ЩІышылэм и 23-м Хэкум и зауэлІхэм я унагъуэхэм я хэгъуэгу Комитетым КъЧР-м и Жылагъуэ палатэм зэІущІэ
щригъэкІуэкІащ.
Абы хэтащ икІи иригъэкІуэкІащ палатэм и пашэ Ляшовэ Еленэ, СВО-м щыІэ зауэлІхэм я анэхэмрэ
щхьэгъусэхэмрэ. ЗэІущІэм хэтахэр хэплъащ СВО-м щыІэхэм я унагъуэхэм я социальнэ псэукІэр езыгъэфІэкІуэн жэрдэмхэмрэ къыхэлъхьэныгъэхэмрэ, тепсэлъыхьащ къэрал къулыкъухэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ я зэдэлэжьэ-
ныгъэр нэхъри фейдафІэрэ купщІафІэрэ зыщІыну Іэмалхэм.
Гулъытэ хэхакІэ къыхагъэщащ медицинэ, егъэджэныгъэ, сабийхэм я социальнэ адаптацэ лъэныкъуэхэр.

Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.