КъБР-м и Музыкэ театрым и уэрэджыIакIуэ Жабоевэ Замирэ лъэпкъкIэ балъкъэрщ, ауэ адыгэ фIэкIа умыщIэну ди бзэр ещIэ, уеблэмэ и къэпсэлъыкIэри апхуэдизкIэ къабзэщи, ди лъэпкъэгъухэм яхэбгъэгъуэщэфынущ. Абы, дауи, хъыбар щхьэхуэ иIэщи, нобэ фыщыдгъэгъуэзэнущ…
Замирэ Шэрэдж Ищхъэрэ районым хыхьэ Аушыджэр къуажэм къыщалъхуащ. Курыт еджапIэ нэужьым юрист хъуну щIэхъуэпсу хъыджэбзыр а IэщIагъэм илъэситIкIэ хуеджащ. АрщхьэкIэ зы махуэ гуэрым абы къыгурыIуащ уэрэд жыIэным и гъащIэр ирипхыну зэрыхуейр. Уемыплъауэ, къэпщIэнукъым, жыхуаIэращи, ар щIэтIысхьащ Ищхъэрэ Кавказым ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым.
Абы щеджэуи уэрэд купщIафIэхэр итхын, игъэзэщIэн щIидзащ. Ар къызэрехъулIэм и нэщэнэу, зэман дэкIа нэужь, Замирэ Ищхъэрэ Кавказым и артистхэм лъэIукIэ зыкъыхуагъазэурэ уэрэд яхуитх хъуащ. Мы зэманым ирихьэлIэу уэрэд 200-м нэблагъэ абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ. Замирэ унагъуэ дахэ диухуащ, и цIэрыIуагъкIэ мынэхъ мащIэу, республикэм фIыуэ щалъагъу Хъусин Анзор (Бахъсэн районым и Куба къуажэм щыщщ).
Адыгэ щIалэмрэ балъкъэр хъыджэбзымрэ Ищхъэрэ Кавказым ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым щызэдеджащ. Къапщтэмэ, и утыку итыкIэкIэ Анзор еджапIэм щIэсу къацIыхуагъэххэт, «Амикс» уэрэджыIакIуэ гупым хэтурэ. ИлъэсипщI хуэдизкIэ зэрыцIыхуауэ итIанэщ абыхэм унагъуэ щащIар. Я мурадыр лъэныкъуитIымкIи къыщыдаIыгъащ.
Дауэ къыдамыIыгъынрэт, Замири ар къыщыхъуа и унагъуэми адыгэбзэр хуиту ягъэшэрыуэрт. АтIэ сытыт къызыхэкIар гъунэгъу лъэпкъым я бзэр уэрсэру ящIэныр?! Ар тфIэгъэщIэгъуэну упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ уэрэджыIакIуэ бзылъхугъэм.
— Хэкум къагъэзэжа нэужь, ди адэм и адэ-анэр Аушыджэр къуажэм къыщызэтеувыIауэ щытащ. Гъунэгъу псори адыгэт — занщIэу зэхущытыкIэфIхэр я зэхуаку къыдэхъуащ. Хэбгъэзыхьмэ, аращ адыгэбзэр тщIэным и къежьапIэ хъуар. Си адэ-анэр унэм щызо псалъэ адыгэбзэкIи балъкъэрыбзэкIи. Дэ зэшыпхъуитху дыхъуу дыкъэхъуащ, сощIэж, ди адэшхуэ-анэшхуэхэм я деж (си анэм и лъэныкъуэкIэ) Кичмалкэ къуажэм дагъакIуэу зэрыщытар, балъкъэрыбзэр зэдгъэщIэну. Ауэ, зэрыхъурати, езыхэм адыгэбзэ ядгъащIэурэ дыкъэкIуэжырт. А зэманым лъапIэныгъэ щыIахэр нэгъуэщIт — адэ-анэм я жыIэр хабзэ пыухыкIат, лъэпкъ фIыгъуэхэми пщIэрэ щIыхьрэ нэхъ яIэт.
— Замирэ, иджы уэ езыр унагъуэшхуэ ухъужащ — сабиих фопI. Фи бынхэм сыт хуэдэ бзэра нэхъ ягъэшэрыуэр?
— Унагъуэм адыгэбзэкIэ нэхъыбэрэ дыщопсалъэ, ауэ сэ езым сощIэ ди анэр балъкъэрыбзэкIэ къыдэмыпсалъэмэ, ар тIэщIэхужыпэнкIи хъуну зэрыщытар. Абы къыхэкIыу, балъкъэрыбзэри зэраIурыслъхьэным сыхущIокъу. Нэхъ гугъур дэтхэнэра жыпIэмэ, пэжыр жысIэнщи, зэщхьэщыкIыныгъэ щIагъуэ иIэу си щхьэкIэ зыхэсщIакъым ауэ ар бзэм срипсалъэу сыкъызэрыхъуар арагъэнщ зэлъытар.
Уеблэмэ «адыгэ акцент» сиIэу пхужыIэнущ. Уегупсысмэ, балъкъэрыбзэр нэхъ тыншщ. Ауэ, къызэрыхэзгъэщащи, сабийхэм адыгэбзэр нэхъ къащтащ. Си щхьэгъусэри сэри дыхущIокъу ди нэхъыжьхэм къытхалъхьа хьэл-щэн нэхъыфIхэр ди щIэблэм зэрабгъэдэтлъхьэнум. Сэ сыт щыгъуи унагъуэшхуэм сехъуапсэу щытащ, дэ езым хуэдэу куэд дыхъуу, дызэгурыIуэ-дызэдэIуэжу. Ди унагъуэм щынэхъыщхьэщ нэхъыжьым пщIэ хуэщIынымрэ адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ я хабзэхэр къэлъытэнымрэ. Сабийхэр иджыпсту куэдым дехьэх зэрызаужьыным и лъэныкъуэкIэ — щIалэ нэхъыжьитIыр футболистщ, хъыджэбз цIыкIухэм псори яфIэгъэщIэгъуэнщ — дэным къыщыщIэдзауэ къафэхэмрэ гимнастикэмрэ щыщIэкIыжу. НэхъыщIитIыр иджыри цIыкIуIуэщ, зыхуейр къагурыIуэн хуэдэу.
— ЗэрытщIэщи, Анзор рэ уэрэ зэгъусэуи уэрэдхэр жывоIэ. «Насып гъуэгу», «Дыщэ Iэлъын», «Си нэ дахэ», «Дызэрызу» — зым нэхърэ адрейр нэхъ дахэщ. Ахэр хэт зи IэдакъэщIэкIыр?
— Зэгъусэу адыгэбзэкIи балъкъэрыбзэкIи уэрэдхэр догъэзащIэ. Зи цIэ къипIуахэри сэ стхыжащ.
— Ди зэманым унагъуэм зэгурыIуэ илърэ насыпыфIэу щытыным щэху гуэрхэр хэлъ?
— Уи унагъуэр нэгъуэщIым иумыгъапщэу, Интернетхэм щагъэлъагъуэ «трендхэм» уакIэлъымыжэу, унагъуэ бухуэным жэуаплыгъэшхуэ зэрыпылъыр къыбгурыIуэу упсэуныр иджыпсту насыпышхуэу жыпIэ хъунущ. Интернетым дахэу щагъэлъагъуэ зэхущытыкIэхэмрэ зэщхьэгъусэхэм я зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэр къызэрагъэлъагъуэ щIыкIэмрэ цIыхухэр, ди жагъуэ зэрыхъунщи, егъэжакъуэ. Езыхэми апхуэдэу къахущытыпхъэу ягъэув, ауэ а зэхущытыкIэхэм лэжьыгъэшхуэ ехьэлIэн зэрыхуейр ящогъупщэ. Сэ сызэреплъымкIэ, унагъуэм исхэм щхьэж и Iуэху зэрихуэжу щымыту, зэгъусэу я къэкIуэнум щегугъурщ псори къащехъулIэр. …Анзоррэ Замирэрэ я унагъуэ дахэр, шэч хэмылъу, щапхъэ зытрахщ. Зэщхьэгъусэхэм я бынхэр ящIыгъууи утыку къохьэ, республикэм щекIуэкI Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм зэпымыууэ ирагъэблагъэ. Къыхэгъэщыпхъэщ, Хъусинхэ нэгъабэ зэрыщагъэлъэпIар Налшык къалэм щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ и Купсэм зэмылъэпкъэгъухэм я унагъуэхэм теухуауэ къыщызэрагъэпэща зэхыхьэр. ЗэIузэпэщу, лъэпкъитIым я фIыгъуэхэр яхъумэу, щIэблэ хэкупсэ къагъэхъуу унагъуэр къэгъуэгурыкIуэну ди гуапэщ.
БАГЪЭТЫР Луизэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.