Республикэм щыпсэухэм социальнэ дэӀэпыкъуныгъэ ятынымкӀэ лэжьыгъэр мэкӀуатэ. Псом хуэмыдэу гулъытэ зыхуащӀыр гъащӀэ щытыкӀэ гугъу хэхуа унагъуэхэращ. Социальнэ дэӀэпыкъуныгъэмкӀэ Ӏэмал зэмылӀэужьыгъуэхэм ящӀыгъуу, нэгъуэщӀ Ӏэмалхэри жыджэру къагъэсэбэп.
Апхуэдэхэм ящыщ зыщ 2024 гъэм и кӀэм «Надежда» республикэ социальнореабилитацэ купсэм къыщызэӀуаха, хэгъуэгумкӀэ япэ Унагъуэ МФЦ-р. Жэрдэмыр къызэрагъэпэщащ Урысейм гуащӀэдэкӀымкӀэ и Министерствэм и пилот проектым ипкъ иткӀэ, Урысейм и Президент Путин Владимир и унафэкӀэ.
Купсэр къагъэщӀащ сабий зиӀэ унагъуэхэм, гъащӀэ щытыкӀэ зэмылӀэужьыгъуэхэм хэхуахэм, абыхэм ящыщу унагъуэщӀэхэм, СВО-м хэтхэм, нэгъуэщӀхэм социальнэ Ӏуэхутхьэбзэхэр псынщӀэу яхузэфӀэгъэкӀын папщӀэ.
Лэжьыгъэр «зы щхьэгъубжэ» Ӏэмалым тету зэтегъэпсыхьащ — дэӀэпыкъуныгъэр ирагъэгъуэт езы цӀыхум, гъащӀэм и зыужьыкӀэр къыхалъытэкӀэрэ. Ӏуэхухэр псынщӀэу зэфӀэгъэкӀыным хуэунэтӀауэ властым и къулыкъухэм, фондхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэныр къызэрагъэпэщащ.
МФЦ-р зэрылажьэрэ абы зыкъыхуэзыгъэза унагъуэ 60-м нэблагъэм, псоми зыхуей чэнджэщыр иратащ, псалъэм папщӀэ, психологие дэӀэпыкъуныгъэ ягъуэтащ, къахуэзэ ахъшэхэр, пособэхэр зэрагъэпэщынымкӀэ, реабилитацэм хуэлажьэ техникэ Ӏэмэпсымэхэр зыӀэрагъыхьэнымкӀэ ядэӀэпыкъуащ. Унагъуи 6-м нэгъэсауэ ядэлэжьащ — абыхэм я Ӏуэхур ехъулӀэныгъэкӀэ зэфӀагъэкӀащ.
ГъащӀэ щытыкӀэ гугъу хэхуахэм жыджэру дэӀэпыкъуным Купсэм адэкӀи пещэ.
Унагъуэ МФЦ-м зыхуэбгъазэ хъунущ мыпхуэдэ адресымкӀэ: Черкесск къ., Октябрьскэ уэрам, 74, телефон номерыр: 8 (8782) 21-32-30. ПӀалъэншэу зыгуэр къэхъуамэ, жэщи махуи уздэпсэлъэну номерщ: 8 (928) 925-11-09
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.