ЗауэлI хъыжьэт Шорэ Мурат

Хэку зауэшхуэр екIуэкIыу, 1944 гъэм, сэлэтым дежкIэ зауэ нагъыщэ нэхъ лъапIэ дыдэу ялъытэ  «За отвагу» медалымрэ ещанэ нагъыщэ зиIэ «ЩIыхь» орденымрэ къызыхуагъэфэща зауэлI хъыжьэт ШОРЭ Мурат Увжыкъуэ и къуэр.

Ди лIыхъужьыр 1907 гъэм къыздэхъуар Хьэгъундыкъуей (Али-Бэрдыкъуэ) жылэжьрами, и гъащIэ псом зыщыпсэуар а къуажэм къыхэкIыу щхьэхуэу етIысэха Хъумэрэ ЦIыкIу дежт.

Хэку зауэшхуэр къыщыхъеям, Мурат и ныбжьыр илъэс 34-м итт. Арами, фронтым щыIухьар 1942 гъэм и щIышылэ (январь) мазэращ, Икон-Хьэлъкъ РВК-м ириджэкIэрэ. ЖыпIэнурамэ, ди хэкуэгъур партми хэттэкъым, щIэныгъи бгъэдэлътэкъым. Арагъэнщ щхьэусыгъуэ хуэхъуар и дэфтэрхэм щыуагъэ щIэкIуам. И адэцIэ «Увжыкъуэ»-м ипIэкIэ, «Жыкъуэ и къуэ» жэуэ щIатхат. АтIэ, Мурат хуэдэуи, апщыгъуэм, цIыху куэдым щIэныгъэ ябгъэдэлътэкъым.

Зауэм Iухьа зауэлIыр хохуэ 602-нэ щхьэхуэ сапер батальоным и 304-нэ стрелковэ дивизием. Мурат сапёрт, щIэх дыди адыгэлI IэпщIэлъапщIэм ефрейтор нагъыщэри къыхуагъэфэщат.

I942 гъэм и щIышылэ – фокIадэ мазэхэм адыгэлIыр щызэуащ Ипщэ-КъухьэпIэ фронтым; фокIадэм щегъэжьауэ 1943 гъэм и гъатхэпэм нэгъунэ – гуащIэ дыдэу щыта Сталинград фронтым; а гъэ дыдэм и гъатхэпэ мазэм ар яхыхьащ Япэ Украинэ фронтым. Зауэм и кIыхьагъкIэ Мурат тIэунейрэ уIэгъэ хъуащ, зэм хьэлъэу.

Дривгъэплъэж абы и зауэлI гъуэгуанэм.

Зауэ дэфтэрхэм къызэрыхэщымкIэ, 1944 гъэм мэкъуауэгъуэм (июным) и 12-м Шорэм и цIэр къраIуэ «За отвагу» медаль лъапIэмкIэ. Япэ Украинэ фронтым и 60 дзэм и IэфIауэ Житомир Краснознаменнэ дивизэм и унафэщIым и Iэпэр зыщIэлъ, зи № 041/Н 304-нэ унафэм мыпхуэдэу итщ: «Проскуров къалэм пэмыжыжьэу Ипщэ Буг псым зэрызэпрыкI пкъыгъуэхэр щаухуэм, I944 гъэм гъатхэпэм и 24-м ныбжьэгъу Шорэр, бийр къазэрыхэуэм и мафIэсым щIэту, и псэ емыблэжу лэжьащ, адрей зауэлIхэри и лIыхъужьыгъэ щапхъэм тригъэуващ. 1944 гъэм мэлыжьыхьым и 16-17 жэщым ныбжьэгъу Шорэр бийм зэпымычу къигъауэхэм щIэту, мафIэсым хэту, игъэувын лъэкIащ фашистхэм я жырышхэм пэщIэтыну лагъым 21-рэ, жырышхэр къыздэкIуэнкIэ хъуну шынагъуэ здэщыIэ лъэныкъуэхэмкIэ, ди дивизэр здэщыт гъунапкъэм и гупэмкIэ».

А илъэс дыдэм, дыгъэгъазэм (декабрым) и 27-м  Япэ Украинэ фронтым и 60 дзэм и 304-рэ IэфIауэ Житомир Краснознаменнэ дивизэм и унафэщIым и Iэпэр зыщIэлъ, зи № 086/Н унафэр къыдокI ефрейтор, япэ ротэм и сапёр Шорэ Мурат Увжыкъуэ и къуэм «Славы III степени» орденыр къызэрыхуагъэфащэр иту: «Хахуэу икIи лIыхъужьыгъэ зыхэлъ саперу зыкъигъэлъэгъуащ красноармеец Шорэм 262-рэ лъагапIэр къыщащтэм, дыгъэгъазэм и 13-14 махуэхэм. Шорэ Мурат щхьэмыгъазэу бийм и мафIэм хэту ищIащ купсэ зекIуапIэ, лагъым здыщагъэтIылъа губгъуэхэм, бийм къигъэува гъунапкъэхэм хуэкIуэу. ЕбгъэрыкIуэныгъэхэм деж ар зауэлIхэм япэ иту кIуэт, лъэсыдзэхэр и нэIэм щIигъэтт, бийм дитIыкIа щIыпIэм нэсыхункIэ, гуеигъэ къигъэлъагъуэу, шынэ имыщIэу.

Дыгъэгъазэм и 15 16 жэщым зэпымыууэ бийм къиутIыпщ мафIэ лыгъейм щIэту, хэкIуэдэнкIэ хъуну щыIэ шынагъуэри къыфIэмыIуэхуу, лъагапIэм и ищхъэрэ тхыцIэхэмкIэ МЗП лагъымхэр ирихьэлIэт, МЗП пакет 20-рэ I08ППI4 s-35-рэ щигъэувын лъэкIащ, абыкIи бийр лъагапIэм нэмыIэсыфыну игъэпсащ, советыдзэм къыхуагъэува зауэ къалэнхэри ехъулIэныгъэ хэлъу зэфIэкIа хъуащ».

Дивизие хахуэм хэту Шорэ Мурат ирикIуащ лIыхъужьыгъэкIэ гъэнщIа и зауэ гъуэгуанэм, Прагэ нихусащ. Зауэр иуха нэужь, зауэлI хъыжьэм къыхуагъэфэщащ «За победу над Германией в Великой Отечественной войне 1941-1945г.г.» медаль лъапIэр, Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэр къыщыхьыным хуищIа хэлъхьэныгъэ иныр къыхалъытэкIэрэ.

Зауэм щыгъуэ бийр игъэкIуэтыным хуищIа хэлъхьэныгъэм хуэдэу, мамыр гъащIэми хуэлэжьэну и псэ емыблэжу пэщIэуват Шорэр.

Сабиибл: щIалищрэ пхъуиплIрэ къыщIэхъуат… Ауэ, хузэфIэкIакъым адэм ахэр лъэ быдэкIэ зэрыувар илъагъужыну: и ныбжьыр илъэс 51-м иту зауэлI хахуэр дунейм ехыжащ. ЩыщIалъхьэжащ и къуажэм.


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *