Адэшхуэ ЛЭТОКЪУЭ Мустэфа теухуауэ си щIэблэ Миланэ итха сочиненэм щыщщ: «Лэтокъуэ Мустэфа Алий и къуэр 1922 гъэм Жьакуэ къуажэм къыщыхъуащ. Зауэр къызэрежьэу къулыкъум ираджэри, советыдзэм хэту, гуеигъэрэ хахуагъэрэ къигъэлъагъуэу, бийм пэщIэтащ. Ар яхэхуащ IэфIауэ дзэ пакIэм. Белоруссием щызауэу, абы и мэзхэм деж Мустэфа уIэгъэ хьэлъэ щыхъури, зауэ сымаджэщым щIэхуащ. Абдеж дохутырхэр къыщеIэзэу нэмыцэхэм гъэр ящIри, Германием и Заксенхаузен нэмыцэ лъэхъуэщым ихуащ икIи ар илъэситIрэ мазиблрэкIэ бийм яIыгъащ.

Си дадэшхуэм теухуа сочиненэр щызгъэхьэзырым, ар зэрыса лъэхъуэщым зыщызгъэгъуэзащ. Нэгум къыщIэгъыхьэгъуейщ абы ихуа цIыхухэм хьэзабу ятелъар. АтIэ, 30-40 гъэхэм къриубыдэу, Заксенхаузеным цIыху мини 100-м щIигъу илIыхьащ. Ар си къалэ Черкесск щыпсэу цIыхухэм я бжыгъэм куэдкIэ къыкIэрыхукъым! Абдеж гъэру щаIыгъа ди сэлэтхэм гугъуехьрэ бэлыхьу мащIэкъым яшэчар: нацистхэм абыхэм хьэкIэкхъуэкIагъэхэр ирагъэхъылIэт, гъэунэхуныгъэхэр ирагъэкIуэкIт, псэууэ пэшхьэкухэм ирадзэти, гуIэурэ ирагъэсыхьт, гъуэзым ирагъэтхьэлэт, щIэпхъуэжыну пылъахэр цIыхухэм ялъагъуу палъэт, яукIт. Фашистхэм ягъэхъа хьэкIэкхъуэкIагъэхэм сыщеджэм, ди дадэшхуэм бэлыхьу ишэчар си нэгум къыщIыхьащ, си нэпсри къекIуащ…
ГъащIэм зэригъэувар арати, Мустэфарэ нэгъуэщI гуэрхэмрэ француз фермер гуэрым ищэхуауэ щытащ. Ахэр а лIым хуэлIыщIащ 1944 гъэм нэгъунэ. А илъэсхэм ди зауэлIхэм я гур ягъэкIуэдакъым икIи къызэрыщIэпхъуэжыным зыхуагъэхьэзырын щIадзащ. Апхуэдэу, я насып къихьри, ахэр зыгъэпщылIым къыIэщIэкIыжащ, гугъу ехьами, я унэм къэкIуэжащ. Абыхэм къызэранэкIа гъуэгур хьэлъэт икIи шынагъуэт, ауэ я унэм къызэрыкIуэжым къару къахилъхьэт.
Сэ си дадэшхуэм къыкъуэкIа лIыгъэмрэ бэшэчагъымрэ срогушхуэ. Лэтокъуэ Мустэфа Алий и къуэм къыхуагъэфэщауэ щытащ Хэку зауэшхуэ етIуанэ нагъыщэ зиIэ орденыр».
КАРАМЫШЕВЭ Ларисэ, КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) правовой Управленэ Нэхъыщхьэм и референт
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.