Унагъуэ лъапIагъэхэр зыхъумэ

ХЬЭБЭЗ районым щыщ, бын куэд зиIэ Къумыкъухэ я унагъуэм Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир и УнафэкIэ къэрал нагъыщэ лъагэр къыхуагъэфэщащ, унагъуэ институтыр гъэбыдэнымрэ сабийхэр гъэсэнымрэ хуащI хэлъхьэныгъэшхуэм папщIэ.

Абыхэм я цIэр къраIуащ «Родительская слава» орденым и медаль лъапIэмкIэ. «Дызэдопсэу дяку дэлъ фIылъагъуныгъэр, пщIэ зэхуэщIыныгъэр тхъумэу, дэ сытри тхузэфIэкIынущ, дыунагъуэщи!» — апхуэдэ къыхуеджэныгъэм щIэту зэдопсэу, я бын зэдапI, я гуащIэ къэралым, республикэм хуагъэтIылъ  Къумыкъухэ Азэмэтрэ Ларисэрэ я унагъуэ насыпыфIэм.

Апхуэдэ анэ-адэфIым я нэIэм, я щапхъэм, щIыхь зыхэлъ я дуней тетыкIэм щIэту къагъэтэдж я бын хъарзыниплIри — Ланэ, Жаннэ, Ашэмэз, Камилэ сымэ.

Къумыкъухэ я унагъуэр зэрыбыныбэми къыщымынэу, ахэр  зэгурыIуэрэ зэдэIуэж, сыт хуэдэ къалэнри зэдэзыгъэкIуатэ, фIыщэу зэрылъагъу гуп дахэщ. Мы унагъуэм и нэхъыжьхэм быныр хуагъасэ щытыкIэ нэхъыщхьэ дыдэхэм: хабзэм тету къадекIуэкI унагъуэ щIэин лъапIэхэм, нэхъыжьым пщIэ хуэщIыным, узыщалъхуа щIыналъэр фIыуэ плъагъуным, гуащIэдэкIым пэIэщIэ зумыщIыным, щIым телэжьэныр фIыуэ лъагъуным, лъэпкъ куэд зыщыпсэу я Хэкум и щэнхабзэ къулейм иригушхуэным.

КъызэрымыкIуэу уасэшхуэ хуащIу яхъумэ мы унагъуэм тхыдэ щIэин лъапIэхэр, хэкупсагъэ-kъэпкъыпсагъэр, Хэку-анэр фIыуэ лъагъунымрэ пщIэ хуэщIынымрэ. «Защитники Отечества» фондым и къудамэм щылажьэ адэм и щапхъэм быныр хуегъасэ узыщалъхуа къэралым и хьэлэмэтхэр хъумэным, пщIэ хуэщIыным, ар зыхъумэхэм я лIыгъэм уригушхуэным, Урысейм узэрыщыпсэур, абы и цIыхуу узэрыщытыр бгъэщыпкъэным. «Родительская слава» орденым и медалыр — къэрал нагъыщэ закъуэ мыхъуу, ар и нагъыщэщ унагъуэхэм къадекIуэкI хабзэ уасэншэхэр зэрагъэщыпкъэм, ахэр зэрыпсэум, зэращымыгъупщэм, жылагъуэр гъэбыдэным ахэр зэрыхапщэм.

Къумыкъухэ я унагъуэр апхуэдэхэм я щапхъэ нэсщ. Егъэлеиныгъэ хэслъхьэкъым, ауэ апхуэдэ унагъуэхэращ Урысейм лъабжьэ хуэхъур.

Сахуохъуахъуэ си хэкуэгъухэм яхуэфащэ дыдэу я цIэр къызэрыраIуа къэрал нагъыщэ инымкIэ!

Щапхъэгъэлъагъуэ унагъуэр насыпрэ зэIузэпэщыныгъэрэ щимыгъащIэкIэ! «Тхьэм фигъэпсэу щIалэгъуалэм явгъэлъагъу, зыщIэфпIыкI щапхъэфIхэм папщIэ! Фэ фогъасэ пэжагъыр зыгъэнэхъыщхьэ, хабзэфIхэр зымыгъэкIуэд, къэралыр зэрыгушхуэ щIэблэ.

АбыкIи хэлъхьэныгъэшхуэ хувощI Урысейм и къэкIуэнум!» — унагъуэм яхъуэхъуащ Къэрэшей-Черкес Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид.

Шэчыншэу, Къумыкъухэ я унагъуэм Хьэбэз районми, республикэм дежи я пщIэр щылъагэщ. Унагъуэм щызекIуэ хабзэ дахэхэращ лъабжьэ яхуэхъур быным я гъэсэныгъэм, езы унагъуэр щапхъэгъэлъагъуэу ялъытэным. АбыхэмкIи ехъулIащ мы бын насыпыфIэр.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, «Родительская слава» орденым и медалыр  — къэрал нагъыщэ нэхъ лъапIэ дыдэхэм ящыщщ. Ар къагъэщIащ унагъуэ лъапIагъэхэр, хабзэфIхэр хъумэн, сабийхэм я гъэсэныгъэм хуащI хэлъхьэныгъэ къызэрымыкIуэр къэгъэлъэгъуэн папщIэ.

Апхуэдэ щапхъэхэр гъунэжу зэрабгъэдэлъращ Къумыкъухэ я унагъуэм щIыхь лъагэкIэ и цIэр къыщIраIуар, и пщIэр щIаIэтыр.

Дахуохъуахъуэ унагъуэ дахэм зэIузэпэщыныгъэкIэ, гуфIэгъуэрэ насыпрэ щымыщIэну!

АБИДОКЪУЭ Люсанэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *