ЧЕРКЕССК КЪАЛЭМ дэт щэнхабзэмкIэ Унэм КъэрэшейЧеркесым и жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лъэпкъзэпх Хасэм (межнациональный Совет) хэтхэр щызэIущIащ. Абы хэтащ къэрал власть къулыкъухэм я лIыкIуэхэр, жылагъуэ организацэхэм я тхьэмадэхэр, республикэ СМИ-м къыбгъэдэкIахэр. ЗэIущIэм къеблэгъащ КъЧР-м и Iэтащхьэмрэ и Правительствэмрэ я Администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Хубиев Марат.
Ахэр тепсэлъыхьащ 2026 гъэм ди хэгъуэгум щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэр, щэнхабзэхэр, хабзэхэр хъумэнымрэ зайгъэужьынымрэ яхьэлIауэ ялэжьыну Iуэхугъуэхэм. КъинэмыщIауэ, 2025 гъэм жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм зэфIаха, гулъытэ зыхуащIа лъэныкъуэгъазэхэм я гугъу ящIащ. Апхуэдэу, тхьэмадэхэм къаIуэтащ зыхуэлажьэ лъэпкъхэм сыт и лъэныкъуэкIи я зыужьыныгъэм теухуауэ къызэрагъэпэща пшыхьхэр, зэIущIэхэр, спорт, щэнхабзэ зэхьэзэхуэхэр, нэгъуэщIхэри. Псом хуэмыдэу абыхэм я къэпщытэжыныгъэ лэжьыгъэм къыщыхагъэщащ Украинэм щекIуэкI зауэ операцэ хэхам хэт ди хэкуэгъухэм зэрызыщIагъакъуэр, ди щIалэхэм адэкIи гу лъытэ зэрыхуащIынур.
КъинэмыщIауэ, къызэхуэсахэм гулъытэ хэха хуащIащ Къэрэшей-Черкесым щыпсэу лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэм и Унэр къызэрагъэщIам, абы мыхьэнэуэ иIэм икIи а махуэм ар къызэIухынымкIэ презентацэ екIуэкIащ. Зэныбжьэгъугъэм и Унэр къызэгъэпэщыныр къыхалъхьауэ щытащ ди нэхъыжьхэмрэ ди хэгъуэгум и жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэмрэ икIи апхуэдэ жэрдэмыр ядищтащ республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид.
Черкесск къалэм дэт щэнхабзэмкIэ Унэм къыщызэрагъэпэща зэныбжьэгъугъэм и Унэм и мурад нэхъыщхьэу щытынущ лъэпкъ-щэнхабзэ организацэхэм я зэдэлэжьэныгъэр. Абдеж щрагъэкIуэкIынущ зэIущIэхэр, пшыхьхэр, зэпсэлъэныгъэ утыкухэр, щIалэгъуалэм ядэлэжьэнымкIэ егъэджэныгъэ Iуэхугъуэхэр, нэгъуэщI лъэпкъ Ӏуэхухэри.
ДЗЭМЫХЬ Маринэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.