Я цIэхэр ди гум щопсэу

Лъэпкъ зэхуэмыдэхэр дызэрызыгъэубыд ТекIуэныгъэм и махуэщI лъапIэр къыщыблагъэм хуэкIуэу Хьэбэз районым хэкупсэ дауэдапщэ бжыгъэ щрагъэкIуэкIащ. Апхуэдэщ КуэшХьэблэ къуажэм дэт, Амирокъуэ Ибрэхьим и цIэр зезыхьэ гимназием щекIуэкIа Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэнри.

Гимназием и унафэщI Сэкий Уэзир дызэрыщигъэгъуэзащи, дауэдапщэр хуабжьу мыхьэнэшхуэ зиIэщ. АтIэ, зауэр 1941 гъэм щыщIидзэм къуажэм щыщу зауэлI фронтым зымыгъэкIуа унагъуэ щыIэу къыщIэкIынкъым. ЦIыхуи 141-рэ дэкIати, жагъуэ зэрыхъущи, 87-м къагъэзэжакъым. — Мис а къэзымыгъэзэжахэм, Хэку зауэшхуэм щыгъуэ зи псэ зытахэм папщIэ дяпэкIэ щыIахэм ди еджапIэм и пщIантIэм обелиск щащIауэ щытащ. Абы щIалэхэм я цIэхэр тедзащ икIи сыным и къалэн нэхъыщхьэр — лIыхъужьу, псэемыблэжу зауэм Iута, зи Хэкур зыхъума ди къуажэгъухэм я фэеплъыр зэи мыужьыхынращ, абыхэм мамырыгъэм, щхьэхуитыныгъэм щIата уасэм и инагъэр къыдгурыIуэнращ. НобэкIэ дэ ди къалэн пажэр ди сабийхэм обелискым и мыхьэнэр, абы пыщIа хъыбархэр янэтхьэсынращи, ар догъэзащIэ, — жиIащ Сэкий Уэзир.

ЖыIэпхъэщи, Куэш-Хьэблэ дэт обелискым  жьащ. Гимназием и унафэщIым къеблэгъахэм обелискым и мыхьэнэри, абы пыщIа тхыдэри яхуиIуэтащ. — Нобэ дэ аргуэру мы хэкупсэ проектым ипкъ иту ди къэжыхьыныгъэр едгъэжьащ. Проектым хэт щIалэгъуалэр Ставропольем и ищхьэ еджапIэ зэхуэмыдэхэм къабгъэдэкIащ. ФIыщIэ фхуэсщIыну сыхуейщ сыт щыгъуи гуапэу, хуабэу дызэревгъэблагъэм папщIэ.

ДяпэкIи ди зэпыщIэр нэхъ быдэ хъуну догугъэ. Сыту жыпIэмэ, ди блэкIар, ди тхыдэр зэрызыщыдмыгъэгъупщэм къинэмыщIауэ, хэгъуэгу, лъэпкъ зэхуэмыдэхэр дызэрощIэ, псори зы къэралым дызэрыщыпсэур, зы блэкIа зэрыдиIэр нэхъри зыхыдощIэ мыпхуэдэ дауэдапщэхэм я IэмалкIэ, — жиIащ СКФУ-м щеджэ студентхэмрэ аспирантхэмрэ я Япэ Профсоюз зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Савенко Григорий. КъинэмыщIауэ, егъэджэныгъэмкIэ Урысейпсо Профсоюзым Ставрополь крайм щиIэ къудамэм къыбгъэдэкIыу гимназием и унафэщI Сэкий Уэзир ФIыщIэ тхылъ къыхуагъэфэщащ «Вахта памяти» автокъэжыхьыныгъэр екIуэкIынымкIэ хэлъхьэныгъэ зэрищIам папщIэ.

Адыгэм хьэщIэр и гуапэщи, Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр щызэфIэкIым, ахэр Iэнэ зэтетхэм ирагъэблэгъащ, зрагъэгъэпсэхури, адэкIэ я хэкупсэ гъуэгум трагъэхьэжащ.


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *