ЯгъэIэпхъуэ

 Узыщыпсэу мыхъужыну унэхэм цIыхухэр къыщIэгъэкIыным ехьэлIауэ Урысейм и Президентым ищIа унафэр хэгъуэгухэм щагъэзащIэ. 2019 гъэм къыщыщIэдзауэ СКФО-м метр зэбгъузэнатIэ мин 313- рэ къызэщIэ­зыубыдэ жьы хъуа унэхэм щыпсэу унагъуэхэр ягъэIэпхъуащ. «Жьы дыдэ хъуа унэхэм унагъуэхэр къыщIэгъэкIынымкIэ программэм мыхьэнэшхуэ иIэщ цIыхухэм я щыIэкIэ-псэукIэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ. Абы къыхэкIыу, мы унафэр зэрыдгъэзэщIэным жыджэру иужь дитщ. Ищхъэрэ-Кавказ федеральнэ хэгъуэгум 2019 гъэм къыще­гъэжьауэ нэрыбгэ мин 20,6-рэ фэтэрыщIэхэм ягъэIэпхъуащ. КъинэмыщIауэ, хэгъуэгухэм я мылъкукIэ ягъэзэщIа программэм и фIыгъэкIэ, мин 1,4-м я псэукIэр ирагъэфIэкIуащ. «Жильё и городская среда» лъэпкъ проектыр зэфIэкIа нэужь, «Инфра структура для жизни» лъэпкъ проектыщIэм лэжьэн щIидзащ», — жиIащ УФ-м и Правительствэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Хуснуллин Марат.

СКФО-м щыщу унагъуэ нэхъыбэ зда­гъэIэпхъуа хэгъуэгущ Шэшэн Республикэр (нэрыбгэ мин 12,2-рэ), Ставрополь крайр (мини 2), Къэбэрдей-Балъкъэрыр (мин 1,7-рэ). «Ищхъэрэ-Кавказ федеральнэ щIыналъиблым щыщу тхум щаухащ 2017 гъэм щIышылэм и 1-м нэгъунэ жьы хъуа унэу къалъыта псэупIэхэм цIыхухэр къыщIэгъэкIыныр. Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Черкес, Шэшэн, Дагъыстан республикэхэр иужь ихьащ 2017 гъэм иужькIэ узыщыпсэу мыхъуну ягъэбелджыла унэхэм щыпсэухэр фэтэрыщIэхэм гъэIэпхъуэ­ным, — жиIащ щIыналъэм зегъэужьы­нымкIэ Фондым и генеральнэ унафэщI Шагиахметов Ильшат.

Программэр зи нэIэ щIэтыр Урысейм и Минстройращ, операторыр щIыналъэм зегъэужьынымкIэ Фондращ.


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *