Жантемыр Муслъимэт и усэхэм нэIуасэ фыхудощI

ЩIымахуэм зепхъэнкIыж

Нэсащ щIымахуэр и кIэм, зепхъэнкIыж.
Хьэуа къабзащэр зыщумыгъэнщIу гуакIуэщ.
Хьэ макъ, шы макъыу
УэсыщIэр лъэгум къыщопсалъэ.
Къесащи куууэ, лъэгуажьэм къэсу ухощатэ.
Цы хъар хужьыбзэщ нэм къиплъыхьыр.
НысащIэм и щхьэтепхъуэу
Жыг пцIанэр уэсым исеящ.
Сабийхэр макIуэ къежэхыпIэм
ЗэкIэлъхьэужьу Iэжьэр джабэм къокIуэсэх.
Дыхьэшх, гуо макъым зэщIещтэ хъуреягъыр
Сыт щыIэ сабиигъуэм нэхъ гупсэху.
Зыгуэрхэм ящI уэс дадэ
Адрейхэр лъэрыжэкIэ къожэх.
Хъуэпсэгъуэ зэманщи, уэршэрагъкIэ
ЩIымахуэр зэгъусэу ягъэкIуатэ.
Гъатхэпэ мазэм гугъэфIхэмкIэ дыпожьэ
Уэс куэдыр ябж лэжьыгъэ бэвым и къежьапIэу.
Гъэ бэв узыншэ псоми Тхьэм къыдит
Гъэ угъурлыуэ къытхурекIуэ
Зэхэдмыхыжу фоч уэ макъ,
ЩIым мамырыгъэр тепщэ тхуищIу.

Дерс

Си гур мэуз,
Си щхьэр мэуз
ЖыдоIэ, дотхьэусыхэ
АтIэ, нэмыщIу дауэ упсэуну
Дунейм и IэфIымрэ и дыджымрэ
СыткIэ зэхэбгъэкIыну
Гукъеуэ пщIамэ уи гур къозэуэнущ
Узынущ уи щхьэр дэуейуэ лъыр
Сыт Iуэхуу бгуэщIми
ПхырокI уи гущIэм
Къыует къаруи, гукъыдэжи
Мэхъу хэщIу уи гур щэхуу
Уи нэпсыр уэру нэкIум къыщежэх
Ухуэмеижу зыкIи мы дунейм,
Сыт си Iэмал щыжыпIи мэхъу.
Апхуэдэщ гъащIэ зэхэлъыкIэр.

Удзыхэ пэтми уохъу теIущIыкIыпхъэ
УмыгъэкIуэду уигу
Къызкъуэх уи лIыгъэр
ЩIэкъузи уи бгыр быдэу
Къыхэх уи дерс псэуным.
ХуэгуфIэ жэщ мазэгъуэм
Дыгъэм и нурым щыгуфIыкI
ЩIэдэIу бзу цIыкIухэм я уэрэдым
Уигу хэщIми, хэхъуэми
КъыхэузыкIми уи щхьэр.
Унихьэсынущ Тхьэм пхутриIуэм
Уз щхьэкIэ лIэкъым зыри
Къэмысмэ и ажал.
АтIэ, уи щIыхьыр къэлъэщыж
Дунейм къытенэ уи лъэужь.

ЙофIэкI дыщэм

ЩыIэу пIэрэ дунейм зы щIыналъэ
Ди адыгэ лъэпкъыр здэмыпсэу
ЩыцIэрыIуэщ си адыгэр дэникI
Къахощ наIуэу фащэр, и цIыхугъэр
Адыгагъэр зи пщэ умыкIуэнщ.
Сэтэнейщ и пщащэр удз гъэгъауэ
Шууейхэщ и щIалэр шым шэсамэ,
ЗауэлI хахуэщ и бийм пэщIэхуамэ,
Дыгъэ бзийхэщ щIэжьей къыхуэхъуамэ.
ЖьантIэм дэсщ нэхъыжьхэр жьыщхьэмахуэу
Дахэщи и хабзэр лъэпкъ губзыгъэм
ЩеIэт ныпыр лъагэу хьэгъуэлIыгъуэм
ЗэщIоувэ хъуамэ нэщхъеягъуэ.
ХуагъэпсынщIэу гуауэр зей унагъуэм.
Хуегъасэ и хабзэм и щIэблэщIэр
Хуешэ лъагъуэ нэхум лъэщу ирикIуэфу
ГъащIэм и щIэжьыуэхэр зэригъэзэхуэфу
И Iуэхугъуэ псоми дерс хихыфу.
Щолыд дыщэр ятIэми
ЙофIэкI дыщэм лъэпкъыр.
25.01.25 г.

ДынолъэIу

Зауэ гукъеуэр дигу имыкI
И нэщIэбжьэр нэгум щIокI
Топышэ гъуагъуэр зэпымыч
ЩIыгур гызу иретIыкI.
СымувыIэу Тхьэ солъэIу
Гукъеуэшхуэр тщхьэщихыну
Лъагъуэ кIыфIыр нэху тхуищIыну
Ди зауэлIхэр къихъумэну.

Мамыр дыгъэр къытхуепсыну,
Ди щIэблэщIэм заузэщIыну,
Фоч уэ макъ зэхэдмыхыжу
Жьыщхьэ махуэу дыпсэуну.
Уэ, ди Тхьэшхуэ, дынолъэIу
Мыл гъурыджэр бгъэткIужыну
МафIэ лыгъейр бгъэункIыфIыну
Зауэ дыджым кIэ ептыну.

Жьыгъэ

Мажэ, мапкIэ, мэлъей гъэхэр
ХощI щысхьыншэу гъащIэм
Телъщ уэс хужьыр куууэ жьыщхьэм
ХэкIуэтащи ныбжьыр.
Мапхъэ уи гур, лъэр пхъэм дэлъми
Къыпщохъу бгъэзэн бгышхуэ
Хедзэ уи гум хагъуэр куууэ
УхигъащIэм фIэфIу.
Мажэ гъэхэр зыр-зым тежу
Мэхъу пхъэжь-чыжь Iэпкълъэпкъыр

Къыптобанэ куэду узыр
Уигу къыдимыгъэжу.
Уохъу акъылкIэ нэхъ губзыгъэ
Уолэжьыж щыуагъэхэм
Ней Iэмал, пIэщIех зэманыр
ГущIэгъуншэ жьыгъэм.
МакIуэ гъэхэр гу лъыдмытэу
Ди щIалащхьэр здихьу
Псы чэнж цIыкIуу мэIущащэ
Унэплъысу лъащIэм.

Фытемыгушхуэ

ЩIыуэпсым утекIуэну зумышэщI
Игъэгъукъым тепщэ
лъэпкъ щхьэхуитщи
Уджэгуу къэбгъэнамэ мафIэ хъуэскI
ЗэщIещтэ пIэнкIыу лыгъэщи.
Къыдобгъэ Тхьэшхуэм игу Iумэтым
Ехь ипэ къихуэр псы къиуам
Телъыджэщи дуней къэхъукъащIэр
Мэлъатэ жьышхуэм иIэтар.

Жыг уардэр жьыбгъэм иреуд
КъэкIуамэ уэгъу лэжьыгъэр ехь
Къытхоуэ Тхьэр зытцIыхужыху
Дунейм леягъэ едмыхыну.
ЩIыуэпсыр фхъумэ, фи къалэнщи,
Абы, фэ, фытекIуэну зывмышэщI
Игъэгъукъым тепщэ
лъэпкъ щхьэхуитщи
Фытемыгушхуэ, лей мыгъэгъущ.

Iисрафибл

Уэ ди Тхьэшхуэ, сыт мы дунейм щыхъэр.
Фоч уэ макъым нэхулъэр зэщIеч.
Уи Iумэтым сыт уигу ящIебгъар.
Iисрафиблщи цIыхур мэхъу хьэлэч.
Зэпымычу гур ехулэ гуауэм.
IэфIыныгъэ дунейм темылъыж.
ЩIыр иреIэ лъы хейуэ ягъажэм.
Маржэ хъунхэ, сыт ди Iэмалыж.
Махуэр макIуэ ди пщэдейр гугъэншэу.
Псор зэлъэIуу зым емылъэIуж.
Уэращ ди гугъапIэр, уэ ди Тхьэшхуэ.
Мыл гъурыджэр дыгъэу зэдзэкIыж.

Уей, уей, адыгэ!

Уей, уей, адыгэ
Си адыгэ лъэпкъ
Зи бзэр жьгъырууэ
Си лъэпкъ уардэ.
Зи пщащэр Сэтэней
Зи щIалэр шууей
Зи шууейр лIыхъужь
Зи фащэр дахэ
Зи Iэпкълъэпкъыр зэкIуж
Зи уафэр къащхъуэ
Зи щIылъэр щхъуантIэ
Зи псыкъелъэр Шыху лъагъуэ
Зи губгъуэр гъунэншэ
Зи мэзыр нэзыншэ
Зи къуршхэр къру-къаз
Зи лъэмыжхэр хъыринэ

Зи щIыуэпсыр хъуэпсапIэ
Зи лэжьыгъэр бэв
Зи шхыныгъуэр берычэт
Зи псыхъуэр хуит
Зи щIыналъэр жэнэт
Зи хабзэр гуакIуэ
Зи нэмысыр лъагэ
ЩIыуэпсым и плъыру
Бгъэ лъэщым уэгум зыщешэщI
ЩIэблэщIэр уэру къыщIэувэу
Си лъэпкъым лъахэм зыщеузэщI
Пшынэбзэр аузым къыщопсалъэ
Джэгушхуэм уи лъэр хущIегъэкI
ПхъэцIычу Iэгуауэр мэлъалъэ
Уей, уей, адыгэ, еуджэкI.

Зэгъэзэхуэф

Мэпыджэ си гур
Икъузу лъынтхуэр
Телъщ пшагъуэр си нэм
НапIэр зэригъалъэу
Мэпсалъэ къупщхьэр
ЗэрытыпIэу сиIэр
ФIы хэлъмэ жьыгъэм
Псори хущIэкъунт.
Телъщ сыхъэр жьыщхьэм
ЗэикI мыткIужыну
Пхъэм донэ уи лъэр
Пхъэуэ щытми уи гур
Пхъэжь чыжьым хуэдэу
Къарур Iэпкълъэпкъым щIокI.
ХощI махуэ къэскIэ гукъыдэжым
КIуэ пэтми нэхъ узгъэли уохъу
АрщхьэкIэ уогугъэ фIыкIэ
Адэ щIэинщи гугъэр.
ХубощIри щхьэщэ жьыгъэм
Псэуным ухущIокъу
Тхьэр зыхуэупсэрщ
Жьыгъэри зэритыр
И Iейри, ифIри зэгъэзэхуэф.

Зэман еру

Ей зэман бзаджэурэ еру
Зауэ дыджыжьу гущIэгъуншэ
Хэхуащи цIыхур гужьеигъуэ
Лъы хейр ирожэ псыхьэлыгъуэу.
Мы дунеижьым сыт тепхын
Щхьэж и уз Iыхьэ, фэбжь, ажал
НатIэм тетхащи гъащIэ лъагъуэр
Тхьэшхуэм жиIам уфIэмыкIын.
Нэху укъекIам иджыри зэ

Шыкурщ, хуэгуфIэ дуней дахэм
ЩIы мурадыфIхэр, псапэ щIэ
Дэушэ бзум я уэрэд макъхэм.
Къамылъху сабий зауэ теIуауэ
Хуохъуахъуэ насыпыфIэ хъуну
Лъыифхэр зикI емытIысэх
Ажал яхидзэу топышэр мауэ
Ей, зэман бзаджэурэ еру
Ей, зауэ дыджу гущIэгъуншэ.

Дыщэ купщIэ

ЦIыхугъэ дахэу мыкIуэдыж
ЦIыхугъэ – зи пщэ умыкIуэж
ГущIэгъу, лыуз, дэIэпыкъуэгъу
Зи Iуэху бгъунлъам и дэрэжэгъу.
Адыгэ хабзэр зи Iэпэгъу
Дэлъщ берычэтыр уэ уи жьэгу

Гупщысэ куу, акъыл убгъуа
ЦIыхугъэу зэи ямыужэгъу.
ЦIыхугъэ дыщэ, дыгъэ бзий
Имыгъуэж псынэ, къару лъэщ
ЦIыхугъэ гуапэ, дыгъэ бзий
Зи щIыхьыр ин, налкъутналмэс.


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *