Ягухэр анэдэлъхубзэм къыхуигъэушу

Сабий IыгъыпIэм щылажьэхэр куэдым хуэгъэщIащ, абыхэм творческэ гупсысэ яхэлъщ, яхузэфIэмыкIи щыIэкъым: икIи мэджэгуф, сурэти ящIыф, уэрэди жаIэнущ, къэфэфынущ, абы къыдэкIуэу психологыуи, логопедуи, лъыхъуакIуэуи, хъумакIуэуи, уеблэмэ сабийхэм ани яхуэхъуфынущ… Апхуэдэу, гурэ псэкIэ гъэсакIуэ IэщIагъэр къыхэзыхахэм ящыщщ Адыгэ-Хьэблэ къуажэм дэт «Светлячок» сабий IыгъыпIэм и гъэсакIуэ МЫСРОКЪУЭ Радимэ Хьисэ и пхъур.

Радимэ мы гъэм гъэсакIуэхэм яхуэгъэзауэ екIуэкIа «АнэдэлъхубзэмкIэ егъэджакIуэ нэхъыфI» Урысейпсо зэпеуэм и хэгъуэгу Iыхьэм щытекIуэри, республикэм къыбгъэдэкIыу федеральнэ утыкуми зыщигъэлъэгъуащ… Радимэ балигъ щыхъуам иджыри и мурадтэкъым гъэсакIуэ IэщIагъэм хуеджэну. Абы урысыбзэмрэ адыгэбзэмрэкIэ егъэджакIуэ IэщIагъэр къыхихауэ щытащ. Ауэ, иужькIэ ар къыщыхутащ сабий IыгъыпIэм. Иджы нану цIыкIухэм я гъэсэныгъэм илъэс 20 хъуауэ толажьэри, а зытеува гъуэгум емыпцIыжу, и зыужьыныгъэм зэрыхигъэхъуэным пылъу, щIэныгъэрэ цIыхугъэу бгъэдэлъыр цIыкIухэм ябгъэдилъхьэу къогъуэгурыкIуэ.

«Си гъащIэм деж сехъулIауэ солъытэ, сызыхуэгъэщIа IэщIагъэм сыхуемыджауэ щытми, ар си натIэ зэрыхъуамкIэ. ГъащIэм апхуэдэу къысхузэпищэри сабий IыгъыпIэм сыкъыщыхутащ. Абдежми къызгурыIуащ ар си гъащIэм хэсх мыхъуну зэрыщытыр», — и IэщIагъэр къызэрыхиха хъуар игу къигъэкIыжу къыхегъэщ Радимэ. Бзылъхугъэр ищхьэ нагъыщэ зиIэ гъэсакIуэщ.

Абы и цIэр щIыхь тхылъхэмкIэ къыхагъэщ…. Ауэ, сыт зищIысыр а нагъыщэхэр? Псом нэхърэ нэхъыщхьэр сабийхэм я фIылъагъуныгъэмрэ адэ-анэхэм я дзыхьымрэщи, ахэр гъэсакIуэм гъунэжу егъуэт. Сыт хуэдэ IэщIагъэрылажьэми и лэжьыгъэм деж адрейхэм къащхьэ щызыгъэкI езым и «хъэтI» иIэжу щытщ. Мысрокъуэ Радимэ и лэжьыгъэм дежи гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым абы адыгэбзэр хъумэным хэлъхьэныгъэу хуищIым. Нанухэм я анэдэлъхубзэ дэхуэхар яIурылъхьэжыныр и гъащIэ гъуазэу, и къалэн нэхъыщхьэу къелъытэ, и лэжьыгъэри абы хуэунэтIауэ егъэпс.

Адыгэ-Хьэблэ къуажэм лъэпкъ зэхуэмыдэ куэд зэрыдэсым къыхэкIыу, сабийхэр бзэр джынымкIэ зэщхьэщагъэкI. Тыркубзэ гупым хиубыдэхэр щхьэхуэщ, адрейхэм адыгэбзэр я тегъэщIапIэщ. Мысрокъуэм зэрыжиIэмкIэ, нэгъуэщI лъэпкъым щыщ сабий куэди адэ-анэхэм я лъэIукIэ къагъакIуэ. Ауэ гъэсакIуэр зыгъэгумэщI Iуэхугъуэ куэдми щыхуозэ и лэжьыгъэм. Псом япэрауэ ар адыгэ сабийхэм я анэдэлъхубзэм иримыпсэлъэж зэрыхъуаращ. Арами, япэ дыдэм къыщыщIэдзауэ нанум зэхихын хуей адыгэ макъхэмкIэ къыщIедзэри ирипсэлъэфу егъасэ. А псори джэгукIэ щытыкIэм иту къызэрегъэпэщ, цIыкIухэм зэрызыхаубыдэным хуэдэу. Мыбдеж яригъэцIыхуар унэм къыщамыгъэсэбэпыжу щыщыткIэ гъэсакIуэм и жагъуэ дыдэ мэхъу. Апщыгъуэми Радимэ адэ-анэхэм бгъэдыхьэкIэ къахуегъуэт. Абыхэм яIуощIэ зэпыт. Ауэ, ар зэрекIуэкIыр нэгъуэщI щытыкIэм итущ. Абыхэм бзэмкIэ джэгукIэхэр къахузэрегъэпэщ: ребусхэр, кроссвордхэр, нэгъуэщIхэри. Апхуэдэурэ анэдэлъхубзэр унэм къызэрыбгъэсэбэпын Iэмалхэм щегъэгъуазэ.

«Сыт хуэдэу гухэхъуэ, сабийм езыр езыру адыгэ псалъэхэр жиIэф щыхъум деж ар зэрыгуфIэм укIэлъыплъыныр! И нэгум иболъагъуэ абы зэрырипагэр. Дыгъуасэ анэдэлъхубзэ зымыцIыхуу къыпхуэкIуа нанур и бзэкIэ усэ къеджэу щыплъагъукIэ, уи лэжьыгъэм дауэ гукъыдэж къызэрыпхимылъхьэнур?!» — къыддогуашэ гъэсакIуэр.

Усэ цIыкIухэр, усэрыбжэхэр, хъы бархэр… А псори и лэжьыгъэм куэду къыщегъэсэбэп Мысрокъуэм. Сабий IыгъыпIэм деж адыгэхэм яхьэлIауэ зы махуэщIи благъэкIкъым ямыгъэлъапIэу. Мис адыгэм и Махуэм теухуа махуэщI дахэ цIыкIу яIащ, адыгэ фащэм и Махуэми гулъытэ хуащIынущ. Жыджэрагърэ нэрыгърэ хэлъу зи лэжьыгъэр зыгъэкIуатэ, адыгэбзэр гъэбэгъуэныр зи къалэну къэзылъытэ гъэсакIуэр «АнэдэлъхубзэмкIэ егъэджакIуэ нэхъыфI» зэпеуэми гукъыдэж иIэу хыхьащ. ИкIи хьэлэмэт дыдэу ар къехъулIащ — анэдэлъхубзэр ягъэджынымкIэ къигъэсэбэп IэмалхэмкIэ районми, республикэми щынэхъыфI хъуащ. «Зэпеуэр Iуэху тыншкъым, къару куэди зэмани пфIехь. Абы ипкъ иту дерс зэIухахэр езгъэкIуэкIащ. Си гуащIэ псор къэзыпщытэж лэжьыгъэщ ар. Псом хуэмыдэу республикэм къыбгъэдэкIыу утыкушхуэм ущихьэм деж жэуаплыгъэ ини, абы хэту гушхуэныгъэ гуэри зыхыбощIэ. Мы Iуэхур къыздэзыIыгъа, сабий IыгъыпIэм и унафэщI КIэм Фатимэрэ ди методист Анзорхэ Иринэрэ, си лэжьэгъу псоми фIыщIэ яхузощI», — жеIэ гъэсакIуэм. Лэжьыгъэм псэемыблэжу пэрытынымкIэ абы и щIэгъэкъуэн нэхъыщхьэщ унагъуэр. Зэпеуэм щыхэтым щыгъуи и щхьэгъусэри ипхъу цIыкIури абы къыхэлэжьыхьащ…

Сабийхэм яхуиIэ фIылъагъуныгъэм къыдэкIуэу Радимэ лэжьыгъэмкIэ гукъыдэж къыхэзылъхьэу щыIэр и лъэпкъыбзэм и дахагъымрэ лъэпкъ щэнхабзэм и къабзагъэмрэщ. Лъэпкъ макъамэхэм, Iущыгъэхэм гупсысэ куэдым зэрыхуишэр абы къыхегъэщ. Ахэр и гъэсэн цIыкIухэм зэранихьэсыным пылъщ. Махуэ къэс зы лэжьыгъэм ущыпэрытым деж ар щыбужэгъуи, уи къарур щыкIуэщIи къохъу. Апщыгъуэм Радимэ и гупсысэхэр и гъэсэнхэм яносри, ахэр къызэрыхуэныкъуэр зыхещIэ. ИтIанэ, сабийм иригъэцIыхуам иригуфIэу щилъагъукIэ е адэ-анэм и фIыщIэ щызэхихкIэ, гъэсакIуэм зэрыжиIэмкIэ, къыпхуэмыпщытэ къару гуэр къыхохьэж. ЩыIэщ гъэсакIуэр зыгъэгумэщI лъэныкъуэхэри: ар сабийхэм анэдэлъхубзэр ягъэцIыхунымкIэ IэмалыщIэхэр, зэманым декIуу гъэпса программэхэр зэрымащIэ дыдэращ. — СыщIохъуэпс сабий нэхъыбэ адыгэбзэм ирипсалъэ хъуным.

Си лэжьыгъэм и купщIэ нэхъыщхьэу къэслъытэри аращ, — жеIэ Радимэ. Апхуэдэ гупсысэхэр зиIэу зи лэжьыгъэм пэрыт IэщIагъэрылажьэм ущрихьэлIэкIэ, бзэр хъума зэрыхъунымкIэ фIэщхъуныгъэм нэхъри хохъуэ.

БОРЭНЫКЪУЭ Мадинэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *