Уи лIыгъэр си дамэщ! Къэбгъэна жыг лъабжьэм срикъудамэщ

«Уи махуэ фIыуэ, си дадэшхуэ! Мис, ноби сыкъыпхуэкIуащ услъагъуну, сигу укъэкIати. МахуитI хъуауэ дызэрылъэгъуакъым уэрэ сэрэ. Къысхуэгъэгъу,  сыхущIыхьакъым. Сэ нобэ хъыбар Iэджи къыпхуэсхьащ, адыгэ ныпым и махуэр дгъэлъэпIащ, къэхутакIуэ ныбжьыщIэхэм я зэпеуэм сыхэтащ, иджы ТекIуэныгъэм и Махуэм зыхудогъэхьэзыр.

Дадэ! Сэ къысщохъу щIыхь пхъэбгъум тет уи сурэтыр сыт щыгъуи къыскIэлъыплъу, сыщопсалъэкIэ зыхэпщIэу. УэркIэ согушхуэ, щхьэщэ пхузощI. Ди Хэкум бийр къыщытеуэм зауэ мафIэм зыхэбдзэри мамырыгъэр къытхуэпхьащ.

Си адэшхуэм куэдрэ уи гугъу къысхуещI. Си адэм уэ уи адэм и цIэр гушхуэу зэрехьэ. Уэ узыдэса пщIантIэр нэщIкъым, уи къуэрылъхухэр щызожэ, уи къуэм жепIэу щыта таурыхъхэр иджы дадэ дэ къыджеIэж. ЕджапIэм сыкъызэрыкIуэу, пIалъэ схуэхъуауэ, уи деж сыкъожэ, сэлам узох. Сэ къысщохъу апхуэдэ дакъикъэхэм уэ укъыскIэлъыплъу икIи сыгуфIэу классым сожэ. Дадэ, соплъ си фIэщу уи сурэтым. Ар сыт гъэщIэгъуэн, сэ къысщохъу укъызэIущащэу: «Амирэ цIыкIу, сэ сынасыпыфIэщ, фэ, сабийхэр, мамыру фожейри. Дэ дыщIэзэуар

фэращ, фэ мамыру фыпсэун щхьэкIэщ!» Си дадэшхуэ! ЖаIэж, уэ уIэгъэшхуэ птелъауэ, хьэзаб куэд уи нэгу щIэкIауэ. ИтIани удзыхакъым, зауэр икIэм нэсыху ухэтащ, ТекIуэныгъэр къэпхьри укъэкIуэжащ. ПщIэрэ, дадэ, сэ уэ сынощхьу жаIэ. Уэр пхуэдэу фIыуэ солъагъу си къуажэр, си адыгэбзэр, ныбжьэгъу си куэдщ. СфIэфIщ Инжыдж и макъым сыщIэдэIуну, адыгэ таурыхъхэр зэзгъэщIэну, адыгэш щыслъагъукIэ си гур хохъуэ.

Уэ бощIэ, дадэ, сэ ещанэ классым сыщоджэ, дерс щIынхэми зэман сфIехь, еджапIэ Iуэхухэми сыхэтщ. Сыщыхуэмызи щыIэщ уи деж сыкъэкIуэн, хъыбархэмкIэ сыбдэгуэшэн. Къысхуэгъэгъу, дадэ. Сэ уэ пхуэфащэу сыщытыным сыхущIокъу, «5» защIэкIэ соджэ,  зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэм сыхэтщ. Зэи сщыгъупщэкъым ди Хэкур бийм щызыхъума зауэлIхэр.

ФIыкIэ, дадэ! Сэ иджыри сыкъыпхуэкIуэнущ, хъыбар Iэджи къыпхуэсхьынущ. Уэ уи лIыгъэр, дадэ, сэ си дамэщ, къэбгъэна жыг лъабжьэм сэ срикъудамэщ. Сэ уэркIэ согушхуэ, си дадэшхуэ!» Сэ си дадэшхуэ ГунжафIэ Темыржан Мурат и къуэр,  ТекIуэныгъэр къытхуэзыхьахэм яхэта цIыху щыпкъэр, зэи си гум икIынукъым!

ГУНЖАФIЭ Амирэ, Урысейм и ЛIыхъужь Къардэн Уэхьид и цIэр зезыхьэ ПсэукIэ-Дахэ курыт еджапIэм е 3-нэ классым и еджакIуэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *