Зауэр — зауэщ, шэджагъуашхэр — игъуэу

Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм фронтхэм щылэжьа «полевая кухня»-хэм фIыщIэ псалъэ щхьэхуэ яхуэфащэщ. Абыхэм зауэлIхэр ягъашхэм къыщымынэу, унагъуэ шхыныгъуэхэр яупщэфIкIэрэ, сэлэтхэм хуабэу ягу къагъэкIт унэр, абыкIэ къыщына я унагъуэхэр, бынхэр, лIыжь-фызыжьхэр, щхьэгъусэхэр. ЖыпIэнуракъэ, унагъуэ шхыныгъуэхэмкIэ зауэлIхэм япыкъуэкI пщафIэхэм къызэрымыкIуэу псапэшхуэ къахьт.
Шэрхъ зыщIэт техникэм шыуанышхуэ зы-тIу хуэдиз тегъэувауэ, абы щыпщафIэу, ягъэкуэшу — апхуэдэт полевой пщэ-фIапIэр Хэку зауэшхуэм ипэхэм. Зы шыуаным псы литри 125-рэ, адрейм 75-рэ ихуэт. Зым суп ирагъэвыкIт, адрейм— кашэ. ПхъэкIэ зэщIагъэст мафIэм зауэлI шхыныр дакъикъэ 45-кIэ хьэзыр щыхъут. Къапщтэмэ, пщафIэ IэкIуэлъакIуэм ротэ псом ишхынур сыхьэтрэ ныкъуэрэкIэ хьэзыр ищIыфынут. «Полевой кухня»-хэм зрачмэ, зы сыхьэтым километр 35-р я псынщIагъыу ипэкIэ кIуатэт. Ахэр зылъэщIэмыхьэр танкыдзэ закъуэхэрат.

Сэлэтхэм, зэуапIэхэм Iутхэм и нэхъыбэу я шэджагъуашхэр консерв, сухпаек хуэдэхэрат. Ауэ пщэдджыжьышхэмрэ пщыхьэщхьэшхэмрэ пщэфIапIэхэм хуаупщэфIа шхыныгъуэхэмкIэ къызэрагъэпэщт.
Сытыт, атIэ, сэлэтхэр зэрагъашхэр зауэ илъэсхэм? Нэхъыбэрэ яупщэфIхэм щыщт борщ, суп, кулеш, лы зыхэлъ гречкэ хуэдэхэр. ПщафIэм и хэлъэтым, и жэрдэмым куэд елъытат. КъызэрыкIуэ, махуэ къэс яшх шхыныгъуэхэм пщафIэм щIэщыгъуагъ, къэуат хилъхьэфынут. Псалъэм папщIэ, шыкIуртIым къэхьэуэм (кофем) удз зэмылIэужьыгъуэхэр хагъавэт, бдзэжьей гъэгъуар къагъэщIытэти, кIэртIоф гъэвам декIупсу сэлэтхэм къыхутрагъэувэт.
УпщэфIыным пщафIэхэр гугъу иригъэхьтэкъым, къызыхаупщэфIыкIыныр яIэ закъуэмэ. Ауэ, зауэ гъуэгухэмкIэ ерыс-къыхэкIхэр къешэлIэныр икъукIэ хьэлъэт. Щымыхъужыххэм деж, кхъухьлъатэ IэкIуэ цIыкIухэр, «кукурузник» жыхуаIэр, къагъэсэбэпти, яупщэфIынур парашюткIэ къыхурадзыхт.
ШЫБЗЫХЪУЭ Ирэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *