Яхуэфащэ гулъытэр

Хьэбэз районым щрагъэжьащ «1941-1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэр къызэрыщытхь рэ илъэс 80 зэрырикъуам папщIэ» юбилей медалыр тылым щылэжьахэм ятыныр.

Районым, къуажэхэм я унафэщIхэр ди нэхъыжьыфIхэм я унагъуэхэм еблагъэурэ, гуфIэгъуэ дауэдапщэм щIэту, медалхэр хуагъэфэщащ. Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир а медалыр игъэбелджылащ зауэм и ветеранхэм зэрахьа лIыгъэм, гуеигъэм, хахуагъэм папщIэ пщIэрэ фIыщIэрэ яхуищIкIэрэ. Апхуэдэ медалыр Хьэбэз районым щыпсэу, тылым псэемыблэжу щылэжьа нэрыбгэ 35-м хуагъэфэщащ. «ТекIуэныгъэ Иныр къэгъэблэгъэным хуэфщIа хэлъхьэныгъэшхуэмрэ цIыхухэр гъэунэхуныгъэ хьэлъэ дыдэм щрагъэхуа илъэсхэм зэпIэзэрытыныгъэр къызэрывгъэлъэгъуам папщIэ фIыщIэ фхудощI. Фэ фронтым Iутхэм я щIэгъэкъуэнрэ я гугъапIэу фыщытащ заводхэм, губгъуэхэм фыщылэжьащ, сыт хуэдэ гугъуехьри къызэвнэкIащ. Фи псэемыблэж егугъуныгъэмрэ зэпIэзэрытыныгъэмрэ ди ТекIуэныгъэм и лъабжьэ хъуащ, икIи фи лIыхъужьыгъэр зэи дигухэм ихунукъым. Фи ныбжьхэм я фIыгъэкIэ, ди къэралыр зэфIэдгъэувэжащ, мамырыгъэмрэ хуитыныгъэмрэ хэпсэукIынымкIэ лъэкIыныгъэ игъуэтащ. Ди щхьэр ину худогъэщхъ фи лIыгъэм. Фи пщIэмрэ щIыхьымрэ цIыхум я гум сыт щыгъуи илъыну!» — ди нэхъыжьхэм яхъуэхъуащ районым и унафэщIхэр.


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *