2026 гъэм пенсэхэм, пособэхэм, хуэгъэкIуэтэныгъэхэм ягъуэта зэхъуэкIыныгъэхэм республикэм и цIыхубэ хъыбарегъащIэ Iэмалхэм я журналистхэр щигъэгъуэзащ Урысейм и Социальнэ фондым (СФР) и Къэрэшей-Черкес къудамэм и унафэщI УЭЗ Аслъэн.
— ХабзэфI зэрыхъуауэ, илъэсыр пенсэ индексацэхэмкIэ щIедзэ. АтIэ, пенсэ гъэувыкIэм, индексацэм ехьэлIа сыт хуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэм къару ягъуэта 2026 гъэм щIышылэм и 1-м щегъэжьауэ?
— УпщIэр игъуэ дыдэщ, сыту жыпIэмэ иджыпсту пенсэ къэзыхьхэм къинэмыщIауэ, дяпэкIэ пенсэм кIуэнухэми ар яхьэлIащ. Илъэс къихьам щегъэжьауэ гулъытэ нэхъ зэдгъэгъуэтыпхъэхэр къыхэзгъэщыну сыхуейщ. Япэрауэ, лажьэ пенсионеру хъуам я пенсэ коэффициентыр (ПК) мы гъэм щIышылэм и 1-м щегъэжьауэ хэхъуащ. ПК-р — пенсэр зытращIыкI баллхэращ. Абы ипкъ иткIэрэ, иджы зы пенсэ баллыр соми 156,76-рэ хъуащ (145,69-уэ щытащ). Хэхъуащ «фиксированная выплата» жыхуэтIэри. ИджыпстукIэ ар сом 9 584,69-рэ мэхъу. Абы къикIыр аращи, лэжьапIэтым лажьэ пенсионерым и цIэкIэ къигъакIуэ взносым хэкIыурэ ПК-р нэхъыбэ хъунущ. Къапщтэмэ, ар фи къэкIуэну гъэтIылъыгъэщ, щIэтхауэ, нэIэм щIэту лажьэ пенсионер къэскIэ и пенсэм и хэхъуэщ. ЕтIуанэу, анэ быныбэхэм яхьэлIа зэхъуэкIыныгъэ: щIышылэм и 1-м щегъэжьауэ Iуахыжащ сабийм щыкIэлъыплъ пIалъэ къэухь-мардэр. Нэхъ гурыIуэгъуэ сщIынщи, ипэкIэ зэрыщытар аращи, пенсэр къыщабжкIэ абы халъытэ страховой стажым хагъыхьэр, и нэхъыбэрейуэ, анэр бынхэм (плIым нэс) щакIэрыса зэманрат. Иджы, мы гъэм щыщIэдзауэ, сабиитхуми, нэхъыбэми анэр щакIэрыса, зэракIэлъыплъа пIалъэр страховой стажым хабжэнущ, пенсэр ягъэувыным щынэскIэ. Абыи къыщымынэу, сабий етхуанэм, нэхъыбэм къапэкIуэу, пенсэ коэффициент щIыгъужыныгъэхэр щыIэщ — илъэсрэ ныкъуэрэ мынэхъ мащIэ и сабийм кIэлъыплъу щыса анэм пенсэ щыхуэдгъэувкIэ, сабий къэскIэ ПК 8,1-рэ хуэзэу и пенсэм щIыдгъунущ. Ар икъукIэ зэхъуэкIыныгъэфIщ икIи игъуэщ. Ди гуапэ дыдэу щIэддзащ лъэIу тхылъхэр къэтщтэн.
Абыхэм тещIыхьауэ пенсэхэр къэдбжыжынущ. ЗэхъуэкIыныгъэ нэхъыщхьэр пенсионерхэм я нэхъыбэм къагурыIуагъэххэщ, зыхащIащ. Ар зэхьэлIар 2026 гъэм щIышылэм и 1-м щыщIэдзауэ пенсэм проценти 7,6-кIэ къехъуауэ къазэрыIэрыхьаращ. Аращи, пенсэ Iуэхухэм ягъуэт зэхъуэкIыныгъэхэм куэд епхащ: нобэ лажьэ пенсионерым и пенсэм щыхэдгъахъуэкIэ, и псэукIэр, гъащIэр ефIэкIуэным лъабжьэ худогъэтIылъ, сабий гъэсэныгъэм, бын куэд пIыным псэемыблэжу пэрытахэм, пэрытхэм я хьэлэмэтхэри зыдогъэзахуэ, я сэбэп къызэрыхэкIыным хуэдэу.
— Зи гуащIэдэкI стажыр зэпыуахэми, пенсэ хуагъэувынымкIэ зи стаж иримыкъухэми зэхахауэ ягъэхъыбар пенсэ коэффициентхэр къэпщэхунымкIэ лъэкIыныгъэ щыIэу. Абы и пэжыпIэр сыт хуэдэ, дауэрэ а хэкIыпIэр цIыхум зэрызыхуигъэщхьэпэфынур?
— Мыхьэнэшхуэ зиIэ, куэд дыдэ зыгъэпIейтей упщIэщ къэфIэтар. ЦIыхур езыр хуейуэ, езым и арэзыныгъэкIэ взнос итыну хьэзырмэ, апхуэдэм ехьэлIауэ пенсэ коэффициентыр 2026 гъэм щыщIэдзауэ сом 65 600-рэ мэхъу. Ари гурыIуэгъуэ сщIынщ. 1.Дылэжьэхун, лэжьапIэтым взнос итыхун, и лэжьакIуэм и страховой пенсэм хэлъхьэныгъэ хуещI икIи хохъуэ. Абы теткIэрэ, ИПК-р нэхъыбэхун пенсэри нэхъыбэщ. 2. АтIэ, ИПК-уэ дапщэ иIэн хуейр пенсэм кIуэнум? ЖьыгъэкIэ, и ныбжькIэ зэрынэсам тещIыхьауэ пенсэм кIуэнум 2026 гъэм щытыкIитI игъэзэщIэн хуейщ: страховой стажу илъэс 15 мынэхъ мащIэ, ПК-уэ 30-м икIэ къэмыкIуэ иIэпхъэщ. А бжыгъэхэр илъэс къэс нэхъыбэ мэхъу. 3. Дауэрэ, атIэ, пенсэ коэффициентхэр къызэрабжыр? И нэхъыбапIэу ар автоматическэу жыхуиIэм хуэдэу зэхэтщ икIи зэлъытар лэжьапIэтым игъэлажьэ цIыхум и цIэкIэ ит страховой взносращ. Абы нэмыщIу, ИПК-м хохьэ «нестраховые периоды» жыхуэтIэ пIалъэр — дзэм къулыкъу щищIар, сабийм кIэлъыплъу щыщысар, илъэс 80 нэхърэ нэхъыбэ зи ныбжь цIыхум щыкIэрысар. 4. АтIэ, дауэрэ цIыхум къищэхуа хъуну зыхуэныкъуэ коэффициентхэр? Абы хуэныкъуэщ икIи къищэхунымкIэ лъэкIыныгъэ зэриIэр хэкIыпIэ хьэлэмэтщ зи ПК иримыкъухэмкIэ, гуащIэдэкI стажу иIэр мащIэмэ е имыIэххэмэ. Псалъэм папщIэ, щIэмытхауэ зи щхьэ хуэлэжьэжхэр, «самозанятые» жыхуэтIэхэр. Зы пенсэ коэффициент къащэхуфынущ сом 65 600-кIэ. Гу зылъытапхъэр: пенсэр фхуагъэувынымкIэ фызыхуэныкъуэ гуащIэдэкI стажымрэ коэффициентымрэ я ныкъуэращ апщыгъуэми къэфщэхуфынур. ЖыхуэтIэ IуэхухэмкIэ зызыхуагъэзэн хуейр ди клиент къулыкъухэращ икIи езыр хуейуэ взнос къызэритынумкIэ зэгурыIуэныгъэ зэдащIу ар и IэпэкIэ щIигъэбыдэжыпхъэщ зыкъытхуэзыгъэзам. 5. Пенсэр зыхуэдизу щытынур иджыри зэлъыта лъэныкъуэхэр щыIэщ. Пенсэм кIуэнум ИПК-р ирикъуу иIэным къинэмыщIауэ, пенсэм щыкIуэ пIалъэм техуэу а ИПК-м и уасэр зыхуэдизми мыхьэнэ иIэщ. 2026 гъэм ар, зэрыжысIащи, соми 156,76-рэ хъуащ. КъинэмыщIауэ, «фиксированная выплата» жыхуэтIэми елъытащ пенсэр зыхуэдизынур. 2026 гъэм ар сом 9 584,69-рэ хъуащ. Мис абыхэм тещIыхьауэ, пенсэм и инагъыу щытынур мыпхуэдэу къэббжыфынущ: Пенсэр ИПК-мрэ ИПК-м и уасэмрэ зэхэту + «фиксированная выплата»-р.
— Ди республикэр къатщтэмэ, 2026 гъэм ику ит пенсэр дапщэ хъуа?
— 2025 гъэм икIэхэм я къэпщытэжыныгъэм тетщIыхьмэ, ику иту пенсэр Къэрэшей-Черкесым сом 21 313,13 хъуащ. ЖьыгъэкIэ, ныбжькIэ зыхунэса пенсэращ мыр жыхуэтIэр. НыкъуэдыкъуагъкIэ къахь ику ит пенсэр — сом 16 028,10-рэ, зыгъашхэр (кормилец) зэрыфIэкIуэдам и щхьэусыгъуэкIэ кърат пенсэр — сом 14 646, 48-рэ хъуащ. Мы тыныгъэхэми мы гъэм щIышылэм и 1-м щыщIэдзауэ индексацэ проценти 7,6-рэ ягъуэтащ икIи пенсэхэр нэхъыбэу яIэрыхьащ.
— ЩIэтхауэ, «официальнэу» зэгуэрми мылэжьа цIыхум и пенсэр дауэрэ хъуну, апхуэдэм пенсэ езыр къихьыну?
— Апхуэдэхэри пенсэншэ хъунукъым, шэч хэлъкъым. Зи стажыр, коэффициентыр иримыкъухэм къэралым социальнэ пенсэ яритынущ. Ар хабзэкIэ щIэгъэбыдащ икIи апхуэдэ пенсэми илъэс къэс индексацэ ирагъэгъуэт. Мэлыжьыхьым и 1-м индексацэ ящIа нэужь, и ныбжькIэ нэсауэ пенсэ зытехуэм и социальнэ пенсэр 2026 гъэм сом 15478,32-рэ хъуащ. Социальнэ пенсэр щатыр бзылъхугъэр — илъэс 60, цIыхухъур илъэс 70 ирикъуа нэужьщ. Зы илъэс закъуи гуащIэдэкI стажу имыIэми, цIыхум социальнэ пенсэр хуагъэувын папщIэ, зыкъыхуигъэзэн хуейщ СФР-м. Зыри къэрал пенсэ дэIэпыкъуэгъуншэу къэнэнукъым.
— Пособэхэм ехьэлIауэ сыт хуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр щыIэ 2026 гъэм?
— Псори дгъэнэIуэнщ, зэрызэкIэлъыкIуэкIэрэ. Пособэ нэхъыщхьэхэр зыхэпщIэу нэхъыбэ хъуащ мы гъэм щIышылэм щегъэжьауэ. ЦIыхур зэрыпсэуфыну ахъшэ нэхъ мащIэ мардэр зэрыхэхъуам тещIыхьауэ, лъэIу тхылъыншэу, пособэхэр къэдбжыжащ. Гулъытэ зыхуэщIыпхъэщи, иджы ар унагъуэм и зэIузэпэщым, зыхуэныкъуэм тещIыхьащ. Апхуэдэщи: *зи ныбжьыр илъэс 17-м нэмысахэм папщIэ — ику иту сом мини 8-рэ 6-рэ, мин 12,9-рэ е мин 17,3-рэ мазэм. Сабийм ехьэлIа зэрыпсэуфыну ику ит мардэм и процент 50, 75-рэ, 100-рэ мэхъу а ахъшэр. Сабийм ехьэлIауэ ику ит зэрыпсэуфыну мардэу Къэрэшей-Черкесым 2026 гъэм ягъэнэIуащ сом 17 269-рэ. *Бзылъхугъэ лъэщыджэхэм пособэу иратыр ику иту хъуащ сом мини 9,7-рэ, мин 14,5-рэ е мин 19,4-рэ. Ар — балигъ цIыхур ди республикэм зэрыпсэуфыну нэхъ мардэ мащIэу къабжам и процент 50, 75-рэ, 100-рэ мэхъу е, нэгъуэщIу, 2026 гъэм сом 19405-рэ хъуащ. Мы бжыгъэхэм къыджаIэр аращи, зи хэхъуэр мащIэ дыдэ унагъуэхэм иратыфыну къэрал дэIэпыкъуныгъэ-пособэм и мардэр щызу ялъысынущ. Пособэ хэхъуахэр зыхуэфащэхэм япэ яIэрыхьэнущ мы гъэм и мазае мазэм. Анэ гъэтIылъыгъэм (маткапитал) илъэс къэс ирагъэгъуэт индексацэр. 2026 гъэм мазаем и 1-м щыщIэдзауэ анэ гъэтIылъыгъэм индексацэ едгъэгъуэтынущ, инфляцэ къекIуэкIым елъытауэ. Апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэр яхьэлIащ сертификатхэр япэу къызыIэрыхьэну унагъуэхэми, къамыгъэсэбэпа ахъшэ зи сертификатхэм къинахэми. Апхуэдэ кIэкъинэ ахъшэми индексацэ едгъэгъуэтынущ. Псоми тыншу фыщыкIэлъыплъыфынущ «Госуслуги» порталым. ЩIэуэ къежьа къызэрымыкIуэ Iэмалщ илъэс къэс унагъуэ тыныгъэхэр (ежегодная семейная выплата). Мыр мазэ къэс ят пособэм щIагъужыну, илъэс къэс ятыну ахъшэщ. Ар къызэрымыкIуэ зыщI щытыкIэщ лажьэ анэ-адэхэм зэратеухуар. Мы пособэ лIэужьыгъуэр зратынур: * Урысейм щыпсэууэ, НДФЛ яту, унагъуэм и хэхъуэр зэрыпсэуфыну мардэ нэхъ мащIэ 1,5-м нэхъыбэ унагъуэм ис зы цIыхум къылъымысу псэу, сабиитI, нэхъыбэ зиIэ анэадэхэращ; Тыныгъэр къызэрабжымрэ зыхуэдизымрэ: илъэсым къриубыдэу НДФЛ-у итамрэ илъэсым унагъуэм иIа хэхъуэм и проценти 6-мрэ я зэщхьэщыкIыныгъэм хуэдизщ пособэр зэрыхъунур. Нэхъ гурыIуэгъуэу жыпIэмэ, къэралым унагъуэм хурегъэгъэзэж ита хьэкълыкъхэр. Пособэр къратын папщIэ 2026 гъэм мэкъуауэгъуэм и 1-м щыщIэдзауэ жэпуэгъуэм и 1-м нэгъунэ лъэIу тхылъ щIалъхьэн хуейщ, «Госуслуги» порталыр зыдагъэIэпыкъуу. Хъунущ клиент къулыкъухэри, МФЦ-хэри къагъэсэбэп. Мы пособэ лIэужьыгъуэр унагъуэм илъэсым зэщ къызэрыратынур.
— ХуэгъэкIуэтэныгъэ лIэужьыгъуэхэр зиIэ цIыхухэм яхьэлIауэ зэхъуэкIыныгъэхэр щыIэ?
— Мазэ къэс зэ тыгъуэ ахъшэхэми (ЕДВ) мы гъэм мазаем зэхъуэкIыныгъэхэр ядгъэгъуэтынущ. Ар зытеухуар зи узыншагъэкIэ ныкъуэдыкъуагъ зытелъ, ветеран, Чернобыль къэуэныгъэм хэта, нэгъуэщIхэращ. Абыхэм къахьым индексацэу проценти 6,8-рэ игъуэтынущ. ЕДВ-м щIыгъуу социальнэ хуэIухуэщIэхэм я уасэми хэхъуэнущ.
— СВО-м хэтхэм, ветеранхэм дэIэпыкъуныгъэ едгъэгъуэтыным теухуауэ иужьрей зэманым куэд жыдоIэ. Фондым сыт хуэдэ Iуэху пыухыкIахэр зэрихьэрэ апхуэдэ дэIэпыкъуныгъэ лIэужьыгъуэ и лъэныкъуэкIэ?
— ХьэкъыпIэкIэ, ар ди лэжьыгъэ щхьэхуэщ, пажэщ. Реабилитацэ лъэкIыныгъэхэр нэхъыбэ дощI. Псалъэм папщIэ, Социальнэ фондым къегъэбыдылIа реабилитацэ купсэхэм кIуэным папщIэ, ветераным и ахъшэ хэщIыныгъэр хурагъэкъужым къыщымынэу, гъуэгу техьэным ипэ къихуэу билетыр Iэрагъэхьэ. Абыи цIыхум и финанс хэщIыныгъэр нэхъ мащIэ ещI. И узыншагъэ щытыкIэм къыхэкIыу, ветераныр гъусэншэу гъуэгу темыхьэфынумэ, гъусэм и гъуэгупщIэри, зыщыпсэунум и уасэри, зэрышхэнури фондым къыхузэрегъэпэщ. Мыпхуэдэ дэIэпыкъуныгъэр гулъытэ хэхакIэ къызыдогъэпэщ икIи псори тыншрэ лъэпощхьэпоуншэу зэрызэкIэлъыкIуэнум и Iэмалхэр зэфIыдогъэкI.
— Зи уней Iуэху зезыхуэхэри, зи щхьэ хуэлажьэхэри хуэныкъуэщ социальнэу хъума хъуным. ЩыIэ апхуэдэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэ лIэужьыгъуэ?
— Зи щхьэзакъуэ Iуэху зезыхуэхэр, «самозанятэ»-хэр, зыгуэркIэ пIалъэкIэ мылэжьэфыну щытыкIэ ихуамэ, абыхэм папщIэ гъэунэхуныгъэ кIуэрабгъу 2026 гъэм щегъэжьауэ лэжьэнущ, езыхэм я арэзыныгъэкIэ страхованэ ящIмэ. А программэм хыхьэнымкIэ лъэIу тхылъыр Госуслуги порталым иралъхьэу загъэлъэгъуэн хуейщ. Абы папщIэ зыдрегъэIэпыкъу «Мой налог» приложенэр. Хъунущ Социальнэ фонд дыдэм екIуалIэу, клиент къулыкъухэм деж я Iуэху щызэрахуэми. «Самозанятэ»-м Социальнэ фондым зыщIитхэу, мазэ къэс взнос иту, страховой суммэу езым къыхихыр игъэнэIуэн хуейщ. Абы телъытауэ къратынущ и «больничнэ» ахъшэри. Сом мин 35-уи, мин 50-уи щытынкIэ мэхъу страховой бжыгъэр. Нэхъыбэхун — «больничнэ» ахъшэри нэхъыбэу къыщIихынущ. ЖыхуэтIэ гупым хиубыдэхэр социальнэу хъума хъуным и япэ лъэбакъуэщ мы Iэмалыр.
— Республикэм щыпсэухэм мыпхуэдэ хъыбархэр, зэхъуэкIыныгъэщIэхэр нэхъ псынщIэу, нэхъ гурыIуэгъуэу зрагъэгъуэтынымкIэ сыт хуэдэ Iэмалхэр щыIэ?
— Пенсэ, пособэ, тыныгъэ, сыт хуэдэ щIыгъужыныгъэ, зэхъуэкIыныгъэ щыIэми, и нэхъыбапIэр лъэIу тхылъыншэу, автоматическэу жыхуиIэм хуэдэу зэфIыдогъэкI. ХуэIухуэщIэ лIэужьыгъуэщIэхэр, пособэщIэхэр, мис мы иужьрейуэ зи гугъу тщIа, зи щхьэ хуэлажьэхэм яхьэлIа Iэмал гъэунэхуныгъэщIэр «Госуслуги» порталым» щалъагъунущ. Нэхъыщхьэращи, дэIэпыкъуныгъэр фщIыгъущ. Республикэм и район къэс щолажьэ Социальнэ фондым и къудамэхэр. Ди къалэныр, ди лэжьыгъэр — чэнджэщэгъу, жэуапэгъу дыфхуэхъунращ, фи лъэIу тхылъхэр къэщтэнращ. Абыхэм дапежьэнущ зэхэщIыкIыныгъэрэ зэгъэтIылъэкIыншэу. Социальнэ фондыр нобэ — зэманым дэбакъуэ, зыдэлажьэ цIыхухэм я хьэлэмэтым зытезыухуэ, сыт хуэдэ гъащIэ щытыкIэм имыхуами — дэтхэнэ цIыхуми щIэгъэкъуэн, дзыхьщIэгъу хуэхъуф къулыкъущ.
Зыгъэхьэзырар ТУАРШЫ Ирэщ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.