Зэныбжьэгъугъэ тхыдэ

Абхъаз, Ипщэ Осетие къуэш республикэхэм я тхыдэ къэхъукъащІэр — я щхьэхуитыныгъэр Урысейм щыщІигъэбыда Махуэр ягъэлъапІэ.

2008 гъэм шыщхьэІум и 26-м Урысейм къищта Унафэр, тхыдэ пэжыгъэр зэфІэгъэувэжыным, лІыщІыгъуэ бжыгъэ хъуауэ Урысейм ныбжьэгъугъэрэ зэхуэпэжыныгъэ зэхущытыкІэрэ дэзыІыгъ Абхъазымрэ Ипщэ Осетиемрэ я цІыхубэхэм я хуитыныгъэмрэ щхьэхуитыныгъэмрэ хъумэным я нагъыщэ хъуащ.

ЦІыху куэдым я гъащІэр зэлъыта апхуэдэ лъэбакъуэр къуэш цІыхубэр зыхуэпэбгъам и жэуап хъуащ, шынагъуэншагъэмрэ щхьэхуиту заужьынымрэкІэ лъэкІыныгъэ яриту. Щхьэхуитыныгъэм хуэзышэ гъуэгур псынщІакъым икІи нобэ дэ ди щхьэхэр яхудогъэщхъ зи гъащІэр хуитыныгъэмрэ республикэхэм я къэкІуэнумрэ щхьэузыхь хуэзыщІахэм я фэеплъым.

«Къэрэшей-Черкес Республикэр, Абхъазымрэ Ипщэ Осетиемрэ зэпхащ лІыщІыгъуэкуэд зэныбжьэгъугъэ, пщІэ зэхуэщІыныгъэкІэ, зэгъунэгъугъэ угъурлы зэхущытыкІэ хэхакІэ. Мыхьэнэшхуэ зиІэ мы Махуэм ди къуэш лъэпкъхэм си гум къыбгъэдэкІыу сохъуэхъу зэпІэзэрытыныгъэкІэ, угъурлыгъэрэ щІэрэщІэныгъэрэкІэ!» — етх КъЧР-м и Іэтащхьэм.


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *