Зэкъуэшхэр — зы къарууэ

Хэку зауэшхуэр къыщежьам Совет Союзым и цІыхубэр зы унагъуэм — Хэкум — и быну, зы къару лъэщу пэщІэуващ бийм. Аращ Урысей уардэм и хабзэр — и хуитыныгъэм, и гъунапкъэм къеныкъуэкъум хуэфащэр егъэгъуэтын. Апхуэдэ къабзэщи, къащІэкІуэнукъым украин нацистхэми, 1941-1945 гъэхэм нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакІуэхэм къазэрыщІэмыкІуам хуэдэу.

Ар махуэ къэс я лІыгъэкІэ, я хахуагъэкІэ наІуэ ящІ СВО-м щыІэхэм, ди хэкуэгъу, лъэпкъэгъу зауэлІхэм. Хьэбэз районым хыхьэ Жьакуэ къуажэм дэс Щохъужьхэ я унагъуэм щыщ нэрыбгитІ операцэ хэхам хэтщ. Ахэр — зэтІолъхуэныкъуэ зэкъуэшхэу Рустамрэ Рэмэзанрэщ. Курыт еджапІэ нэужьым щІалэхэм лэжьэным зратауэ, хьэлэмэту я Іуэхухэр зэкІэлъыкІуатэт. Рэмэзан Тамань щыІэу лажьэт, Щохъужьхэ повесткэр хуахьу анэм щыІэщІалъхьам. СВО-м, къежьа хьэлэбэлыкъым и хъыбар зэхимых хъурэт абы, щыгъуазэт жаІэхэм, къекІуэкІхэм икІи, зэрыгурыІуэгъуэщи, анэгур пыткІукІащ, и къуэр зыщІыпІи имыгъэкІуэнри и тхьэлъанэу игу игъэфІри гъуэлъыжащ.

— Повесткэ къызэрыхуахьар жезмыІэ хъурэт? ЖесІащ, ауэ, Іэмал имыІэуи щІызгъужащ зыщІыпІэ закъуэ зэрызмыгъэкІуэнур, Тамань нэс къикІыу къэмыкІуэжынуи хутескъузэу щІэзгъэбыдэжащ… Зыри къыпидзыжакъым, ауэ нэху щыгъуэм, сыхьэтыр 4-м къынихусыжащ, — игу къегъэкІыж зэтІолъхуэныкъуэхэм я анэ Анжелэ. АтІэ, ари жыІэпхъэщи, зэтІолъхуэныкъуэхэм я къуэш ещанэ Муратми повесткэ къыхуахьат.

А псори зэхуихьэсри, Рэмэзан быдэу мурад ищІащ и къуэшхэм япІэкІэ езыр дэкІыну, бынунагъуэ хъуа Мурати, Рустами СВО-м щихъумэн хьисэпкІэ. Мис апхуэдэ щІыкІэкІэ, СВО-р къызэрежьэу мобилизацэкІэ дашахэм ящыщщ Щохъужь Рэмэзан. Япэ щІыкІэ Сторожевой деж махуэ зыбжанэкІэ щыІащ. А махуэхэми Ерыскъы, щытІэгъэн, нэгъуэщІу зыхуэныкъуэ гуэр жыпІэми, ІэщІагъэхьащ, хуашащ. Зэхэуэхэм я гуащІэгъуэм, япэ сатырхэм яхэту зэуащ щІалэ хахуэр. СВО-р щыщІидза и гуащІэгъуэ, вэржьэрыгъуэ дыдэм хэхуахэм ящыщщ. Арами, къикІуэтакъым, къеплъэкІакъым. АдыгэлІым хуэфэщэн пщІэрэ щІыхьрэкІэ и цІэр жаригъэІащ. Абы къыщымынэу, къыхуагъэфэщащ Жуковым, Суворовым я цІэкІэ медалхэр. АтІэ, илъэсищым къриубыдэу анэгум сыт щыхъэрэ, сыт хуэдэ еплъыкІэ хуиІэ операцэ хэхар щыщІидзамрэ нобэмрэ?

— СВО-р щыщІидзам дызэрыта щытыкІэр къызэрымыкІуэу хьэлъэт. ЗэпыщІэныгъэр хьэлэчт, и макъ щызэхэдмыхыххэр, и хъы бар щыдмыцІыхур куэдыкІейти, псыми дист, мафІэми дилыгъуэт. Ноби тыншу дыгъуэлъу дыжейуэ, демыгупсысу аракъым, ауэ ди зауэлІхэм я къызэгъэпэщыныгъэкІи, я фащэкІи, я ерыскъыкІи куэдкІэ нэхъ зэтегъэпсыхьа хъуащи, дэри догуфІэ. Гуманитар дэІэпыкъуныгъэр щIэх-щIэхыу яІэрохьэ, езыхэми нэхъ зыхуэныкъуэ гуэр къыхащахуэ, дэри пыдзэ дахуохъу. Мы зэманым Рэмэзан военнэ комендатурэм хэтщ, гъуэгухэм шынагъуэншагъэмрэ зэхэзекІуэмрэ щыщІаплъыкІ, къыщызэрагъэпэщ. Іуэхум и ухыпІэ хъу нум ехьэлІауэ и гупсыси, и псалъи дыхигъэгъуазэкъым, ауэ, хэти хуэдэу, езыри, дэри догугъэ СВО-м икІэщІыпІэкІэ кІэ иратыну, дифІ зыхэлъым дыхуэкІуэну, — къыддогуашэ Анжелэ.

Рустам СВО-м щыдэкІар нэгъабэщ, щэкІуэгъуэм и 7-ращ. Ар зыми ириджакъым, хигъэзыхьакъым, ауэ и къуэшыр зэуапІэм Іуту езыр унэм исыныр хуэмыхьыжу, зауэлІ гъуэгум техьащ. Рустами бынунагъуэщ, сабиитІ иІэщи, хуитыныгъэм, мамырыгъэм и ІэфІыр нэхъри хьэкъыу зыхещІэ, хуэфэщэнуи бийм пэщІэтщ. Рустам унагъуэм зыри яжримыІэурэ, СВО-м дэкІыным пыщІа Іуэхухэр псори зэфІигъэкІащ. — ЛэжьапІэм къикІыжри, къэтІысри къыджиІащ СВО-м зэрыкІуэр, гъазэ зэримыІэр, сыту жыпІэмэ, «псори зэфІигъэкІагъэххэщ, къытрагъанэу къэнэжынымкІэ Іэмал щыІэкъым». ГурыІуэгъуэщ анэгум аргуэру дэкІари, жысІари. Ауэ, езым къызэрыдгуригъэІуауэ, абыхэм къарыкІынуІатэкъым, — жеІэ Анжелэ.

Рустами, зыхэт гупри Севастополь деж тхьэмахуитІ хуэдизкІэ ягъэхьэзыращ, хурагъэджащ зауэ ІэщІагъэ нэхъыщхьэхэм. Учебкэр япэщІэкІри, Курск лъэныкъуэмкІэ, Большесолдатск жылагъуэм ядзащ. Плюховский и фІэщыгъэцІэу мэз иІэщ а Іэхэлъахэм. Абдеж зэхэуэ гуащІэхэм хэтащ, хуабжьуи лІыгъэ къыщагъэлъэгъуащ ди зауэлІхэм. Дауэ хъуами, къащтащ а мэзыр, щІагъэкъэбзыкІащ украин нацистхэмрэ я блыгущІэту къадэзауэхэмрэ. А лъыгъажэм псэууэ къыхэкІыжыфахэм ящыщщ ди лъэпкъэгъу щІалэр. Махуэ 11-кІэ и къуэм и хъыбар имыцІыхуу, и макъ зэхимыхыу псэуа унагъуэм и фэм дэкІам ухуейкъым. Хуейкъым анэми ар игу къигъэкІыжыну.

Сыт хуэдэ гуфІэгъуэшхуэт телефоныр къэзууэ, Рустам и макъ къыщиІукІа махуэр! Ауэрэ, ИлъэсыщІэ махуэм, дыгъэгъазэм аргуэру нэгъуэщІ щІыпІэ яшэхэри, абдежми куэдрэ зэпыщІэныгъэр щыІакъым. НобэкІэ Рустам Курск областым щыІэщ. ЗэпыщІэныгъэр Іейкъым, жьы Іурыхьэгъуэ гуэри ягъуэтащи, быным я гурыфІыгъуэщ. Рэмэзан илъэс кІуам отпуск къакІуэри щыІащ, иджыри нобэ-ныжэбэ къэкІуэну быныр темыпыІэжу поплъэ. Мис апхуэдэ щІалэхэр адыгэ лъэпкъым, къэралым иІэщ. Апхуэдэхэращ «хьет» жезыгъэІэр, апхуэдэхэращ ди мэІухур, ахэращ бийм и ажалыр. Тхьэм узыншэрэ бэІутІэІуншэу фыкъытхуихьыж, къыфхуэзэша фи унагъуэхэм гу ящывигъэхуэж! ТУАРШЫ Ирэ. Сурэтыр зэкъуэшхэм СВО-м деж, Абаян мэз Іэхэлъахэм щызытрагъэхащ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *