Гъатхэ щIыхьэху гъэкъэбзэныгъэхэр щрагъэкӏуэкӏащ Адыгэ-Хьэблэ муниципальнэ районым. Ар хуэунэтIауэ щытащ районым и санитар щытыкIэр егъэфIэкIуэным, къинэмыщIауэ ТекIуэныгъэм и илъэс 80-м ехьэлIа махуэщIым зыхуэгъэхьэзырыным.
Абы ипкъ иту, гулъытэ нэхъыбэ хуащIащ Хэку зауэшхуэм и фэеплъ сынхэмрэ комплексхэмрэ. Ахэр ягъэкъэбзащ икӏи зэрагъэзэхуэжащ.
Псыхъуэ ӏуфэхэр, гъуэгубгъухэр, бжэӏупэхэр, ӏуэхущӏапӏэхэр гъэкъэбзэным хэтащ къулыкъущӏэхэр, организацэхэм, администрацэм и лэжьакӏуэ гупхэр, еджакӏуэ-егъэджакӏуэхэр, районым щыпсэухэр.
Ди корр.
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.