Черкесск къалэм дэт Сурэт галереем Адыгэ Республикэм и Лъэпкъ музейм гъатхэпэм и 6-м къыщызэІуихащ «Черкешенка. Гармония, изящество и стиль» гъэлъэгъуэныгъэр. Экспозицэм хэтщ куэдрэ узримыхьэлІэ дыщэкІ (ювелирнэ) хьэпшыпхэр, унэлъащІэ хьэпшыпхэмрэ сурэтхэмрэ, щыгъынхэр, чысэхэр, жьыхухэр, ІэлъэщІхэр… Дэтхэнэри теухуащ адыгэ лъэпкъым и тхыдэмрэ и щэнхабзэмрэ.
Гъэлъэгъуэныгъэр икъукІэ купщІафІэщ икІи ІыхьитІу гуэшащ. Археологием теухуа гъэлъэгъуапІэ плІанэпэр гъэнщІащ ижь-ижьыжым бзылъхугъэм къыдекІуэкІа, зэрыІэбэу щыта хьэпшыпхэмрэ зэрызигъэщІэращІэу щыта дыщэкІхэмрэкІэ. Бзылъхугъэр сыт щыгъуи, а зэман жыжьэми и теплъэм елІалІэу, зигъэдэхэным, зэрыбзылъхугъэр къыхигъэщыным егупсысу зэрыщытар къаІуатэ а экспонатхэм. Этнографическэ плІанэпэм дыхешэ лІыщІыгъуэ-лІыщІыгъуэкІэрэ, пІалъэ-пІалъэкІэрэ адыгэ бзылъхугъэм и къекІуэкІыкІам, псэукІэрэ гъащІэу иІам, дегъэлъагъу зэрызихуапэу щыта щыгъынхэр. ГъэщІэгъуэнкъэ: ахэр я теплъэкІэ, я зэхэлъыкІэкІэ зэщхьэщокІ бзылъхугъэм и сабиигъуэм, щІалэгъуэм, нысашэм, унагъуэ ихьа нэужь зэрихьэу зэрыщытам тещІыхьауэ. Къыхэгъэщыпхъэщи, мызыгъуэгурей гъэлъэгъуэныгъэр къызэрымыкІуэщ. АтІэ, ипэкІэ щымыІауэ, япэ дыдэу, зы утыку ихьэгъуэкІэ ягъэлъагъуэ музей экспозицэ зэхуэмыдэхэр: дыщэкІхэр, унагъуэкІуэцІ хьэпшыпхэр, дыщэидэр, ІэрыщІ хьэпшыпхэр, щыгъынхэр, бзылъхугъэм ехьэлІа нэгъуэщІ куэди. Мыпхуэдэ музей проект къызэрымыкІуэм и купщІэр тхыдэ фэеплъщ. Абы къыпэкІуэу — Адыгэ Республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэм, хабзэм, тхыдэм, дину зэрахьэм пщІэ хуегъэщІын, хэкупсагъэр къэгъэушыныр и лъабжьэу дин, лъэпкъ зэгурыІуэныгъэр, зэпыщІэныгъэр гъэбэгъуэн, ХэкумкІэ, лъахэмкІэ гушхуэныгъэм зегъэужьын.








Гъэлъэгъуэныгъэр щхьэпэнущ апхуэдэ мурад хэр гъащІэм хэпща хъуным, хэгъуэгум щыпсэухэм яку лъэпкъ зэгурыІуэныгъэ, зэхэщІыкІыныгъэ дэлъыным. ЖыІэпхъэщи, Адыгэ Республикэм и музейм мыр и етІуанэ къеблэгъэгъуэщ ди республикэм. Япэ къэкIуэгъуэм дыхагъэплъауэ щытащ адыгэ цІыхухъум, адыгэ зауэлІым и шыфэлІыфэм, и зауэ гъуэгуанэм, и дуней тетыкІам. Мызыгъуэгум, гъатхэпэм и 8-м, Бзылъхугъэхэм я Дунейпсо Махуэм и щІыхькІэ, гъэлъэгъуэныгъэр цІыхубзым траухуащ. Лъэпкъзэпх, хэгъуэгухэр гъуазджэкІэ, щІэнхабзэкІэ зэхъуэжэным и Іэмал хъарзынэу гъэлъэгъуэныгъэр зэрыщытыр къэпсэлъа дэтхэнэми къыхигъэщащ. Плъагъум хуэдэ щыІэкъым жыхуиІэращи, псалъэкІэ пхуэІуэтэнукъым гъэлъэгъуэныгъэ утыкум кърахьа псори. Экспонатхэм ныбжьышхуэ яІэщ, къызэрымыкІуэщ. Апщыгъуэми, умыгъэщІэгъуэну Іэмал имыІэу, я теплъэкІэ, я щытыкІэкІэ «ухуейми нобэ зыфІэлъхьи зехьэ» жыхуэпІэну дыщэкІхэр, хъуржын, жьыху, щыгъын жыпІэми, псори хъума хъуащ. Ди гупсысэм и щыхьэту, гъуазджэхэмкІэ колледжым и студент пщащэ цІыкІуитІым я псалъэмакъыр къыдоубыд. «Еплъыт мы Іэпщэхъум. «Пандорэ» Іэпщэхъум ещхьщ, ауэ мыр пасэрей хьэпшыпщи, дахащэщ. Алыхь дыдэ, мыр сиІатэмэ, зыфІэзмыхынт…» — зоІущащэ пщащэхэр. Мыр гъатхэпэм (мартым) и 24-м нэгъунэ щыІэнущ. Езыр бзылъхугъэхэм я Дунейпсо Махуэм теухуащи, гъатхэпэм и 8-м хэт хуейми, гупуи, щхьэзакъуэуи, класскІэри кІуэфынущ, пщІэншэу зыщаплъыхьыфынущ. Пушкинскэ картэ еджакІуэхэм яІэщи, абыкІи пщІэншэу гъэлъэгъуэныгъэм зыщаплъыхьыфынущ. Билет уасэр мащІэ дыдэщ, сом 60-щ, еплъыну хуейм ар къытехьэлъэнукъым. Гупу, класскІэ кІуэнумэ, къызэгъэпэщакIуэхэм хъыбар ирагъащІэ, еблэгъэфынущ. Зэплъыни, дерс къызыхахыни щагъуэтынущ.
ТУАРШЫ Ирэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.