Къэрэшей-Черкес Республикэм, абы и къалащхьэ Черкесск я Махуэм ипкъ иту къэрал, хэгъуэгу нагъыщэхэр республикэм и цIыху щхьэхуэхэм хуагъэфэщащ.
УФ-м и Президент Путин Владимир и УнафэмкIэ, къэрал нагъыщэ лъагэ зыхуагъэфэщахэм ящыщщ медицинэ къэхъукъащIэхэмкIэ республикэ купсэм и унафэщI УЭХЪУТЭ Анзор ФуIэд и къуэр. Ар «Лука Крымский» и цIэкIэ медалымкIэ къыхагъэщащ.
КъЧР-м и къэрал нагъыщэ зратахэм ящыщщ «Заслуженный строитель КЧР» щIыхьыцIэр къызыхуагъэфэща ГУЭНЭ Игорь Ехья и къуэр — республикэм и Парламентым промышленностымкIэ, транспортымкIэ, ухуэныгъэмрэ энергетикэмрэкIэ и Комитетым и тхьэмадэм и къуэдзэр; «Заслуженный работник торговли КЧР» щIыхьыцIэр къызыхуагъэфэща, «Стройоптторг»-м и генеральнэ унафэщI ШЫД Зураб Мухьэмэд и къуэр; «Заслуженный работник культуры КЧР» щIыхьыцIэмкIэ къыхагъэща АШЫБОКЪУЭ Азэмэт Хьэж-Мурат и къуэр — Хьэбэз районым щэнхабзэмкIэ и Унэм щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и къызэгъэпэщакIуэр; «Заслуженный работник культуры КЧР» цIэ лъапIэмкIэ къыхагъэща УЭЗ Люсэ Сэхьид и пхъур — Хьэбэз къуажэм дэт, Сидакъ СулътIан и цIэр зезыхьэ, сабий гъуазджэхэмкIэ еджапIэм лъэпкъ макъамэ IэмэпсымэхэмкIэ щезыгъаджэр; «Заслуженный деятель науки КЧР» щIыхьыцIэр зрата, КъБР-м и къэрал университетым педагогикэ щIэнгъуазэмкIэ и кафедрэм и профессор, педагогикэ щIэныгъэхэм я доктор ЗЭГЪЭЩТОКЪУЭ Хьисэ Хъусин и къуэр.
Къапщтэмэ, республикэ мыхьэнэ зиIэ нагъыщэхэр хуагъэфэщащ гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ, спортым, медицинэм, экономикэм я лэжьакIуэ, къэрал къулыкъущIэ 40-м. «Дэтхэнэ нагъыщэри — ди хэкуэгъухэм я гуащIэдэкIым, я икърарым, Къэрэшей-Черкесым хуаIэ фIылъагъуныгъэм папщIэ яхуэтщI фIыщIэщ. СэркIэ щIыхьышхуэу щытащ ди хэгъуэгум, псоми фIыуэ тлъагъу ди Хэкум я зыужьыныгъэм махуэ къэс гуащIэ ин хуэзыгъэтIылъхэм сахъуэхъуныр, нагъыщэ лъагэхэр яхуэзгъэфэщэныр. ИкъукIэ гуапэщ нобэ мы пэшым къыщызэхуэсахэм зи Iуэхум хуэщыпкъэрэ илъэс куэд езытахэмрэ къинэмыщIауэ, абыхэм я гъэсэнхэри зэрахэтыр. Мыхьэнэшхуэ иIэщ апхуэдэ щIэблэ зэпыщIэныгъэм, аращ республикэм и къарур, и къэкIуэнур. Дэ тлъэкI тщIэн хуейщ ди щIалэгъуалэм щапхъэфI зытрахынхэр къабгъэдэтын, абыхэм далъагъу фIыгъуэхэр ипэкIэ ягъэкIуэтэн папщIэ, — социальнэ зэпыщIэныгъэхэм щитхащ КъЧР-м и Iэтащхьэм.
Зыгъэхьэзырар ТУАРШЫ Ирэщ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.