Адыгэ-Хьэблэм и гуфIэгъуэ илъэсыр хэIэтыкIауэ иджыблагъэ щрагъэжьащ къуажэм дэт пэщIэдзэ еджапIэм и пэшышхуэм. Псоми я зэхуэдэ махуэщIым пежьэу, къуажэм и нэхъыжьыфIхэри щIалэгъуалэри къызэхуэсащ. ГуфIэгъуэ дауэдапщэр къызэIуихащ Адыгэ-Хьэблэ муниципальнэ районым и администрацэм и Iэтащхьэ Астэжь Мыхъутар.
— Илъэси 100-р тхыдэмкIэ мыныбжьышхуэми, Адыгэ-Хьэблэ къуажэмкIэ ар щIэблэ хъарзынэ зыбжанэ — къуажэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэр, зыухуахэр, езыгъэфIэкIуахэр къызэщIэзубыдэ пIалъэщ. А зэманым къриубыдэу къуажэм къыдэкIащ егъэджэныгъэмкIэ, щэнхабзэмкIэ, спортымкIэ, нэгъуэщI лъэныкъуэхэмкIэ цIэрыIуэ хъуа цIыху щэджащэхэр. Ахэр ди къуэхэщ, ди шыпхъухэщ, дызэрыгушхуэ ди къуажэгъухэщ. Нобэ хуабагъэ хэлъу дохъумэ мы щIыпIэм къэкуэшу къуажэр къэзыгъэщIауэ щыта ди нэхъыжьхэм я фэеплъыр. Ахэр щIыпIэ нэщIым къитIысхьащ, ауэ къыхахыфащ нэхъ щIыпIэ дахэр, тыншыр. Абыхэм я къуэпсым мыбдеж зыщрагъэубгъуащ. Ахэр къуажэм лъабжьэ быдэ хуэхъуащ, — жиIащ Астэжьым.









Илъэс кӀыхьагъым ирагъэкIуэкIыну Iуэхугъуэхэм зэрыхэлэжьыхьам папщIэ унафэщIым фIыщIэ яхуищIащ къуажэ нэхъыжьхэм я Хасэм хэтхэм, къуажэдэсхэм. Адыгэ-Хьэблэ къуажэм и нэхъыжьхэм я Советым и тхьэмадэ КIэм Мурадин къыхигъэщащ мы илъэсым и мыхьэнэм и инагъыр икӀи цIыхухэр къыхуриджащ къуажэм и юбилейр гъэлъэпIэным псори жыджэру къыхыхьэну. — Къуажэм къикIуа гъуэгуанэм уриплъэжмэ, абы зэхъуэкIыныгъэ куэд къыщыхъуащ. Ауэ зызмыхъуэжар абы дызэрыхуэпэжращ. Мы гъэр тхурехъу зэIузэпэщыныгъэм, ефIэкIуэныгъэм, гуфIэгъуэм и Илъэсу. Нобэ Адыгэ-Хьэблэр щIыхь зиIэ къуажэщ, зэгъунэгъугъэмрэ зэдэIэпыкъуныгъэмрэ здытепщэ жылэщ, сабийхэр къыздэхъу, я щIэныгъэм здыхагъахъуэ, я гъащIэ лъагъуэ здыхашыж щIыпIэщ. Адыгэхьэблэдэсхэр псори къыдогъэблагъэ мы илъэсым къуажэр егъэфIэкIуэным хэлъхьэныгъэ хуащIыну, сыту жыпIэмэ къуажэр фIыуэ зылъагъу псом кӀи ар ди махуэщIщ. Щрет мы илъэсыр ди цIыхухэр нэхъри зэкъуэзыгъэувэ IуэхуфIхэмкIэ, зэIущIэ хуабэхэмкIэ, къэхъукъащIэ гуфэгъуэхэмкIэ бейуэ, — жиIащ нэхъыжьыфIым. МахуэщI дауэдапщэр ягъэдэхащ районым щэнхабзэмкIэ къудамэм и лэжьакIуэхэмрэ творческэ сабий гупхэмрэ. А махуэм гуфIэгъуэр щыкуэдащ, цIыху къекIуэлIахэр нэжэгужэт, мы Iуэхум дэрэжэгъуэ къазэрыхилъхьэр нэрылъагъут. Адыгэ-Хьэблэм и илъэсыр зэрагъэлъэпIэнум ипкъ иту, IуэхугъуэфI куэд ягъэбелджылащ. Ахэр епхащ егъэджэныгъэм, спортым, щэнхабзэм, гъуэгу ухуэныгъэхэм, щIыпIэ къызэгъэпэщыныгъэхэм, нэгъуэщIхэми. Апхуэдэу мы гъэм «Къуажэм и дыгъуасэмрэ нобэмрэ» сурэт гъэлъэгъуэныгъэ зэпеуэ, лъакъуэрыгъэжэкӀэ зэдэжэныгъэ, адыгэ щэнхабзэм и фестиваль, адыгэ джэгу, «Адыгэ-Хьэблэм и илъэси 100» тхылъым и лъэтэувэ, нэгъуэщI гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр ирагъэкIуэкIын я мурадщ, абы хэплъэну псори кърагъэблагъэ.
БОРЭНЫКЪУЭ Мадинэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.