1921 гъэм Жьакуэ къуажэм къыщыхъуащ зауэмрэ гуащIэдэкIымрэ я ветеран МЭШЭЖЬ Мусэ Даут и къуэр. Зыщыпсэу жылагъуэм пщIэшхуэ щызиIа нэхъыжьыфIыр дунейм зэрехыжрэ илъэс 25-рэ текIыжащ. БлэкIа жыжьэм къыхэнащ зауэлIым епха гукъэкIыжхэр, езым жиIэжу щыта хъыбархэр… Ахэр хуэсакъыпэу яхъумэ Мусэ къыщIэна и бынхэм. Абыхэм ящыщ, ди псэлъэгъу хъуа, Сэхьидрэ Анзэлетэрэ (Къуршэхэ я нысэщ) я адэм къикIуа зауэ гъуэгуанэр гукъэкIыж зэхэлъкIэрэ зэфIагъэувэж. ЦIыхур щыщымыIэжкIэ, укIэлъыIэбэу ущемыупщIыжыфкIэ, гугъущ а псори зэхэгъэкIауэ нахуэ пщIыжыныр. Зауэр зыпэщIэкIа ди ветеранхэми мащIэт хъыбару яIуэтэжыр, унагъуэм, быным зэхрагъэхыр ялъэгъуам и Iыхьэ закъуэтIакъуэт.
Анзэлетэ нэхъыфIу ецIыхуж и адэм жиIэжу щыта хъыбархэр. Ветераныр еджапIэм ирагъэблагъэ зэпытт, унагъуэм щыжимыIэ куэд езыр зыхэс классым и адэм яхуиIуатэу зэхихт.
Зи ныбжьыр илъэс 19 нэхъ иримыкъуа Мусэ иджыри гъащIэм и фIыгъуэр зыхищIэн хущIыхьатэкъым 1940 гъэм дзэм къулыкъу щищIэу, зауэр къыщыхъеям. ЕджапIэ, жылагъуэ гъащIэм жыджэру хэпсэухь щIалэщIэр лъэныкъуэ куэдым зрипщыту къыдэкIуэтейт — комсомол пэрытт, къафэхэм яхэтт, еджэнми Iуэху щIэнми жанагърэ гукъыдэжрэ хуиIэт. Ауэ а псори зэпиудащ зыпэмыплъагъэххэу къэхъея зауэм… Мэшэжьым Ивановофранковскэ областым щыIэ 91-нэ полк еджапIэм хэту къулыкъур ирихьэкIт. Июным и 22-м сыхьэтыр 8-м кхъухьлъатэхэм топышэхэр кърадзыхын яублащ.
Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр ди Хэкум къызэрытеуэу, сыхьэтиплI нэхъ темыкIауэ, Мусэ и зауэри щIидзащ… Зы ши ирагъэкIын яхущIэмыхьэу, къулыкъум пэрыт щIалэщIэ 85-м щыщу зауэм и япэ сыхьэтхэм 17 нэхъ къигъэнэжакъым.
Мусэ езым зэриIуэтэжу щытамкIэ, нэмыцэхэр къатеуа нэужь, махуищым и кIуэцIкIэ сэлэтхэр зэуапIэм ирагъэхьатэкъым, зыщIэувыIыкIауэ къыхуагъэувыну унафэм пэплъащ мыхъумэ. Лъэныкъуэ псомкIи къызэригуа фашистыдзэм гуауэщхьэуэ зэхищIыхьа совет цIыхухэм иджыри къапэщылъыр я нэгу къыщIагъыхьэнми хунэсатэкъым.
Мэшэжь Мусэ и къулыкъур зэрыщIидзэу, и гурыхуагъым, и акъыл жанагъым гу къылъатат. Командирым и адъютант IэнатIэм ар пэрагъэуващ. Зыхэта полкыр Брест гъунапкъэхъумэ округым хэхуэри, япэ махуэм щегъэжьауэ зауэр зэрекIуэкIар Мусэ и нэгу щIэкIащ. Киев, Львов, Бердичев къалэхэр бийм Iэрамыгъэхьэным щIэзэуахэм яхэтащ.
Сталинград екIуэлIапIэм уIэгъэ хьэлъэ щыхъури, мазихым щIигъукIэ уIэгъэщым щIэлъащ. Топышэм зэгуигъэхуа и куэпкъым лы ирагъэкIэжу, и уIэгъэр куэдри мыхъужу къеIэзащ. АрщхьэкIэ езы Мусэ зыт и плъапIэр сэлэтхэм я сатырым хыхьэжынрат. НэхъыфI зэрыхъужу фронтым игъэзэжри, и зауэлI къалэным псэемыблэжу пэрыувэжащ.
А зэманым щытепсэлъыхькIэ, Мусэ куэдрэ игъэщIагъуэу яхуиIуэтэжт уIэгъэщым щылэжьа медсестрахэм лIыгъэрэ хахуагъэу къакъуэкIар зыхуэдизыр.
УIэгъэщым нэмыцэхэр къытеуэмэ, фочым епхъуэти, сымаджэщым щIэлъхэр яхъумэт, зы дакъикъи нэгъуэщIуи егупсыстэкъым. Мусэ зауэм хэтыхукIэ псэм и къарум и щапхъэ куэд ирихьэлIащ.
Апхуэдэу, зэхэуэ гуащIэхэм хэтурэ, 1943 гъэр къэблэгъащ. Курск зэхэуэ гуащIэм Мусэ хэхуащ. Ар Хэку зауэшхуэм и зэфIэзэрыхьыпIэ, мыхьэнэшхуэ зиIа зэхэуэхэм ящыщт. — Прохоровкэ жылагъуэм и гугъу щащIкIэ, ди адэм и нэпсхэр къыфIытелъадэт. Хьэдэр мывэ къуршым хуэдэт, зы псыежэх хъунт абы лъыуэ щагъэжар, зауэлIрэ Iэщэу къагъэсэбэпар бжыгъэншэт, — жиIэжт абы. И гъащIэ псом а зэхэуэр гукъутэу къыхуинауэ псэуащ ди адэр.
Ар зыхэта зыхъумэжыныгъэ екIуэлIапIэу къетIысэкIа полкым щыщу нэрыбги 6 къудейт къэнэжар. Ди адэм игу къэкIыжт: «махуэ 13-кIэ зы шхын ди джий ехатэкъым, шэдым махуэкIэ дыхэлът, жэщкIэ къэбыстэ здит хадэм дыпщти, зыхэдгъапщкIуэурэ къэтхьт. Абы фIэкIаи тхьэмахуитIым нэблагъэкIэ дымышхыу екIуэкIащ. Е 13-нэ махуэм щIакхъуэ такъыр къытIэрыхьауэ щытат…», — Анзэлетэ и нэпсхэр къыфIокIуэ.
Курск зэхэуэр гуащIэ къудейтэкъым, гущIэгъуншэт. Абдеж я гъащIэр къыщанащ топышэм имыукIауэ гъаблэмрэ къарууншагъэмрэ хигъэщIа зауэлIхэм. Абы къыхыхьэжт дунейм и щIыIэгъуэри… — ДымыувыIэу дызэуауэ щытащ. Мазае (февраль) мазэт. Махуэр хуабэфI дыдэ къэхъуат, окопэм дыдэлът. Пщыхьэщхьэм дыгъэр къухьэри, асыхьэтым щIыIэр къеуэри окопэм дэлъ сэлэтхэр дыхигъэщтыхьат. Тщыгъыр зэпагъэжурэ щIыгум дыкъыхахыжауэ щытащ.., — игу къэкIыжт Мусэ.
Мэшэжьым пщэрылъышхуэ полкым щихьт – ар ныпзехьэт. Полкым и ныпыр пIыгъыным жэуаплыгъэ къызэрымыкIуэ пыщIат, нэмыцэхэр ар зыIыгъ сэлэтым лъыхъуэт, ещакIуэт. Ныпыр щыIэхукIэ полкыр псэут, арат зауэлIхэми ар щIахъумэр, ныпыр зыIыгъми я нэIэ щIытрагъэтыр.
Курск зэхэуэм совет сэлэтхэм къыщахьа текIуэныгъэр гуфIэгъуэшхуэт абы къела зауэлIхэмкIи къэралымкIи. Ар зэфIэкIа къудейуэ, Ещанэ Украинэ полкым хэту, Мэшэжьыр Харьков лъэныкъуэмкIэ яунэтIащ. ЕбгъэрыкIуэныгъэ операцэхэм хэтурэ бийр ди Хэкум изыхужахэм ящыщщ Мусэ. АдэкIэ Венгриер, Румыниер, Болгариер, Югославиер, Австриер хуит къэщIыжыным щIэзэуащ. ТекIуэныгъэм и Махуэр Мусэ Австрием и къалэ Праум щыIэу къригъэхьащ. ЗауэлIхэм я гуфIэгъуэр гъунэншэт — псэууэ ТекIуэныгъэр къынагъэсат!
Мэшэжь Мусэ зэрихьа лIыгъэм и щыхьэтщ къыхуагъэфэща дамыгъэ лъапIэхэр: «Вагъуэ Плъыжь», «Хэку зауэшхуэ»-м и II-нэ нагъыщэ зиIэ орденхэр, «Гуеигъэм папщIэ», Варшавэ, Австрие, Кёнигсберг хуит къэзыщIыжахэм зэрахэтамкIэ медалхэмрэ фIыщIэ тхылъхэмрэ. ТекIуэныгъэр къазэуа нэужь, зауэлI куэдым яхуэдэу Мусэ и унагъуэм къигъэзэжыфакъым. Ар гъунапкъэхъумэхэм зэрахэтыр къыхалъытэкIэрэ, КъуэкIыпIэ Жыжьэм илъэскIэ къулыкъу щрырагъэхьэкIыжащ, 1946 гъэращ и къуажэм къыщигъэзэжар.
Мусэ и къуэш нэхъыжьитIыр – Хьэлымрэ Хьэлийрэ зауэм къыхэкIыжакъым. Хъыбарыншэу кIуэда Хьэлым 2014 гъэм и хьэдэр къагъуэтыжри и къуажэжь щыщIалъхьэжауэ щытащ.
Мусэ зауэ нэужьым Ищхьэ парт еджапIэр къиухыжащ, къуажэ советым и унафэщIу, лэжьакIуэхэм я профсоюз зэгухьэныгъэм хэту, «Хьэбэз» совхозым къулыкъу зэхуэмыдэхэр щиIыгъыу жылагъуэм и зэфIэувэжыныгъэм псэемыблэжу хуэлэжьащ. Унагъуэ ищIащ, гъащIэ гъуэгуэгъу пэж къыхуэхъуа Сеуазрэ езымрэ бынибл зэдагъуэтащ. Ахэр ипIыным, къиIэтыным папщIэ Мэшэжьым совхозым и Iэбгъэр игъэхъуным пэрыхьащ. Ахэр Къущхьэхъу дихумэ, псоми щапхъэ яхуэхъуу, Iэщ бэгъуа кърихухыжу илъэс 17-кIэ лэжьэжащ.
Мусэ хуабжьу лъэпкъыпсэ-хэкупсэт. Абы хузэфIэкIащ езым хэлъа хэкупсагъэр и бынми яхилъхьэн. Абы и щапхъэ къызэрымыкIуэщ Афганистан щIыналъэм зи гъащIэр щызыта, лIыгъэшхуэ зезыхьэу къэралым хуэзэуа, Мусэ и къуэ нэхъыщIэ Хьэсин. И адэм хуэфэщэну къыщIэкIащ и щIалэр. Хьэсин Афганистан зауэм щызэрихьа лIыгъэм къыпэкIуащ «Вагъуэ Плъыжь» орденыр, «Гуеигъэм папщIэ» медалыр. — Хьэсин зауэм пэрыту тцIыхутэкъым, апщыгъуэм Афганистаным ехьэлIауэ зы хъыбари къытIэрыхьэтэкъым, зэуэ быдэу щIахъумэт. Езы Хьэсин къытхуитх зэпытт «сыфIщ, сотынш, сыузыншэщ» жэуэ. Зы махуэ гуэрым письмо къытIэрыхьащ. Ди адэм дыгуфIэу петхьэжьащ Хьэсин къитха тхыгъэр. «Гуеигъэм папщIэ» медалыр къызэрилъэщар абы къыщриджыкIым, письмор Iэпыхури шэнтым кIэрыукIурият… АтIэ, ди адэм фIыуэ ицIыхут апхуэдэ медалыр къэплъэщыным папщIэ узыпэрытын, блэжьын хуей Iуэхугъуэр зыхуэдэр! — жаIэж Сэхьидрэ Анзэлетэрэ.
Iуэхур зыIутыр къызыгурыIуа унагъуэр темыпыIэжу пэплъэт я щIалэм, узыншэу къекIуэлIэжыныр псоми я хъуэпсапIэт. Зигъэпсэхуну пIалъэ кIэщIкIэ зэ къагъэкIуэжат Хьэсин. Зэадэзэкъуэр пэшым щхьэхуэ защIри куэдрэ зэпсэлъащ. Зыми ицIыхутэкъым адэм и къуэм дригъэкIуэкIа псалъэмакъыр, абы ирихьэлIа чэнджэщыр. Ар щыжаIэжар иужькIэщ, Хьэсин и хьэдэр и адэ-анэм къыхуашэжа нэужьщ.
Езы Мусэ зыIута зауэм хуэдэм и щIалэр зэрыIуувар псэкIэ игъэвын къыхудэхуат адэ гу щабэм. «Псэууэ, дауэми, заIэщIомыгъыхьэ!» — иужьрей псалъэу и щIалэм ар жриIат Мусэ. Тыншт адэмкIэ апхуэдэ чэнджэщ уи быным ептыныр? АтIэ, зауэм и дыджагъым фIыуэ щыгъуазэ Мусэ ар щIыжиIэр фIы дыдэу ищIэт.
Мэшэжь Мусэрэ абы и щIалэ Хьэсинрэ хэкупсагъэм, лIыгъэм, гуеигъэм и щапхъэ къызэрымыкIуэщ. Апхуэдэ цIыхухэм я фIыщIэкIэщ лъэпкъри, къэралри къыщIызэтенар, къэкIуэну дахэм дыщыгугъыну гугъапIи къыдэзытар.
ХЬЭТАЙ Мадинэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.