УзэщIыныгъэ проектым къыхашэу

«Большой этнографический диктант» Урысейпсо узэщӏыныгъэ акцэр илъэс е 10-нэ хъуауэ «Народы России и СНГ» лъэпкъыбэ фестивалым ипкъ иту йокIуэкI. Ди хэгъуэгум ар къыщызэрагъэпэщащ утыкуищым: Черкесск къалэм дэт Байчоровэ М. и цIэр зезыхьэ тхыдэ-щэнхабзэ музей-къуэдымэзым, Алиев У. и цIэр зезыхьэ Къэрэшей-Черкес къэрал университетым, Арэшыкъуэ Р. и цӏэр зезыхьэ Хьэбэз курыт еджапӏэм.

Иужьрейм ӏуэрытхыр щатхащ КъЧР-м и «Адыгэ Хасэм» и тхьэмадэ, ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и депутат Аслъэнхэ Алий, «Черкес хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэ Абидокъуэ Люсанэ, Адыгэ Купсэ фондым и лӏыкӏуэ Балэ Мурат, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм къабгъэдэкӏахэм, районым и егъэджакӏуэхэм, еджакӏуэхэм. Хьэбэз еджапIэм махуэщI дахэу къызэригъэпэщащ щIэныгъэ Iуэхугъуэр.

ХьэщIэхэм къапежьащ лъэпкъ фащэ дахэхэр екIужу зыщыгъ, этноклассым щеджэ ныбжьыщIэхэр, адыгэ къафэ дахэр утыкум къыщащIащ еджапIэм и къэфакIуэ гупым. Республикэм щекӏуэкӏ этнографие Ӏуэрытхым лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэр нэхъри гъэбыдэным, щэнхабзэ мыхьэнэшхуэ зэриIэм къытепсэлъыхьащ Аслъэнхэ Алий.

— Урысейр куэду зэхэт къэралыгъуэщ икIи абы щызэдопсэу лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэд дыдэ. Абы къыхэкIыу щхьэж и тхыдэрэ щэнхабзэрэ зэрищIэжым хуэдэу, ди къэралым щыпсэу лъэпкъхэм я хабзэхэм дыщыгъуазэу дыщытыпхъэщ — ар лъэпкъхэр зэкъуэт дызыщI Iуэхущ, — къыхигъэщащ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм.

Илъэс къэс ирагъэкӏуэкӏ акцэм и мурад нэхъыщхьэр — урысей лъэпкъхэм я щэнхабзэм и къулеягъым гулъытэ хуегъэщӏынращ. Япэ дыдэ мы Iуэхугъуэр къыщызэрагъэпэщащ Удмурт Республикэм, къэралым и хэгъуэгухэр жыджэру абы къыхыхьэурэ, «Этнографическэ диктант»-м и мыхьэнэри хэхъуащ.

НобэкIэ ди хэгъуэгум абы жыджэру къыхохьэ еджакIуэхэр, къулыкъущIэхэр, щIэныгъэрылажьэхэр, жылагъуэ IуэхущIакIуэхэр. Ди республикэм деж акцэр зи жэрдэмыр КъЧР-м лъэпкъ ӏуэхухэмкӏэ, цӏыхубэ коммуникацэхэмрэ печатымрэкӏэ Министерствэращ.

Мы илъэсым проектым и гъэзэщӏакӏуэр «Смысловой центр» ӏуэхущӏапӏэращ. Республикэм япэ дыдэ этнокласс къыщызэзыгъэпэща Шэрджэс Расьят и нэӏэм щӏэту ӏуэрытхыр екӏуэкӏащ, езым иригъаджэ ныбжьыщlэхэри ӏуэхум къыхишащ. Этноклассыр къызэрызэрагъэпэщам, абы фIагъыу къыпэкIуам, районым и унафэщӏым, Адыгэ Хасэми а жэрдэмыр къыдаIыгъыу нэгъуэщӏ къуажэ еджапIэхэми къыщызэрагъэпэщамкIэ къызэхуэсахэм ядэгуэшащ.

Абыи утыку къришащ этноклассыр къызэIухынымкIэ, лэжьыгъэр гъэкIуэтэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу къыхуэхъуахэу Адышэс Iэзэмэт, Шэрджэс Iэминат, ЛIымаху СэIихьэт сымэ.

Этнографие Iуэрытхым и гъэзэщIакIуэ «Смысловой центр»-м и унафэщI Карабашевэ Неля къызэхуэсахэм захуигъазэкIэрэ къыхигъэщащ Iуэрытхым и мыхьэнэр илъэс къэси нэхъ лъагэ зэрыхъур.

— Дэтхэнэми Iэмал иIэщ и щIэныгъэр здынэсыр къихутэжыну, апхуэдэуи си фIэщ мэхъу щIэ куэди мыбдеж къызэрыщыфцIыхунур. Гу зэрылъыттэщи, гъэ къэс мыпхуэдэ Iуэрытхым хэтыну хуейхэм я бжыгъэм хохъуэ, дяпэкIи абы и мыхьэнэри нэхъри зыхащIэу, си гугъэщ, нэхъыбэ зэрыхъунур. Си фIэщ мэхъу, ди къэкIуэнум лъабжьэ быдэ езыт, Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэм, я щыӏэкӏэ-псэукӏэм щыгъуазэ зыщӏ узэщӏыныгъэ проект лъэщу зэрыщытыр, — жиIащ Неля.

Этнографие Iуэрытхыр къапщытэжынущ Конституцэм и Махуэм — дыгъэгъазэм (декабрым) и 12-м. НобэкIэ ар зытхахэм хуагъэфэщащ сертификатхэр.

 АСЛЪЭНЫКЪУЭ Мадинэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *