэкIур сэвгъэлъагъумэ аращ сызыхуейр, — къажриIащ. АбыкIэ Iуэхур яухри, гъуэлъыжащ. Нэху къыщекIым, лIыжьыр аргуэру фIыуэ ягъэшхащ, щIалэ нэхъыщIэр гъусэ къыхуащIащ Къуий и пщыIэр иригъэлъагъуну. ПщIантIэм къыщыдэкIыжым фызхэм хьэщIагъэ къызэрырахам папщIэ фIыщIэ яхуищIащ, «мыри фи щхьэгъусэхэм фамылъэIуу мастэ-Iуданэ кърифщэхунщ», — жиIэри, дыжьын тумэн зырыз яритащ. Сэлам-чэламкIэ лIыжьыр къыдэкIыжащ апхуэдизу бысымыфI къыхуэхъуа, къыдэIэпыкъуа унагъуэм. ЗдэкIуэнур жыжьэтэкъыми, куэд мыщIэу нэсри, псори плъагъуу бжьэпэм къыщыувыIащ. — Мыращ Къуий и пщыIэр, — жиIащ щIалэм, адэкIэ кIуэну зэрыхуэмейм гу лъыптэу. ЛIыжьым Тыркум кърахауэ нэрыплъэ дэгъуэ иIыгъти, зыбжанэрэ зэпиплъыхьащ Iэгъуэблагъэр. ИтIанэ ар щIалэм иритри: — Модэ мо дзэл жыгхэм я щIагъым бэдзауэу щIэт шыхэм яхэплъэт, уи нэр нэхъ жанщ, — елъэIуащ. ЩIалэм заулрэ къиплъыхьа нэужь, нэрыплъэр шыхэм ятриубыдащ. — Къуий и къуэхэм яшхэращ, ауэ абыхэм ямышу зы фIыцIафэ дахэ яхэтщ, и сокури и кIэри джэхьэну, и пщэм илъ щэлъахъэм и лъахъуэбжьэр щыхьыбжьэщ, тхыпхъэ дахи хэлъыжу, — къыжриIащ. — Аращ си шыр, Тхьэм уигъэпсэу, иджы сыкъэплъэгъуакъым, услъэгъуакъым, гъуэгу техьэж. Мыри нащтэ уи къуэшхэм уемылъэIуу, гуп уахыхьэмэ, къэбгъэсэбэпынщ, — жиIэри, абыи дыжьын тумэн иритащ. Къуагъым къуэтурэ махуэр жэщ ищIащ. КIыфI щыхъум хуэмурэ бгым ехащ, шыр екIэпцIэ жыгым нахъутэмкIэ ирипхащ, шхуэмылакIэр псынщIэу къызэриубыдыфынум хуэдэу уанэгум ирилъхьэри. КъыпиупщIащ екIэпцIэ бжэгъу гъумыфI. Ар зыщIигъакъуэурэ пщыIэмкIэ ежьащ. Зэуэ хьэхэр къыхуилъащ, абыхэм я ужь иту зы щIали къыщIэкIащ фочыр гъэпкIауэ иIыгъыу. — Ухэт, сыт узыхуейр? — къыщIэгуоуащ лIыжьым. — СыгъуэгурыкIуэщ, жыжьэ сыкъокI, фи мафIэ цIум сыкъишащ, — жиIащ. — НакIуэ-тIэ, — иришэжьащ. Куэбжэм щынэсым: — Уэ щIалэ, си нэхэр хъарзынэжкъым, япэ ни щи сыгъэлъагъу сыздэкIуэнур, — елъэIуащ. ЩIалэр ипэ зэрищу екIэпцIэ бжэгъумкIэ и пщэм дэуэщ, игъэудэращхъуэщ, шым трилъхьэри, Къэбэрдейм ихьри кIуэжащ. ЩIалэр щIыунэм щIэубыдауэ игъашхэу, ихуапэу мазэ бжыгъэкIэ иIыгъауэ, ЛабэкIэ щынысэ я къуажэпхъур дыщасэ къашащ. Хъыбар-шыбархэм лIыжьыр щыщIэупщIэм къыжраIащ Къуий и къуэ ебгъуанэр зэрыкIуэдар, и хъыбар гуэри зэрыщымыIэр. — АтIэ, нысэм Лабэ игъэзэжмэ, мыбыкIэ щIалэ гуэрхэр зэрыщыIэр яжрыреIэ, — хъыбар яхуригъэхьащ. Куэд мыщIэу шууитху къэкIуам, зи жьакIэр зэщIэкIа, нэгъуэщI щыгъын зыщыгъ я щIалэр къахуэцIыхужакъым. — Мыр дыдейкъым, — жаIэри къэуващ. — Апщыгъуэм иджыри нэгъуэщI зы щыIэщи къыфхуэсшэнщ, — щIишыжащ щIалэр. И жьакIэр иупсщ, и щыгъыныр щитIэгъэжри, къахущIишэжащ. — Мис мыр ди къуэшращ, — зэдыжаIащ, — дауэ мыбы къэкIуа? — къеупщIащ. — Ар езым жевгъэIэ! — А шы фIыцIафэр мыращ зейр, умышэ, апхуэдэ емыкIу адыгэм ящIэкъым жиIэу къыскIэлъыгуоурэ ныфIэсшат, — зиумысыжащ дыгъуакIуэм. — АтIэ, щIалэ, цIыхур жьыщ жэуэ утемыгушхуэ, и закъуэщ жэуи залымыгъэ йомых. Иджы нэужь апхуэдэу умыщIэж, — еущиери щыгъын хуригъэдар иритащ, шы дэгъуэми игъэшэсри, иутIыпщыжащ. Абы иужькIэ Къуий и къуибгъури нэхъ цIыхуфI хъуауэ яIуэтэж. Ар уи фIэщ ещI лIыжьым ишхэм аргуэру шы гъусэ хуащIу къызэрыхуашэжам…
ЖызыIэжар ЖЭГУЭТЭН Муратщ, Зытхыжар ЛЫХЬ Тимурщ, Хъумэрэ къуажэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.