Къэрал, политикэ, жылагъуэ Iуэхузехьэ Сэхъурокъуэ Хьэутий
Накъыгъэм и 27-м и ныбжьыр илъэс 75-рэ ирикъуащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, адыгэ лъэпкъым и нэхъыжьыфI СЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий Хьэзрит и къуэр
Си щхьэкIи, Къэрэшей-Черкес Республикэ Адыгэ Хасэм и Советым хэтхэми къыдбгъэдэкIыу сехъуэхъуну сыхуейщ ди лъэпкъым и нэхъыжьыфIым гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ щымыщIэу илъэсищэ къигъэщIэну, и унагъуэкIи и лэжьыгъэкIи ехъулIэну.
2012 гъэм ДАХ-м и тхьэмадэу Хьэутий щыхахам щегъэжьауэ ар си цIыхугъэщи, нобэр къыздэсам гуащIафIэу дызэдолажьэ, зыхуэбгъэзамэ, сыт щыгъуи чэнджэщыфI къозытыфыну нэхъыжьыфIщ. Щхьэихауэ и гугъу щIыпхъэу солъытэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и зэIущIэхэр зэрыригъэкIуэкIым: нэгъэсауэ, зытепсэлъыхьыр гурыIуэгъуэу, упщIэхэм жэуап пыухыкIа яригъэгъуэту. Хьэутий и гъащIэм и кIыхьагъкIэ къэрал IэнатIэ лъагэ куэдым пэрытащ, ноби апхуэдэхэм ящыщ зэрехьэ. Ауэ, ДАХ-м и тхьэмадэ IэнатIэм нэхъ пщэрылъ хьэлъэ абы сыт хуэдэ зэмани имыхьа хуэдэу къысщохъу. АтIэ, зэрылъэпкъыу зыгъэпIейтей Iуэхур и пщэ илъщ, сыт и лъэныкъуэкIи къыгуроIуэ, лъэпощхьэпохэр куууэ зыхещIэ…
Ди лъэпкъ икъухьам дбгъэдэлъыр зы бзэми, зы хабзэми, дыздикъухьа къэралхэм задэпщIын хуейуэ къыщыувкIэ дэнэ къикIари къыгуроIуэ, зэран хуэмыхъуу, сэбэп къыхуихьу я Iуэхухэр зэрегъэзэхуэф. «Дипломатие» лъагэ зыхэлъ унафэщIщ, тхьэмадэ Iумахуэщ Хьэутий. ХьэкъыпIэкIэ жысIэнщи, ди насыпщи, Дунейпсо Адыгэ Хасэр лъэпкъым иIэщ. АтIэ, абы адыгэ псори зы дещI, дыкъызэщIеубыдэ, ди Iуэху тхуегъэкIуатэ. А организацэ лъэрыхьым и тхьэмадэу илъэс пщыкIуплI хъуауэ ди пщIэр дэнэ щIыпIи щиIэту мэлажьэ Сэхъурокъуэр. Дрогушхуэ Хьэутий Москва УФ-м и Президентым лъэпкъ IуэхухэмкIэ и Советым и чэнджэщэгъу гупым зэрахэтым. Апхуэдэ пщIэ лъагэр лъэпкъ зэщIэхъееныгъэ куэдым хуагъэфэщакъым. ДАХ-м и зэIущIэ щедгъэкIуэкIкIэ, куэдрэ къытхохьэ Москва къикIа, IэнатIэшхуэ зыIыгъ IэщIагъэрылажьэхэр. ИкIи абыхэм къыджаIэ ди организацэм — ДАХ-м и пщIэр зэрылъагэр. Езы Хьэутии сыт щыгъуи къыхегъэщ: «ДиIэ гулъытэр сэ зыракъым зи фIыщIэр, атIэ ГъэзэщIакIуэ гупым хэту дэнэ къикIари къыгуроIуэ, зэран хуэмыхъуу, сэбэп къыхуихьу я Iуэхухэр зэрегъэзэхуэф. «Дипломатие» лъагэ зыхэлъ унафэщIщ, тхьэмадэ Iумахуэщ Хьэутий.
ХьэкъыпIэкIэ жысIэнщи, ди насыпщи, Дунейпсо Адыгэ Хасэр лъэпкъым иIэщ. АтIэ, абы адыгэ псори зы дещI, дыкъызэщIеубыдэ, ди Iуэху тхуегъэкIуатэ. А организацэ лъэрыхьым и тхьэмадэу илъэс пщыкIуплI хъуауэ ди пщIэр дэнэ щIыпIи щиIэту мэлажьэ Сэхъурокъуэр. Дрогушхуэ Хьэутий Москва УФ-м и Президентым лъэпкъ IуэхухэмкIэ и Советым и чэнджэщэгъу гупым зэрахэтым. Апхуэдэ пщIэ лъагэр лъэпкъ зэщIэхъееныгъэ куэдым хуагъэфэщакъым. ДАХ-м и зэIущIэ щедгъэкIуэкIкIэ, куэдрэ къытхохьэ Москва къикIа, IэнатIэшхуэ зыIыгъ IэщIагъэрылажьэхэр. ИкIи абыхэм къыджаIэ ди организацэм — ДАХ-м и пщIэр зэрылъагэр.
Езы Хьэутии сыт щыгъуи къыхегъэщ: «ДиIэ гулъытэр сэ зыракъым зи фIыщIэр, атIэ ГъэзэщIакIуэ гупым хэту щIэх-щIэхыу нэгузыужь къуэш хэгъуэгухэм сошэ. КъБР-м дыкIуауэ Хьэутий и деж деблэгъамэ, сыт щыгъуи хьэщIагъэ ин къыдех, хуабжьу хьэлэлщ, хьэщIэгъафIэщ. Адыгэм «Зэманым декIур лIыфIщ» зэрыжиIауэ, Хьэутий зыужьыныгъэ ин, щIэныгъэ куу бгъэдэлъу докIуатэ гъащIэ къекIуэкIым. ЗэхэтыкIэм зезыгъэкIу, зэхъуэкIыныгъэхэр къызыгурыIуэ, пэжагъ хэлъу зэхэзыгъэкIыф, лъэпкъым и сэбэп къыхэзых нэхъыжьыфIщ. Сыхуохъуахъуэ Хьэутий тхуэузыншэну, и унагъуэкIи и бынкIи насып щымыщIэну, и щIэблэм я гуфIэгъуэ куэд илъагъуну, и гъащIэм щыщ Iыхьэшхуэ зыхуигъэтIылъа лъэпкъ Iуэхум гукъыдэж иIэу, гуащIафIэу иджыри куэдрэ хуэлэжьэну!
АСЛЪЭНХЭ Алий, КъЧР-м и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, ДАХ-м и вице-президент, КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и депутат.





Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, Урысей Федерацэм и Президентым деж лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ щыIэ Советым хэт, «Урысейм и лъэпкъхэм я ассамблея» зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и Iэтащхьэ, «Россельхознадзорым и Къэбэрдей-Балъкъэр Референт купсэ» къэрал IуэхущIапIэм и унафэщI СЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий Хьэзрит и къуэм и ныбжьыр илъэс 75-рэ ирикъуащ.
Къэрал пщэрылъри, лъэпкъ Iуэхури, нэгъуэщI къалэн куэди зэдэзыхьыф, зигурэ зи щхьэрэ зэтелъу гъащIэ гъуэгуанэ купщIафIэ къэзыкIу цIыху щыпкъэщ ар. КъызыхэкIа лъэпкъым и Iулыджымрэ щалъхуа лъахэм и зыужьыныгъэмрэ и гъащIэ псор триухуащ Сэхъурокъуэм. Абы и щхьэр сыт щыгъуи иужь къригъанэрэ, къэрал, лъэпкъ Iуэхур игъэкIуатэущ къызэрыгъуэгурыкIуэр. МафIэ къэлыдар псалъэкIэ игъэункIыфIыфу, Iуэху псынщIэгъуэ къыкъуэкIамэ, и акъыл жанымкIэ зэригъэзэхуэфу, сыт хуэдэ лъэпощхьэпоми и хэкIыпIэр къигъуэтрэ гъуазэ хъууэщ дэ Хьэутий зэрытцIыхур. И щIэныгъэкIэ, IэщIагъэкIэ, къулыкъукIэ бгъэдэлъ беягъырщ нобэ иIэ пщIэр къызэрилэжьар, лъэпкъым и пашэу дяпэ изыгъэтыр.
Сэхъурокъуэ Хьэутий япэу зыхуеджар ветеринар дохутырщ, ветеринар щIэныгъэхэмкIэ кандидатщ, экономикэ щIэныгъэхэм я докторщ, профессорщ. Аспирантурэ нэужьым абы илъэсиблкIэ щригъэджащ КъэбэрдейБалъкъэр къэрал университетым. ИтIанэ КъБР-м мэкъумэш IэнатIэмкIэ и Министерствэм ирагъэблэгъащ. ЛIыщIыгъуэ ныкъуэм щIигъуауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIу, къулыкъушхуэ иIыгъыу мэлажьэ. Ар КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэу, КъБР-м мэкъумэш хъызмэтымрэ ерыскъыпхъэхэмрэкIэ и министру, КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэкIэ и министру щытащ. И псэемыблэж лэжьыгъэм къыпэкIуащ къэрал нагъыщэ лъагэхэри. Абы къыхуагъэфэщащ Зэныбжьэгъугъэм и орденыр, ЩIыхьым и орденыр, УФ-м и Президентым къыбгъэдэкI ФIыщIэ тхылъыр, къратащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащхьэ щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденыр, Урысейм и мэкъумэш IэнатIэм зегъэужьыным хуищIа хэлъхьэныгъэм папщIэ дыщэ медалыр, «Трудовая доблесть. Россия» щIыхь дамыгъэр, «Адыгейм и щIыхь» медалыр, «КъБР-м мэкъумэш IэнатIэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «Урысейм мэкъумэш хъызмэтымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэхэр, нэгъуэщIхэри.
Хьэутий и щIэныгъэ куур, зэфIэкI лъагэр, Iэзагъ къызэрымыкIуэр сэбэп хуэхъуащ ди щIыналъэм социально-экономикэ, егъэджэныгъэ, щэнхабзэ я лъэныкъуэкIэ нэхъри зиужьыным, Урысейм и зэкъуэтыныгъэр, республикэм ис лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэр нэхъри гъэбыдэным. Зыпэрыт къулыкъухэм къыщащI къалэнхэр куэдми, абы и гур хигъахъуэу, и псэр игъэпсэхуу иIэщ и унагъуэр, къуэрылъхухэр. И щIалитIым, Муратрэ Темботрэ, ищхьэ щIэныгъэ яIэщ, зыр экономистщ, нэхъыщIэр юристщ, я IэщIагъэмкIэ щIэныгъэ лэжьыгъи пхагъэкIащ. Мурат КъБР-м и Къэзыбж палатэм щолажьэ, пхъуищ иIэщ.
Тембот КъБР-м и ХеящIэ Нэхъыщхьэм щыIэщ, къуищ къыщIохъуэ. КъуэрылъхуитIым университетыр диплом плъыжькIэ къаухащ, тIум мы гъэм щIэтIысхьэну загъэхьэзыр. Жылагъуэм и гъуазэ 2012 гъэр Хьэутий дежкIэ лъэхъэнэщIэм и щIэдзапIэ хъуауэ жыпIэ хъунущ. Ар хахащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу. Жэуаплыгъэшхуэ зыпылъ а IэнатIэми абы зыкъыщигъэлъэгъуащ цIыхубэр зыгъэдэIуэф, зыунэтIыф, тезыгъэгушхуэ цIыху щыпкъэу.
Нэхъапэм цIыхубэм и Iуэху дигъэкIыу къэрал къулыкъущIапIэхэм щылэжьамэ, иджы жылагъуэм нэхъ пэгъунэгъужу лъэпкъ Iуэхур игъэкIуэтэн хуейт. Ауэ абы къригъэкIуэтакъым гушхуэ зыкIуэцIылъ, хэкур, лъэпкъыр ефIэкIуэну ищIэмэ, нэр здэплъэм лъэр нэзыхусыф лэжьакIуэшхуэр. «Илъэс 14 хъуауэ сыпэрытщ мы къулыкъум, тхуэнейрэ хасэ тхьэмадэу сыхахыжащ. Сэ быдэу си фIэщ мэхъу ди зэманым жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм яку дэлъ зэхущытыкIэхэр егъэфIэкIуэнымкIэ, Хэкур зыгъэбей щэнхабзэ зэмыщхьхэр зэпыщIэнымкIэ, жылагъуэр зэкъуэгъэувэнымкIэ къалэнышхуэ зэрагъэзащIэр, — жеIэ Хьэутий. — Нобэ ДАХ-м хуэфащэ пщIэрэ щIыхьрэ дуней псом щиIэщ. Ар жыджэру йолэжь бзэмрэ хабзэмрэ хъумэным, цIыхубэ дипломатием ехьэлIа Iуэхухэр пхыгъэкIыным, хамэ къэралхэм щыIэ ди лъэпкъэгъухэр зэпыщIэным, апхуэдэуи дунейпсо мыхьэнэ зиIэ лэжьыгъэ ирегъэкIуэкI. КъинэмыщIауэ, нэхъыщхьэу зи ужь итхэм ящыщщ къэрал унафэщIхэм, властым, Дунейпсо Адыгэ Хасэм дзыхь зэхуащIу, зэпыщIауэ, зэдэIэпыкъуу зэдэлэжьэныр». Псыпэр иришэжьат 2014 гъэм Сочэ щекIуэкIа Олимпиадэм къэралым зыхуигъэхьэзыру ДАХ-м и тхьэмадэу ягъэуват Хьэутий.
Спорт зэхьэзэхуэр щекIуэкIыну къыхаха щIыпIэм адыгэхэм хуаIэ еплъыкIэр зэтехуэртэкъым. Сочэ ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм я щIыгужьт, Кавказ зауэр зэриухрэ а гъэм илъэси 150-рэ хъурт. Дауэ хъуми, зэпсэлъэн, зэгурыIуэн хуейт. Абы къыхэкIыу унафэ къащтащ хэхэс адыгэхэм я лIыкIуэхэр зэхуашэсу Сочэ ирагъэблэгъэну. А зэхуэсыр къызэригъэпэщын ипэ къихуэу Сэхъурокъуэр ечэнджэщащ Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Черкесым я цIыхубэ тхакIуэ, Урысейм ГуащэдэкIымкIэ и ЛIыхъужь МэшбащIэ Исхьэкъ, ди лъэпкъым къыхэкIа нэгъуэщI цIыху цIэрыIуэ куэдым. Мурад нэхъыщхьэр Олимпиадэм зэрызыхуагъэхьэзырыр, абы пыщIа гупсысэхэр цIыхухэм ялъэгъэIэсынырт, хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ зэгурыIуэныгъэрэ зэхэщIыкIрэ я зэхуаку дэлъынырт. Хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэм я лIыкIуэ 56-рэ зыхэт гупыр Сочэ, Шапсыгъым, Кичмай ЦIыкIумрэ Кичмай Инымрэ, Лазаревскэм щыIащ, икIи «Фыкъеблагъэ тхыдэ щIыналъэм!» къыхуеджэныгъэм щIэту къапежьащ.
Сэхъурокъуэ Хьэутий зэрыжиIэмкIэ, ар сэбэп хъуащ хамэ щIыпIэхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр гъунэгъу зэхуэхъунымкIэ, я Iуэху еплъыкIэ жаIэнымкIэ зэчэнджэщу, нэхъ тэмэмым къытеувыIэнымкIэ. Ди къуэшхэр яIущIащ къулыкъу зэмылIэужьыгъуэхэм а зэманым пэрытахэу Козак Дмитрий, Ткачев Александр, Чернышенко Дмитрий сымэ. Сочэ щекIуэкIыну Олимп Джэгухэм я къызэгъэпэщакIуэ гупым зэгурыIуэныгъэкIэ зэраубзыхуам тету, 2014 гъэм адыгэ лъэпкъми гулъытэ хэха игъуэтауэ щытащ, Олимп паркым «Адыгэ унэ» къыщызэIуахат, ди лъэпкъым и щыIэкIэ-псэукIэм, и щэнхабзэм ущигъэгъуазэу. «Сочэ щекIуэкIа ЩIымахуэ Олимп Джэгухэр дунейпсо мыхьэнэ зиIэ зэхыхьэ къызэрымыкIуэт, Урысейм и лъэпкъыбэм щыщ адыгэхэм (черкесхэм) я щэнхабзэ щIэиныр, тхыдэр, хабзэр, хьэщIагъэр, шыфэлIыфэр дуней псом ирагъэлъагъунымкIэ Iэмал къариту. Адыгэхэм я щэнхабзэр утыку кърахьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, КъэрэшейЧеркесым, Адыгейм, Краснодар крайм къикIа ди лъэпкъэгъухэм. Ахэр щызэхуэс Адыгэ унэр куэдым я плъапIэ хъуат, щIэупщIэшхуи иIащ. Зы махуэм къриубыдэу цIыху минитIым щIигъу щызэблэкIырт абдеж», — игу къегъэкIыж Хасэшхуэм и тхьэмадэм. Урысейм хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министр Лавров Сергей къыхигъэщхьэхукIат абы щыгъуэм: «Адыгэхэм я псэкупсэ, щэнхабзэ щIэиныр Урысейм щыпсэу лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэдым я щхьэхуэныгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ». ХьэщIэу кIуа ди лъэпкъэгъухэр Олимп Джэгухэм пщIэншэу ирагъэплъащ.
Олимпиадэр къыщызэIуахым зэгъусэу зэдыхэтащ икIи тхьэмахуэкIэ щыIащ. Сэхъурокъуэм къызэрилъытэмкIэ, а лъэхъэнэр лъэпкъ Iуэхур ипэкIэ зыгъэкIуэта лъэбакъуэ хъуащ: хамэ къэралхэм къикIа ди лъэпкъэгъухэм щыпсэу щIыпIэхэм Iуэхур зыIутыр щагъэхъыбарыжащ, абы щыIахэм ящыщ куэд иджыпсту Дунейпсо Адыгэ Хасэм щолажьэ. Дэтхэнэми и гъащIэр и Хэкум епхащ Зэманыр шэрхъщи, мэкIэрахъуэ, жеIэ адыгэ псалъэжьым. Ар кIуэтэху зэхъуэкIыныгъэщIэхэр къыздехь, цIыху щхьэхуэми, жылагъуэми, къэралми къалэныщIэхэр къыхуегъэув. Хьэутий къыхегъэщ Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и Илъэсым ди къэралым и унафэщIхэм лъэпкъ политикэм, цIыхухэр нэхъри зэкъуэгъэувэным ехьэлIауэ мыхьэнэшхуэ зиIэ къалэн зыбжанэ къазэрыхуигъэувыр. Абы папщIэ а Iуэхухэр зи нэIэ щIэт институтхэмрэ политикхэмрэ мэлажьэ, унафэ къыщащтэкIэ, зытрагъащIэр иджырей зыужьыныгъэхэрщ, блэкIа ехъулIэныгъэхэр къалъытэкIэрэ. — Ди къэралым и Президентым дызэрыт зэманым къыхегъэщ ди Хэкум дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ IуэхугъуитI. Япэр — дзэ Iуэху хэхарщ, етIуанэр – лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэрщ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, лъэпкъхэр, цIыхухэр зылI и быну зэкъуэувэу къэралым и хуитыныгъэр ямыхъумамэ, дзэ Iуэху хэхар щекIуэкI щIыпIэм сытыт къыщыхъунур? Фронтым Iут ди щIалэ хахуэхэр зэрызэхущытыр сыт и уасэ, зыр адрейм «къуэшкIэ» еджэу.
Апхуэдэу щытми, Урысейм ис лъэпкъхэм я зэхэщIыкIыр, я щхьэхуэныгъэхэр яхъумэжын папщIэ лэжьыгъэ убзыхуа йокIуэкI. Къэралым и Iэтащхьэм цIыхухэр къыхуреджэ щхьэж и лъэпкъ щэнхабзэм, хабзэм, бзэм хуэсакъыну, ихъумэну, зригъэужьыну, — жеIэ Хьэутий. — Абы, ди мызакъуэу, ди бынхэмрэ къуэрылъху-пхъурылъхухэмрэ я дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ. Сэ абыхэм ящIэну, я фIэщ хъуну сыхуейщ я къэкIуэнур Хэкум, я къэралым епхауэ зэрыщытыр. КъыдэкIуэтей щIэблэм ди къэралым и тхыдэр ищIэн, фэеплъ щIыпIэхэм кIуэн, я зэфIэкIхэмкIэ зэхъуэжэн, щэнхабзэмрэ хабзэмрэ пщIэ хуащIын, лIыхъужьхэм я фэеплъыр ягъэлъэпIэн хуейщ. Ди Президентым зэрыжиIэм тету, лъэпкъ зэхэщIыкIыр – бзэр, щэнхабзэр, тхыдэр, хабзэхэр ящIэжу, Урысей къэралыгъуэри, абы и лъапIэныгъэхэри ягъэбыдэу, яхъумэу щытын хуейщ.
Си щхьэкIэ, си къуэрылъхухэм къэкIуэну дахэ яIэну, къахуэзгъэнэну сыхуейщ. Мыхьэнэшхуэ иIэщ уи Хэкур фIыуэ плъагъуным, зэбгъэцIыхуным, уяпэ итахэм псы щIыIэ фалъэ къыщрагъахъуэу щыта псынэм уэри зыщыбгъэтхъэжыным, Лагъуэ-Накъэ, Iуащхьэмахуэ лъапэ, Архъыз, Байкал, нэгъуэщI щIыпIэ гуакIуэхэм зыщуплъыхьыным. Къэралышхуэм и дэнэ щIыпIи уи унэжьу къыпщыхъуу ущыIэныр гурыщIэ лъапIэщ. Урысейм — Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Черкес республикэхэм — я закъуэщ ди бзэр къэралыбзэу къыщалъытэр. Бзэр къызэтенэмэ — лъэпкъыр псэунущ. Сэхъурокъуэм зэрыжиIэмкIэ, нобэ ди къэралым щыпсэухэр хущIэкъун хуейщ гъащIэм и лъэныкъуэ псоми щыпэрыту щытыным. Щапхъэу тхыдэм къыхихащ Урысей къэралыгъуэр зэфIэувэным хэлIыфIыхьа Черкасскэхэр, совет, урысей дирижёр цIэрыIуэ Темыркъан Юрэ, физико-математикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Къумахуэ Мурадин, тхакIуэ цIэрыIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ, нэгъуэщIхэри.
Ди зэпыщIэныгъэхэр быдэщ Адыгэхэр щыпсэу къэралхэм щызагъэу, зыхэсхэм ягурыIуэу, псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, пщIэ къыхуащIу зэрыщытыр Сэхъурокъуэ Хьэутий къыхегъэщ. Ар абыхэм щIэхщIэхыурэ яхохьэ, мазищ къэс зэ я лIыкIуэхэр — ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым и зэIущIэхэм, илъэсым зэ гуп зэрыIыгъыу ДАХ-м и Хасащхьэм и зэхуэсышхуэм — къокIуэ. Къапщтэмэ, ДАХ-р нэгъуэщI къэралхэм щыпсэу адыгэхэм унэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэмкIэ ядолажьэ: адыгэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэм сыт щыгъуи япыщIащ, лъэпощхьэпо къыкъуэкIмэ, зэфIах, бзэр хъумэным ехьэлIа Iуэхухэр къызэрагъэпэщ, анэдэлъхубзэр зэзыгъэщIэну хуейхэм пыIудзауэ дерсхэр драгъэкIуэкI, щIалэгъуалэр Урысей еджапIэ нэхъыщхьэхэм щрагъаджэ. Тыркум, Щамым, Иорданием, Израилым щыщ сабийхэр Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Адыгэ Республикэмрэ я лагерхэм зыщагъэпсэхуну кърагъэблагъэ. Апхуэдэ зэдэлэжьэныгъэр сэбэп мэхъу щIэблэм адэжь щIыналъэр егъэцIыхуным, абы пыщIауэ щытыным теухуауэ. Иджыпсту адыгэхэр я адэжь хэкум, Урысейм, къинэмыщIауэ, Тыркум, Щамым, Иорданием, Израилым, Ливием, Ираным, США-м, КъухьэпIэ Европэм хыхьэ къэралхэм щопсэу. Ахэр 53-м щIегъу. Иджыблагъэ а къэралхэм къахэхъуащ Япониемрэ Сингапурымрэ. Абыхэми дяпэкIэ Хасэ къыщызэрагъэпэщынущ. «Дэнэ щыпсэури адэжь лъахэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Къэрэшей-Черкесым, Ищхъэрэ Осетие-Аланием, Краснодар, Ставрополь крайхэм щыпсэу адыгэхэм къапыщIащ.
Адрей лъэпкъхэми яхуэдэу, адыгэхэм Урысейр я хэкущ, къэралышхуэм и къекIуэкIыкIар я зэхуэдэ тхыдэщ. УФ-м щыпсэу адрей лъэпкъхэм я гъусэу, адыгэхэм ягъэващ тхыдэм къыхэщыж гуауэхэр, апхуэдэуи IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ехъулIэныгъэхэр щызыIэрагъыхьащ, Урысейр ипэкIэ ягъэкIуатэу. Ди лъэпкъым къыхэкIащ къэрал псом щыцIэрыIуэ тхакIуэхэр, щIэныгъэлIхэр, музыкантхэр, спортсменхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр. Апхуэдэ дыдэу хэхэс адыгэхэми къахэкIащ зэрыс къэралхэм я правительствэхэм, IэщэкIэ Узэда Къарухэм, полицэм къулыкъу лъагэхэр щызыIыгъхэр. Абыхэм мымащIэу яхэтщ дуней псом щыцIэрыIуэ дзэзешэхэр, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэхэр, спортсменхэр, инженерхэр, архитекторхэр.
Гуапэщ адыгэхэр нэгъуэщI лъэпкъхэм къахэкIахэм, нэгъуэщI дин зезыхьэхэм, нэгъуэщI щэнхабзэ зиIэхэм ягурыIуэу, мамыру, гуфIэгъуэри гузэвэгъуэри зэдагуэшу зэрыпсэур плъагъуныр. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, Тыркум щыIэ адыгэхэм я бжыгъэкIэ къэралым ещанэ увыпIэр щаIыгъщ. Абы щылажьэ Кавказ Хасэхэм я федерацэм къалэ, вилайет зэхуэмыдэхэм къудамэ 56-рэ щиIэщ. Иорданием щыIэ ди лъэпкъэгъухэр дуней псом къыщацIыху. 1921 гъэ лъандэрэ Хьэшимит пащтыхьыгъуэм и унафэщIхэм я щхьэхъумэр лъэпкъ фащэкIэ зэщыхуэпыкIа адыгэхэращ. Израилым и Кфар-Камэ, Рихьание къуажэхэм шапсыгърэ абазэххэу 6000-м нэблагъэ щопсэу. А жылагъуэхэм адыгэ гъэсапIэхэр, курыт еджапIэхэр щолажьэ», – жеIэ Сэхъурокъуэм. Урысейм и хэгъуэгухэм щылажьэ Адыгэ Хасэу 8 хэтщ ДАХ-м.
Тхьэмадэм зэрыжиIэмкIэ, ахэр лъэпкъ, дин зэгурыIуэныгъэхэм и телъхьэу, Урысейм и зыужьыныгъэм хуэлажьэу апхуэдэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Къэрэшей-Черкесым я лIыщхьэхэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм сыт и лъэныкъуэкIи зыкъыщIагъакъуэ икIи абы и лэжьыгъэм пщIэшхуэ къыхуащI. Апхуэдэ дыдэуи хамэ къэралхэм щыIэ ди лъэпкъэгъухэм ядолажьэ, ДАХ-м и лIыкIуэхэм щIэх-щIэхыурэ яхуозэ. Зи гугъу тщIы Iуэху псори зэригъэзахуэу, шу пашэу нобэ дяпэ ит нэхъыжьыфIыр узыншэну, и мурадхэмрэ и гугъапIэхэмрэ хуэфэщэн къарурэ зэфIэкIрэ иIэну, хузэфIэкI къимыгъанэу зыхуэлажьэ лъэпкъым и зыужьыныгъэм щыгуфIыкIыу куэдрэ псэуну дохъуэхъу!
НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ, КъБР-м, АР-м щIыхь зиIэ я журналист
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.